Профессор цIэрыIуэм и щапхъэ
2019-05-28
- КъБКъУ-м и профессор, биологие щIэныгъэхэм я доктор Дзу Руслан и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 70 ирикъуащ. Илъэс 55-м нэсауэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щолажьэ щIэныгъэлIыр. Кавказ къуршхэм я биологие, ландшафт зэхэлъыкIэр хъумэным теухуауэ абы ищIа къэхутэныгъэхэр ди зэманым щIэныгъэрылажьэхэм мыхьэнэ нэхъыбэ зиIэхэм ящыщу къалъытэхэм щыщщ.
- Дзу Руслан и адэ Исмэхьили, и адэ къуэшиплIми лIыхъужьыгъэ зэрахьэу Хэку зауэшхуэм хэтри къагъэзэжат. Нэхъыжьым и щапхъэр нэхъыщIэм и бзыпхъэщ жаIакъэ. УIэгъэ зыбжанэ телъу къэзыгъэзэжа адэм дэIэпыкъуну, и шыпхъу нэхъыщIиплIымрэ и къуэш нэхъыщIэмрэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуну зи пщэ къыдэхуэр бынхэм я нэхъыжь Руслант. Ар пасэу къызыгурыIуа сабийр илъэсихым иту арат шыгур зэщIищIэурэ и адэм щIыгъуу губгъуэм щыдэкIым.
- — ИлъэсипщI ныбжьым ситу щIэздзэри, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ къэс колхозым сыщылэжьащ. СхуэщIэр сщIэрт: е сышыщхьэтест, е мэкъу Iузыхыжхэм сызыдагъэIэпыкъурт, — игу къегъэкIыж Дзум.
- Руслан и адэ-анэр щIэхъуэпсырт я бынхэм щIэныгъэ ирагъэгъуэтыну. Сэрмакъ курыт еджапIэр къыщиухри, Руслан КъБКъУ-м химиемрэ биологиемрэ щрагъэдж и къудамэм щIэтIысхьащ.
- Дзу Руслан щIэныгъэм хуэпабгъэрт икIи егугъурт. Апхуэдэу, еджэныр фIыуэ къызэхъулIэ щIалэ губзыгъэм гу лъатэри, япэ курсым къыщыщIэдзауэ абы и пщэ далъхьащ кафедрэм и лэжьакIуэ IэнатIэри. Апхуэдэу еджэнымрэ лэжьыгъэмрэ зэдихьурэ, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъхэу Тембот Аслъэнбий, Молэмусэ Хьэжмурат, КIэрэф Майе сымэ я нэIэ щIэта щIалэм 1972 гъэм университетыр къиухащ и гъащIэр а унэтIыныгъэм зэрырипхынум шэч къытримыхьэу. ИлъэсиплI дэкIри, Дзум Тембот Аслъэнбий и унафэщIу и кандидат лэжьыгъэм иужь ихьащ. Диссертацэр нэхъри купщIафIэ хъун папщIэ ар щIэныгъэ-къэхутакIуэ экспедицэ зыбжанэм жыджэру хэлэжьыхьащ, икIи абыхэм кърикIуахэр зэхуихьэсыжри, 1982 гъэм и кандидат лэжьыгъэр щыпхигъэкIащ СССР-м ЩIэныгъэмкIэ и академием къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ я экологиемкIэ Свердловск къалэм и институту дэтам.
- Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхум къыдэкIуэу, Дзум къыкIэлъыкIуэ илъэсхэми зэпигъэуакъым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэр, уеблэмэ ахэр щригъэкIуэкI щIыпIэхэм нэхъри зригъэубгъуащ. Апхуэдэу, щIэныгъэлI емызэшыжым и доктор лэжьыгъэм къызэщIиубыдащ псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэу 2000-м нэс, Кавказым и щIыпIэ 800-м абыхэм щакIэлъыплъащ. И доктор диссертацэр абы утыку кърихьащ 1995 гъэм. Дзум зэхуихьэсахэр, зытетхыхьахэр щIэныгъэлIхэм гунэс ящыхъуащ икIи пщIэшхуэ иIэу ноби къагъэсэбэп.
- Зи IэщIагъэм хуэIэижь щIэныгъэлI Iэзэм илъэс 52-рэ хъуауэ университетым биологиемрэ гистологиемрэ щрегъэдж, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ студентхэм ядрегъэкIуэкI, илъэс 16-м нэблагъэкIэ кафедрэм и унафэщIу щытащ. Жэуаплыныгъэ зыхищIэу и IэнатIэм пэрытщ, гуп зыхэтми пщIэ лъагэ щиIэщ. Дзум и къалэмыпэм къыпыкIащ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд. Абыхэм я бжыгъэр 350-м нос. Абы и куэдщ и Iуэхум къыпызыщэхэри: Руслан и гъэсэну ныбжьыщIи 9-м я кандидат лэжьыгъэхэр пхагъэкIащ.
- Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI егъэджакIуэм мыхьэнэшхуэ зритыр щIэблэм щIэныгъэ куу яIэным и закъуэкъым, атIэ мыувыIэу зызыхъуэж зэманым хэпсэукIыфын щIэблэ гъэсэнырщ. А щIэблэм теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ щIэныгъэлIыр :
- — Гу зылъыстэращи, ди щIалэгъуалэм я нэхъыбэр губзыгъэщ, гъэсащ. Ауэ сызыгъэпIейтеи щыIэщ — ар иужьрей зэманым цIыкIуи ини зыщIэзыщта телефонхэм, компьютерхэм, интернетым еджапIэм щIэсхэм я дежкIэ зэраныгъэу хэлъырщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, студентхэм мымащIэу яхэтщ лекцэхэм щызэхахыр зымытхыжхэр,ахэр тхылъ къащтэу еджэжыркъым, экзаменым къыщыкIуэхэм деж бзаджагъэ хуекIуэну, жэуапыр телефонхэм кърахыну хуежьэхэм урохьэлIэ.
- Апхуэдэу, Совет Союзым щыIа егъэджэныгъэ системэр зэрыкIуэдыжар си жагъуэ мэхъу. Абы и Iэужьыр нобэрей гъащIэм хыболъагъуэ. Зэманым дыдекIун хуейщ жыдоIэри, жьыр докъутэри, щIэ гуэрхэр къыдогупсыс, ар гъащIэм къезэгъ-къемызэгъым демыплъу. Арауэ къыщIэкIынщ къэралыр щIыкIи псыкIи апхуэдизу хуэкъулейуэ, нэгъуэщI къэралхэм дакъыкIэрыхуу дыщIэпсэури.
- Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр зэзгъэщхьыращ: куэзыр ущыджэгукIэ щIэхуар къыпIэрыхьэмэ — утекIуащ. Апхуэдэу, тест щIыкIэу зэхэгъэува къэпщытэкIэм деж жэуап пэжым утехуэ-утемыхуэм елъытащ уи баллхэри. Иджырей ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ куу яIэу къэкIуэжыркъым университетым. Репетитор жыхуэтIэм зы унэтIыныгъэ гуэркIэ хэубыдыкIауэ зыхуигъэсар щIэныгъэ быдэ хъуркъым, зэман кIэщIым къриубыдэу абы къыхэнэжыр мащIэщ.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, школхэм яхь къалэнхэм ящыщу егъэджэныгъэм и закъуэщ къэнар, гъэсэныгъэ къалэныр щхьэщахащ. А IуэхугъуитIыр зэкIэрыпч мыхъунщ — сабий мыгъасэр пхуегъэджэнукъым.
- Дзу Руслан хьэлэлу зэрылажьэр гулъытэншэу къэнакъым. 2000 гъэм абы къыфIащащ «КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, КъБР-м и Парламентым, КъБКъУ-м я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ.
- Лэжьыгъэмрэ щIэныгъэмрэ къадэкIуэу, дэрэжэгъуэрэ гушхуэныгъэрэ къезыт ныбжьэгъуфIхэри иIэщ Дзу Руслан. Псом хуэмыдэу абы и дежкIэ лъапIэщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Нэхущ Заурбий, Шурдым Юрэ, Къэрмокъуэ Хьэмид сымэрэ езымрэ яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр, зыр адрейм щапхъэ хуэхъуу, зэрыжаIэу, я фIи я Iеи зэдагуэшу зэрызэдэгъуэгурыкIуэр.
- Унагъуэ дахи и щIыб къыдэтщ Руслан. Абырэ и щхьэгъусэмрэ къуищ зэдапIащ, гъащIэм гъуэгу пэж щытрагъэуващ. Бынхэри унагъуэ хъужауэ, къуэрылъхухэм ягъэгуфIэ анэшхуэ-адэшхуэр. Апхуэдэу, мылъкушхуэу къелъытэ абы и шыпхъуиплIымрэ и къуэш нэхъыщIэмрэ. «Абыхэм я гулъытэм дамэ къыптрегъакIэ, — жеIэ Руслан. — Ди нэхъыжьыфIхэу пщIэ зиIэу къекIуэкIахэм я напэ тедмыхыу дунейм дызэрытетыным дегупсысу дыпсэуащ, ябыхэм яхуэфащэу дыщытыным дыхущIэкъуащ».
- АдыгэлI нэсым хуэфэщэн гъащIэ екIу езыхьэкI нэхъыжьыфIым дапщэщи игъэнэхъыщхьэр цIыхугъэрщ, пэжыгъэрщ, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэщ. Руслан апхуэдэ фIыгъуэхэм щымыщIэу, узыншэу, къыщIэхъуэ щIэблэм иригушхуэу дунейм куэдрэ тетыну ди гуапэщ.
- ЩОДЖЭН Iэминат.