Нобэрэ пщэдейрэ
2019-05-28
- Накъыгъэм и 28, гъубж
- Гъунапкъэхъумэм и махуэщ. 1918 гъэм Ленин Владимир Iэ щIидзащ гъунапкъэхъумэ гупхэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. Япэу къызэрагъэпэщар Ищхъэрэ-КъухьэпIэ гъунапкъэхъумэ округырщ. Гъунапкъэхъумэм и махуэр ди гъусэу ягъэлъапIэ Белоруссиеми, Къыргъызми, Украинэми.
- Азербайджан Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
- Армение Республикэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — къэралыгъуэ щигъуэта махуэр егъэлъапIэ
- 1923 гъэм Адыгейм и профсоюзхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
- 1927 гъэм Совет Союзым и тыкуэнхэм къыщIалъхьащ маркэхэр зытет япэ конвертхэр.
- 1928 гъэм Мейкъуапэ къыщызэIуахащ Адыгейм и тхылъ тедзапIэр.
- 1938 гъэм СССР-м Мурманск областыр къыщызэрагъэпэщащ.
- 1987 гъэм Москва и Утыку плъыжьым деж къыщетIысэхащ ФРГ-м щыщ Руст Матиас и кхъухьлъатэр. А къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэр — СССР-м и гъунапкъэр апхуэдэу тыншу къызэрызэпаудыфар — дауи, лъэужьыншэ хъуакъым совет дзэ къулыкъущIэхэм я дежкIэ. Я къулыкъухэм трагъэкIауэ щытащ къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Соколов Сергей, ПВО дзэхэм я командующэ нэхъыщхьэ Колдунов Александр, нэгъуэщI офицер 300-ми къуэды зэмылIэужьыгъуэхэр тралъхьат.
- 1997 гъэм УФ-мрэ Украинэмрэ Киев Iэ щытрадзащ Тенджыз ФIыцIэ флотыр зэрагуэшыну щIыкIэм теухуа унафэм.
- Киноактёр, КъБР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Молей Барэсбий и ныбжьыр илъэс 89-рэ ирокъу.
- АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-ми УФ-ми я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым и цIэр зезыхьэ, ДАХ-м я саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм и Гимныр зытха, Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 89-рэ ирокъу.
- КъБР-м щыщ жылагъуэ лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ Джэрыджэ Хьэсэн и ныбжьыр илъэс 69-рэ ирокъу.
- Урысей актёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Панин Андрей къызэралъхурэ илъэс 57-рэ ирокъу.
- Совет фигуристкэ цIэрыIуэ, Европэ, дунейпсо зэпеуэ куэдым бжьыпэр мызэ-мытIэу щызыубыда, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ я чемпионкэ хъуа Гордеевэ Екатеринэ и ныбжьыр илъэс 48-рэ ирокъу.
- Урысей актрисэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Мироновэ Марие и ныбжьыр илъэс 46-рэ ирокъу.
- Урысей гимнаст цIэрыIуэ, Олимп Джэгухэм плIэнейрэ я чемпион Немов Алексей и ныбжьыр илъэс 43-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 25-рэ, жэщым градус 13 — 15 щыхъунущ.
- Накъыгъэм и 29, бэрэжьей
- ООН-м и мамырщIэкъу къарухэм я дунейпсо махуэщ
- Дзэ автомобилистым и махуэщ. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ 2000 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ.
- ГъущI зэпызыгъавэм и махуэщ
- Урысейм и таможнэ къулыкъум и ветеранхэм я махуэщ
- Къыргъызстаным IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я махуэщ
- 1903 гъэм Петербург къыщызэIуахащ Нева псым тралъхьа Троицкэ лъэмыжыр.
- 1953 гъэм ЩIым и къурш нэхъ лъагэ дыдэм — Джомолунгмэ — и щыгум япэу дэкIащ Новэ Зеландием щыщ Хиллари Эдмундрэ абы и дэIэпыкъуэгъу Тенцинг Норгейрэ.
- 1990 гъэм Ельцин Борис РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу хахащ.
- США-м и 35-нэ президент Кеннеди Джон къызэралъхурэ илъэси 102-рэ ирокъу.
- Литературовед, критик цIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и вице-президент, Къэрэшей-Шэрджэсым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бэчыжь Лейла къыщалъхуа махуэщ.
- УФ-м и цIыхубэ артист Абдулов Александр къызэралъхурэ илъэс 66-рэ ирокъу.
- Шэрджэс усакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, хэхэс адыгэхэм я литературэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Абдокъуэ Маринэ къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 27-рэ, жэщым градус 15 — 18 щыхъунущ.