ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи зэфIэкIкIэ къыхэжаныкIахэр ягъэлъапIэ

2019-05-28

  • Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм ЦIыхубзхэм я советым къызэригъэпэщауэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Унагъуэм и дунейпсо махуэм хуэгъэпса пшыхь. Абы щагъэлъэпIащ Налшык дэс унагъуэ нэхъыфIхэм ящыщхэр, щагъэнэIуащ Бзылъхугъэхэм я къалэ зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэу хагъэхьахэр, «Налшык и бзылъхугъэ нэхъыфI-2018» цIэр зыфIащахэр.

  • Киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и пэIущIэ пэшышхуэм Эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ центрым, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм, и гъэсэнхэм джэгу щаублауэ къыщIыхьэ бзылъхугъэхэр абы хашэрти, я гукъыдэжыр нэхъри къаIэтырт.
  • Псори къызэхуэса нэужь, хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ пшыхьыр щекIуэкIыну пэшышхуэм. Абы и утыкур удз гъэгъахэмкIэ гъэщIэрэщIат, ЩIы хъурейм щыпсэу унагъуэхэм насып яIэну зэрызыхуагъазэ псалъэ гуапэхэр нэм къыщIидзэрт, экраным щыплъагъурт илъэс блэкIахэм гулъытэ зыхуащIа унагъуэхэм, бзылъхугъэхэм я сурэтхэр.
  • Пшыхьым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и Аппаратым, республикэм и Парламентым, министерствэхэм, Налшык къалэ администрацэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, щIыпIэ самоуправленэмкIэ Советым и депутатхэр, пщIэрэ щIыхьрэ зиIэ цIыху цIэрыIуэхэр.
  • ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ, Урысей Артиадэм и лауреат Даур Иринэ. Ар къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъуащ махуэшхуэмкIэ икIи утыкур хуит хуищIащ концертыр зыубла Балъкъыз Тимур. Абы къызэхуэсахэм папщIэ игъэзэщIащ «Адэ-анэм я лъапсэр» уэрэд дахэр.
  • КъыкIэлъыкIуэу Даурым псалъэ иритащ ЦIыхубзхэм я Налшык къалэ советым и пашэ Дыджэш Лидэ. Ар пшыхьым кърихьэлIахэм ехъуэхъуащ Унагъуэм и дунейпсо махуэмкIэ, къыхигъэщащ унагъуэр лъапIэныгъэ псоми я щIэдзапIэу зэрыщытыр.
  • — Унагъуэрщ къыщежьэр цIыхухэм яхэлъ хьэл дахэ псори: лъагъуныгъэри, пщIэри, нэмысри, гумащIагъри, пэжыгъэри. Фи унагъуэхэм зэгурыIуэрэ зэхэщIыкIрэ, хабзэрэ нэмысрэ илъу, ехъулIэныгъэр фи бэу, гъащIэм и IэфIыгъэ псори зыхэфщIэу фыпсэуну си гуапэщ, — жиIащ Дыджэшым.
  • Абы фIыщIэ яхуищIащ Налшык къалэ администрацэм, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэу «Каббалккнига» ООО-м и унафэщI Джатэжь Розэ, къа- лэм и сабий сад №5-м и уна- фэщI Азычэ Лидие, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ центрым и унафэщI Къуныжь ХьэIишэт, «Горец» ансамблым и унафэщI Жабо Анзор сымэ, пшыхь дахэр къызэгъэпэщынымкIэ къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ.
  • Iуэху гуапэм щIидзэри, утыкум кърагъэблэгъащ «Унагъуэ зэгурыIуэ — ехъулIэныгъэ зиIэ унагъуэ» зэпеуэм щытекIуахэр. А зэпеуэр хуэунэтIащ зэгурыIуэрэ зэхэ- щIыкIрэ яку дэлъу зэдэпсэу, зи сабийхэм еджэнымкIэ, лэжьэнымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи ехъулIэныгъэфI яIэу къекIуэкI зэщхьэгъусэхэр, унагъуэхэр гъэгушхуэным.
  • «Жылагъуэм хуэщхьэпэ цIыху» номинацэм щытекIуащ уна-гъуиплI:
  • Ахматовхэ Расулрэ абы и щхьэгъусэ Мадинэрэ я сабийхэр щIапIыкI адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я хабзэм, яхузэфIэкI къагъанэркъым бзитIри ирагъэщIэным теухуауэ. Расул сурэттехщ, Мадинэ филологие щIэныгъэхэм я кандидатщ, мы зэманым лингвист-эксперту мэлажьэ. Я сабиитхум щыр еджапIэ нэхъыщхьэхэм, я хъыджэбз нэхъыщIитIыр лицей №2-м щоджэ.
  • Кулюшинхэ АлександррэНатальерэ сабиитI зэдапIащ. Я къуэ Ярослав «Ай-Ти-Ви групп» ООО-м и къудамэм инженеру щолажьэ, япхъу Янэ школакIуэщ. Александр спорт-адаптивнэ школым и унафэщIщ, Наталье КъБКъУ-м экономикэмрэ туризмэм и менеджментымкIэ кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.
  • Тайсаевхэ Рустамрэ Iэсиятрэ сабииплI зэдапIри, щыр школакIуэщ, ахэр фIыуэ йоджэ, кружок зэмылIэужьыгъуэхэм ма-кIуэ. Зэщхьэгъусэхэр я IэщIа- гъэкIэ экономистщ. Рустам ИНАВТО-м и менеджерщ, Iэсият щрегъаджэ Къэбэрдей-Балъ-къэр сату-технологие колледжым. Ахэр я бынхэм я дежкIэ щапхъэщ лъэпкъ хабзэм зэрытетымкIэ, нэхъыжьхэм пщIэ зэ- рыхуащIымкIэ.
  • Фрийхэ Исхьэкърэ Iэсиятрэ сабиих япIащ. Я къуэ нэхъыжьыр геологщ, и адэм щIыгъуу Iуащхьэмахуэ районым щолажьэ, етIуанэ щIалэри балигъ хъуауэ мэлажьэ. Я къуэ нэхъыщIитIыр кадет школым щоджэ. Япхъухэм зыр КъБКъУ-м и студентщ, адрейр школакIуэщ.
  • «Бизнесымрэ хьэрычэтыщIэм-рэ» номинацэм нэхъыфIу къыщалъытащ Мэкъуауэхэ СулътIанрэ Светланэрэ я унагъуэр. Зэщхьэгъусэхэр хьэрычэтIыщIэщ, Iэдииху жылагъуэр ерыскъыхэкIхэмрэ япэу зыхуеину хьэпшыпхэмкIэ къызэрагъэпэщ. Я сабийхэр школакIуэщ, ахэр хуагъасэ хабзэм, абы и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэ-хэм.
  • «Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэм дихьэххэр» жыхуиIэм щытекIуащ Бажэнхэ Альбертрэ ФатIимэтрэ. Абыхэм я къуэ нэхъыжьитIыр макъамэ школым егъэджакIуэу щолажьэ икIи СКГИ-м щоджэ. Адрей щIалитIыр школакIуэщ, сабийхэм я нэхъыщIэ хъыджэбз цIыкIур и школ кIуэгъуэ хъуакъым. Адэ-анэм яхузэфIэкI псори ящIэ я бынхэм я гур зыхуэпабгъэм куууэ хагъэгъуэзэным, заужьыным теухуауэ.
  • «Бзылъхугъэхэм я советым щIыхь зиIэу хэт» цIэр лъысащ 2001 гъэ лъандэрэ Налшык къалэм и ЦIыхубзхэм я советым хэт Баразовэ Хьэлимэт. Абы къыхуагъэфэщащ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр. Хьэлимэт псапэ зыпылъ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI: сабий сымаджэхэм ядоIэпыкъу, хущхъухэр къахуещэху, къыщеIэзэну клиникэм зэрыкIуэну гъуэгупщIэр яхует.
  • КъыкIэлъыкIуэу утыку кърашащ «Налшык и бзылъхугъэ нэхъыфI-2018» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщахэр.
  • «IэщIагъэм хуэIэижь» жыхуиIэм «Кабардино-Балкарская правда» гзетым и редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Конаревэ Натальерэ Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м педагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ и институтым и унафэщI Михайленкэ Ольгэрэ, «ГъащIэм жыджэру хэт» номинацэм Налшык къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Ногеровэ Танзиля, «Къэрал, муниципальнэ лэжьа-кIуэ жыджэр» жыхуиIэм Налшык къалэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Сэбаншы Валентинэ сымэ къыщыхэжаныкIауэ ягъэлъэпIащ.
  • «ГущIэгъу» номинацэм илъэ-сым и цIыхубз нэхъыфIу къыщалъытащ «Урысей Жор Плъыжь» жылагъуэ IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI, Урысей Жор Плъыжьым и фIыщIэ дамыгъэр зыхуагъэфэща Анчокъуэ Лидиерэ «ЕвроДент» ООО-м и унафэщI икIи стоматолог-ортопед, Налшык къалэ округым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым и депутат Бэчыжь Лянэрэ.
  • «Гъуазджэм хуэлажьэ» Iыхьэм щытекIуащ икIи илъэсым и цIы-хубз гуащIафIэхэм ящыщ хъуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Налшык къалэм и Сабий макъамэ школ №3-м и унафэщI (а къулыкъум ар пэ- рытщ илъэс 40 хъуауэ) ХьэIупэ Маритэ.
  • Пшыхь дахэм щагъэлъэпIащ 2018 гъэм «Бзылъхугъэхэм я гулъытэ» цIэр зыхуагъэфэща Темыркъан Юрий — Санкт-Петербург филармонием и художественнэ унафэщIыр, академическэ симфоние оркестрым и дирижёр нэхъыщхьэр. ПщIэрэ щIыхьрэ зиIэ цIыху цIэрыIуэм хуагъэфэща дипломымрэ саугъэтымрэ дызэрыгушхуэ ди лъахэгъум Iэригъэхьэжыну иратащ Темыркъан Геннадий.
  • Пшыхьым щагъэлъэпIахэм иратащ щIыхь тхылъхэр, дипломхэр, кубокхэр, саугъэт лъапIэхэр, удз гъэгъахэр, пэшышхуэм щIэсхэми гуфIэгъуэр даIыгъащ Iэгуауэ инкIэ.
  • ЗэIущIэр я уэрэдхэмкIэ, къафэ екIухэмкIэ ягъэдэхащ республикэм и артист цIэрыIуэхэу Даур Иринэ, Мамбэт Мадинэ, Дидан Анзор, «Группа-305» гупым, къызэхуэсахэр зэщIиIэтэрт Азычэ Лидие зи унафэщI сабий сад №5-м и гъэсэн цIыкIухэм, «Горец» къэфакIуэ гупым утыкур зэрагъэбжьыфIэм. Даур Иринэ игъэзэщIа «Миллион алых роз» уэрэдым дежьууащ пшыхьым кърихьэлIа- хэр.
  •  
  • УЭРДОКЪУЭ Женя.
  • Сурэтхэм: гуфIэгъуэ зэхыхьэр щекIуэкIым.
  • Тезыхар Холлаевэ Любэщ.