ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Адыгэ псалъэ» газетым и япэ номерыр къызэрыдэкIрэ илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу

2019-05-28

  • ЩIалэгъуалэм ди ущиякIуэт
  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиуха нэужь, Бекъул Токъан егъэджакIуэу Сыбырым, Шэшэн-Ингушым илъэс зыбжанэкIэ щылэжьащ.

  • Бекъул Токъан

    Ауэ Токъан и гур нэхъ зэтар журналистикэрати, республикэм къигъэзэжа нэужь, Шэджэм щIыналъэм къыщыдэкI «Красное знамя» газетым корреспонденту мэув 1967 гъэм. Зэман докIри, ар мэкъумэш къудамэм и унафэщI, иужькIэ редакторым и къуэдзэ мэхъу. Мис абы щыгъуэ сцIыхуащ нэхъыжьыфIыр. ЕджапIэ сыщыщIэс зэманым къыщыщIэдзауэ район газетым пыщIэныгъэ хузиIэти, редакцэм щIэх-щIэхыурэ сыщIыхьэрт, апщIондэхуи си тхыгъэхэм хэплъа нэужь, чэнджэщ щхьэпэхэр къызитырт. КIэщIу жыпIэмэ, Токъани ящыщщ журналист IэщIагъэм сыдезыгъэхьэхахэм, япэ лъэбакъуэр чынымкIэ щIэгъэкъуэн къысхуэхъуахэм.

  • Район газетым лэжьапIэ сыувыну си нэ къыхуикIырти, ар Токъан хуэсIуэтащ. «МызэкIэ цIыху дыхуэныкъуэкъым, ауэ лэжьапIэ къызэрыкъуэкIыу хъыбар уэзгъэщIэнщ», — къызжиIат Токъан. Куэд дэмыкIыуи къысхуиIуэхуащ гупыр а Iуэхум зэрытепсэлъыхьар икIи щIалэхэр си телъхьэу къызэрыувар. Арати, редакцэм и мэкъумэш къудамэм и корреспондент сыхъуащ. Ди унафэщIыр Бекъулырт. Хуабжьу тыншт апхуэдэ унафэщIым удэлэжьэныр. Ди щыуагъэхэр Iэдэбу, гурыIуэгъуэу, псалъэмакъ лей хэмыту дигъэлъагъужырт. Илъэс зыбжанэкIэ дызэдэлэжьати, Токъан къэгубжьауэ, цIыхум и жагъуэ ищIауэ, и лэжьакIуэм къыщхьэщымыжауэ сщIэжыркъым.
  • Хуабжьу ди жагъуэ хъуат 1980 гъэм ар ди гупым щытхашам. Ауэ дригуфIэрт ди ныбжьэгъур республикэ газетым зэрыкIуам. Абы щыгъуи Токъан дызыщигъэгъупщэртэкъым: нытхыхьэрт, къытщIэупщIэрт, республикэ газетым къытрыригъэдзэну тхыгъэхэр дигъэгъэхьэзырырт.
  • Токъан «Адыгэ псалъэм» къудамэм и унафэщIу ирагъэблагъэри, а IэнатIэр хьэлэлу ирихьэкIащ, илъэс зыбжанэ дэкIри, редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ хъуащ икIи 1998 гъэм пенсэм тIысыжыху а къулыкъур ирихьэкIащ. Ар яхэтащ сытезыгъэгушхуэу мы редакцэм сыкъэзышахэм, зыкъысщIэзыгъэкъуахэм. «Адыгэ псалъэ» газетым сэ Токъан илъэс 15-кIэ сыщыдэлэжьати, а зэманым абы теухуауэ фIы фIэкIа щызэхэсхакъым.
  • Печатым и IэнатIэм щиIэ зэфIэкIым икIи илъэс куэд хъуауэ фIыуэ зэрылажьэм папщIэ Бекъул Токъан «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащауэ щытащ.
  •  КIЭРЭФ Хьэсэнбий.
  • 2004 гъэ
  •  
  • ГукъэкIыжхэр
  •  КъуэпскIи псэкIи сызыпыщIа
  • Елгъэр Кашиф

    Нобэрей ди «Адыгэ псалъэ» газетым лъэныкъуитIкIэ: къуэпскIи псэкIи сыпыщIащ сэ. Ар щIыжысIэращи, си щIалэгъуэм и къуэпс лантIэм зидзын, лъабжьэ ищIын щыщIидзар гъуэгуанэ узыншэ къызэпызычу илъэс бгъущIым зи цIэр фIыкIэ зыгъэIуа, адыгэ псоми ди щIасэ, ди уэршэрэгъуфI, чэнджэщэгъу Iущи къытхуэхъу а газетращ. Си щхьэкIэ ар апхуэдэу къысхущIэмыкIэмэ, сэ гъащIэ гъуэгу схуэхъуну щытар зыхуэдэр сщIэртэкъым.

  • А дигазетым япэ дыдэу сезышэлIауэ щыта усакIуэшхуэ, адыгэлI нэс КIуащ БетIалрэ а лъэхъэнэм (1955 гъэм и гъэмахуэм) БетIал сызришалIэу анэмэт сызыхуищIыгъа адыгэ щIалэжь хъарзынэхэмрэ мыхъуамэ, си къуэпсми абдеж зыщимыдзынкIи, иужькIи ар си псэ егъэзыпIэ мыхъункIи зыхуэIуа щыIэтэкъым. Ауэ БетIал фIыуэ къэзыцIыхуу, абы и ныбжьэгъуфIу редакцэм щIэсхэр сэри нэхъ нэ лейкIэ къызэплъагъэнхэщ: сэ стхыуэ КIуащри фIыуэ зытеIэзэщIыхьыжа си усэр мо щIалэ телъыджэхэм, псом хуэмыдэу ТIыхъужь Зэмахъ мыгъуэм, — кхъузанэ щабэм щIагъэкIщ, хуэнщIейр кIэрагъэщэщри, шыщхьэуIум и 16-м къытрадзауэ щытащ «Лу шыдыгум икIуэдащ» зыфIэсща си усэр.
  • Аращи, адыгэ газетым зыщызыдза си къуэпсым зы жыг гуэр къикIыкIауэ щытмэ, абыкIэ фIыщIэ мыухыжыр зыбгъэдэлъыр а редакцэмрэ абы щылажьэхэмрэщ.
  • Зи гъуэгур нэхъри кIыхь, дахэ, узыншэ тхуэхъун ди газетыр апхуэдэу сэбэп зыхуэхъуар, абы зи гъащIэ гъуэгуанэр иузэщIар си закъуэкъым. Нобэ си ныбжьым ит ди усакIуэхэм, тхакIуэхэм (нэхъыщIэхэм я гугъу сщIыххэркъым) къыхэбгъуэтэнIауэ пIэрэ япэ лъэбакъуэр адыгэ газетым и редакцэм къыщIамычыкIауэ? Си фIэщ хъуркъым. ЩIэмыхъуми щхьэусыгъуэ иIэщ: зэхэщIыкI, гущIэгъу зыхэлъ, художественнэ творчествэкIэ зэджэр зищIысыр, абы и фIыр, и Iейр къызыгурыIуэ щIалэ Iэзэ куэдкIэ Тхьэр зыхуэупсахэм ящыщт гъуазэ тхуэхъуауэ дызэзышалIэ, гуапэуи къытIущIэ а газет телъыджэр. Ар мызэ-мытIэу згъэунэхуащ сыщыстудент гъэхэми, еджэныр къэзу-хыу къэзгъэзэжа нэужьи. КъакIуэхэ я унэ къудей мыхъуу, зи лъэпкъым и гуауэм зил дэуз, гуфIэгъуэр дэзыIэтыну зигу илъ дэтхэнэ зым щхьэкIи и бжэр зэIухат а унэ угъурлым — зи лъэпкъыр фIыуэ зылъагъу цIыху телъыджэхэм я гъащIэм и нэхъыбэр щагъакIуэ хэщIапIэм. ХэщIапIэ щхьэпэм — акъыл зэхэлърэ гуащIэдэкI хьэлэлкIэ батэр щагъэшрэ пэжыр щыхашэм.
  • Мы жысIа псалъэхэм егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэлъкъым. ИкIи апхуэдэу щIыжысIэр гъуэгуанэ хъарзынэ къызэпызычауэ зи ныбжьыр псоми дгъэлъэпIэну зыхуэфащэ ди газетым — ди ныбжьэгъуфIым псалъэ дыгъэлкIэ сыхуэупсэн щхьэкIэкъым. Пэжщ, абы къилэжьащ, нобэми къелэжь щытхъуу щыIэм я нэхъыфIыр, ауэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ къуэпсрэ псэкIэ узыпыщIа а лэжьапIэм, ар зи хэщIапIэхэм ущраныбжьэгъукIэ, шыгъупIастэ ядэпшхыу уакъыщIыдекIуэкIкэ, абы щагъахъэхэм щыгъуазэ уохъури, уи цIынэкIи, уи гъуркIи узэрощIэ.
  • А псор щIыжысIэм, пэ-жыр щыхашэ псалъэхэр къыщIыхэзгъэщам щхьэусыгъуэ иIэщ.
  • Куэдым зэрытщIэжщи, пэжыр птхыныр, уагъэтхыныр щыгъэтауэ, ар щэху цIыкIуу къыупсэлъыным, я нэхъ мащIэрауэ, уигъэлъэпэрэпэн жыхуэпIэр зы бетэмалт. Пэжыр жыпIэну, зэгуэрым и ныкъусаныгъэ къэбгъэлъэгъуэну ухуей? Бригадир я нэхъыщхьэ удэмыбэкъуей! Ари бригадир цIэрыIуэхэр хэмыту. КIэщIу жыпIэмэ, тхьэмыщкIэ динщIэкъущ жыхуиIэм тет зэман бзаджэ щыIащ. КъалэкIыхьым уфIэзымыхыну адыгэбзэр сыту пщIыну жаIэрэ, куэдым я бгъэр кърагъэцIыцIыкIыу. Аркъудейм къыщымынэу, абыхэм я псалъэр щыпхыкI, лъэпкъ Iуэхур къыщалъэхъэф къэхъурт. Ауэ, Тхьэм и шыкуркIэ, лъэпкъми къыхэкIырт адыгэри абы и щэнхабзэри мыкIуэдыжын папщIэ анэдэлъхубзэр хъумэн, ди бзэкIэ къыдэкI газет, журнал, тхылъ диIэн зэрыхуейм тепсэлъыхьыфхэри. Дауи, псом япэу, абыхэм ящыщт журналистхэр — лъэпкъым и пщэдейр зи гъуазэхэр, пэжыр зи нэрыгъхэр. Мис абы и щыхьэт нэрылъагъухэм ящыщ зы си нэгу щыщIэкIауэ щытащ «Ленин гъуэгу» газетым и редакцэм.
  • Аруан районым щыщ колхоз унафэщI гуэр, мис мыбы фыдэплъей жаIэм яIэтурэ, удэплъейкIи умылъагъуж хъуат. Арати, абы и щхьэзыфIэфIагъкIэ унафэ мышыу ещI: къамыхухьауэ икIи дахэ-дахэу хьэсэпэхъумэ зыIумыту къуажэбгъум къыдекIуэкI нартыхум хыхьэ Iэщыр къэхуауэ щIэубыдэн, Iэщыр зейхэм хуищIэу етхьэкъун хуейуэ. АрщхьэкIэ а унафэр Iэщым къапхугурыгъэIуэнт? Зы хьэсэпэхъумэфI зымыгъэувыф унафэщI «лIыхъужьым» жылэдэс псор Iэхъуэу хуэгъэувынт? Арати, жылэдэсыр къащхьэщыжынкIэ зыщыгугъ я адыгэ газетым къотхьэусыхэ, тхьэусыхафэри къытрадзэ. Мыбдеж Iуэхум къыдэкIуэу къыхэзгъэщынщи, а лъэхъэнэм газетым укъытехуэным нэхъ мыхьэнэшхуэ кърахыу щытащ: IейкIэ зи цIэ ягъэIуам хуэфащэр иращIарт, фIыкIэ зи цIэ къраIуам и насыпт. Ауэ зи гугъу сщIыр хуэфащэр зращIахэм ящыщти, «ЕIмэ-еI, колхоз унафэщI пэрытым и цIэр вгъэпудауэ!.. Ди районым и напэр тефхауэ…», — жиIэу редакцэм унажэ къыхуэжа район унафэщIым уафэм сабэ дрепхъей. ЩIэсхэр зэбгрыхуауэ, газетыр «немедленнэу зэхуэщIыжын хуейуэ». Урысыбзэр зи анэдэлъхубзэм хуэдэу зыщIэ ди лъэпкъыр адыгэбзэкIэ къыдэкI газет хуэмейуэ жиIэу дунейр екъутэ. Обкомым тхьэусыхакIуэ зэрыкIуэнумкIи, и мурадым и Iэр зэрытригъэхуэнумкIи газетым и унафэр зыIэщIэлъ партым и цIэмкIэ тхьэ щеIуэжри щIожыж.
  • Мы псор къыщIезгъэкIуэкIыжар а Iуэху мыщхьэпэр къыщыхъуам щыгъуэ си ныбжьэгъухэм ядэслъэгъуа зышыIэныгъэрщ. Пэжу, ахэр къэгубжьат, ауэ къыщIэгубжьар пыIэр къэхь къыжраIэмэ, щхьэр къэзыхьыну хьэзыр а цIыху щхьэхуещэм зэбгрихункIэ шы-нэу аратэкъым, я жагъуэ хъуар, яхузэфIэкIамэ, лъэпкъ газетыр зэхуэзыщIыжын адыгэ къулыкъущIэхэр зэрыщыIэрт.
  • Мы зи гугъу сщIам хуэдэ куэд щыслъэгъуа редакцэм сэри нэхъ иужьыIуэкIэ лэжьэн щыщIэздзащ.
  • Сызыхэхуа адыгэлI гупым хуэдэ Алыхьым къузэритынт! Гупым я тхьэмадэ Сэхъу Къэрэщей зи лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэ, гущIэгъушхуэ зыхэлъ цIыху телъыджэт. Сэ сынэхъыщхьэщи, сэ сщIыращ унафэр жиIэу зимыгъэщIыкIейуэ, чэнджэщэгъуфI, ущиякIуэ къыпхуэхъуу апхуэдэт ар. И лэжьакIуэхэм ящыщ зыгуэрым гуфIэгъуэ е нэщхъеягъуэ гуэр къылъыкъуэкIмэ, Къэрэщей къызэрыкъуэмыувэн щыIэтэкъым: и псалъэ гуапэкIи, лэжьакIуэхэм къегъэщIылIа машинэм нэмыщI, езыр зэрыс дыдэмкIи, и ахъшэ-бохъшэкIи. АпхуэдэлI зи пашэ гуп дауэ Iей хъунт?! Псори гурэ псэкIэ бгъэдэтт я IэнатIэм — я нэхъыжьыфIхэу Хьэмщокъуэ ФIыцIэ, Агузар Мурадин, Мыз Нэфихь сымэ я деж къыщыщIэдзауэ си ныбжьым итын Къамбий Зуфар, Къэрмокъуэ Хьэмид, Къагъырмэс Борис сымэкIэ иухыжу. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми езым и къалэн пыухыкIа иIэж пэтми, я зэхуэдэ Iуэхушхуэ къыкъуэкIамэ, ар псоми зэдайт.
  • ЗэрытщIэщи-тIэ, а лъэхъэнэм щыгъуэ парт съездхэри, пленумхэри, конференцхэри, СССР-м, РСФСР-м я Совет Нэхъыщхьэхэм я сессиехэри щIэх-щIэхыурэ екIуэкI хабзэт. Мис абыхэм псалъэмакъыу щекIуэкIауэ хъуар адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ, ари нобэ къапсэлъар пщэдей къыдэкI газетым къытехуэн хуейт. Ауэ щыхъукIи, а материалхэр и чэзум къыпIэрыхьэми зыгуэртэкъэ? Махуэ лэжьыгъэр иухауэ цIыхухэм я зэбгрыкIыжыгъуэм ирихьэлIэу мо тхылъымпIэ пыпхъуэр къыптракIутэнти… ЗэдзэкIыным нэхъ хуэIэкIуэлъакIуэ Шырыт Хьэтызэ, Хьэмщокъуэ ФIыцIэ, Джаурджий Iэбисал, Мырзэкъан Суфян, Апажэ Назир сымэ хуэдэхэр занщIэу машинисткэхэм ябгъэдэтIысхьэрти, къитхыкI-нитхыкI хэмыту зэрадзэкIырт, мыдрей къомри, щхьэIэт димыIэу, щхьэж къылъысар зэддзэкIыу, ар тредгъэдзэжу, дыкъеджэжу дыбгъэдэст.
  • Арати, жэщыбгым, нэхущым дыщызэбгрыкIыж куэдрэ къэхъурт. Баштекъузэрэ пIащIэгъуэкIэ пщIа апхуэдэ лэжьыгъэм, узэраукIын мыхъуми, уи къулыкъум кIэ щIигъуэтын къыхэмыкIмэ, ар псоми ди зэхуэдэ гуфIэгъуэу дыкъызэхуэсыжырт етIуанэ пщэдджыжьым. Мо зи IэщIагъэм хуэIэкIуэлъакIуэ ди нэхъыжьыфIхэм, Тхьэм и шыкуркIэ, укIытэгъуэ драгъахуэртэкъым. Зыгуэр зыгуэркIэ дыщыуамэ е къытхуэтхахэм дыщагъэуамэ, абы къаугъэшхуэ къригъэкIыну зыри пылътэкъым.
  • А псоми я лъэныкъуэкIэ зи кIэн къикIыпар сэрат — сэ гъукIэгъэсэну сызрата Теувэжыкъуэ Толэ хуэдэлI уигъэлъыхъуэнт. И чэзум къэсынти, езым нобэ ищIэнури сэ сщIэн хуейри къызжиIэнти, занщIэу лэжьыгъэм щIидзэнт. Ар хъыбарыщIэхэмкIэ къудамэм и унафэщIу, сэ абы срикъуэдзэу арати, республикэм нобэ къыщыхъунуми пщэдей щекIуэкIынуми теухуа хъыбарыщIэ псори Толэ сэрэ къэтщIэн, ар псынщIэу къетхьэлIэн хуейт — ар телефонкIэуи ирехъу, дыкIуэу къэтхьын хуейуи щрет. Езым зыщIегъэх, щхьэх жыхуаIэр ищIэртэкъым, абы уригъукIэгъэсэну ущыту емыкIу къэпхьыну напэм тегъэхуэгъуейт. Абы ищIэм хуэдиз схуэмыщIэми, — езыми ар къыспиубыду щытауэ жысIэмэ, гуэныхь къэсхьынт, — игу зэзмыгъэбгъэну, слъэкIыр сщIэну сыпылът. Ауэ, пцIы щхьэ упсын хуей, тынштэкъым абы и гъукIэгъэсэну ущытынри. Хабзэшхуэ зыхэлъ, екIуу зэщIэкъуа, лэжьыгъэмрэ унэмрэ зигури зи псэри етауэ дунейм тет мо лIы хьэлэмэтым зыдегъэкIугъуафIэтэкъым. Дэ, зыкъомкIэ нэхъыщIэхэр, дыщыщхьэприхи, дыщыщIихьи къэхъур пцIытэкъым. Ауэ апхуэдэхэм дежи Толэ си жагъуэ къищIауэ, нэбгъузкIэ къызэплъауэ сщIэжыркъым. ЗыгуэркIэ си Iуэху мыщIагъуэу гу лъитамэ: «Уэ нобэ телефоным тес, сэ сежьэнщи зыгуэрхэр къесхьэлIэнщ» — жиIэрти щIэкIырт.
  • ГъэщIэгъуэныракъэ, ар жэщым мыжейуэ республикэм щекIуэкIынухэмрэ къыщыхъунухэмрэ зэхигъэкIыу щысауэ къыпщыхъурт: телефонкIэ здэпсэлъэн хуейри здэкIуапхъэхэри, езым ищIэнухэри сэ си къалэнхэри иубзыхуауэ къакIуэрт пщэдджыжьым. Абы си Iуэхур игъэпсынщIэрт…
  • — Рассказхэр, повестхэр, романхэр щыптхкIэ, ухуеймэ, кIыхьу тхы. Ауэ уэрэ сэрэ редакцэм щыдикъалэныр купщIэ зыхэлъ хъыбары-щIэ гъэщIэгъуэн къэдулъэпхъэщу ахэр кIэщIу ттхыжыныращ, — жиIэрейт Толэ. А къалэныр езым дэгъуэу зэригъэзащIэр слъагъурт: псалъэухаитI-щыкIэ абы къиIуэтэфым сэ напэкIуэцI псо щезгъэхь щыIэт. Абдеж мо лIы хъарзынэр бэлыхь хэздзэрт — сэ къестхэкIа лей къомыр хигъэкIыжмэ, ар си жагъуэ сщIыным иригузавэрт. Ауэ, умыделэ дыдэмэ, къыбгурыIуэн хуейтэкъэ сэ джыдэ дзагуэкIэ къыхэсIущIыкIам мор пхъэпс жанкIэ теIэзэщIыхьыжа нэужь, си тхыгъэ къуабэбжьабэм фэ къызэрытеуэр?
  • Лэжьыгъэм нэмыщI, абы и дуней тетыкIа, цIыху хэтыкIа къудейр-щэ? Абы сызэрыдэлэжьа илъэс зыщыплIым (итIанэ щэнхабзэмкIэ къудамэм, секретариатым сагъэкIуауэ щытащ) къриубыдэу зы пщэдджыжь лэжьапIэм къыщIыхьауэ къыщIэкIынкъым: «Фи унагъуэр дауэ щыт, Шэшэн?» — жиIэу къызэмыупщIу. Ар си цIэмкIи си унэцIэмкIи къызэджэртэкъым — Шэшэнт. А зым фIэкIа, редакцэ псом щIэстэкъым а цIэмкIэ къызэджи. Къызэджэуи яхуэздэну къыщIэкIынтэкъым — ар къысфIэзыщар Толэт. ШэшэнкIэ къызэджэ къудейм къыщымынэу, ар псевдоними схуищIати, а унэцIэр щIэту си тхыгъэхэр «Ленин гъуэгум» къытехуэрт.
  • — Уи унэ щIыныр дэнэ нэбгъэса, Шэшэн? — жиIэу иужь дыдэу ди къуажэ гъунэм деж ар къыщызэупщIам (езы Теувэжыкъуэхи ди ищхъэрэIуэкIэ унэ щащIырти, Толэ сэрэ Щхьэлыкъуэ куэдрэ дыщызэрихьэлIэрт) абы лIэныгъэр есхьэлIэныр щыгъэтауэ, апхуэдиз цIыхугъэ зыдэслъэгъуа адыгэлIыр си къуажэгъу, си гъунэгъу зэрыхъунум си адэ лIар къэтэджыжам ещхьу сыщыгуфIыкIырт. ЦIыху хэтынкIи, унагъуэ IыгъынкIи, бын гъэсэнкIи зи фэгъу гъуэтыгъуей апхуэдэлI къыпкIэлъыкIуэу-укIэлъыкIуэу къыбдалъагъуныр цIыхур зэхъуапсэм хуэ- дэт.
  • Зи гъукIэгъэсэну сыщыта Теувэжыкъуэ Толэ хуэдэ лIыфI куэд щылэжьа адыгэ газетым, си псалъэр къызэрезгъэжьаращи, къуэпскIи сыпыщIауэ зэрыщытым сригушхуэу, абы и Iуэхур щефIакIуэхэм деж сэ дамэ къыстекIауэ зыкъысщыхъужу илъэс куэд хъуауэ сыкъызыдекIуэкI ди «Адыгэ псалъэм» и юбилейр лъэпкъым тхуэмахуэну, и псалъэр куэдрэ икIи жыжьэ Iуну Тхьэм иух!
  • ЕЛГЪЭР Кашиф,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ.
  •  
  •  Ныбжьэгъугъэр япэ изыгъэщу псэуа Брай Адэлбий
  • ТхакIуэ, усакIуэ куэд зэман зэхуэмыдэхэм щылэжьащ газетым. Абыхэм ящыщт Брай Адэлбии.
  • Ар 1937 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. 1959 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие къудамэр къиухри, илъэс пщыкIузкIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм редактору щыIащ. 1970 гъэм «Ленин гъуэгу» газетым ирагъэблагъэри, корреспонденту, жэуап зыхь секретарым и къуэдзэу лэжьащ.
  • Газет лэжьыгъэр куэдкIэ нэхъ гугъущ, журналистикэм адрей и къудамэхэм нэхърэ. Махуэ къэс епха жыхуаIэм хуэ- дэу улэжьэн хуейщ. АтIэ жэуаплыныгъэ нэхъыбэ зыпылъхэм ящыщщ Брайр илъэс куэдкIэ щылэжьа секретариатыр — къыдэкIыгъуэр зэкIэлъызыгъакIуэ, лэжьыгъэ псор зыунэтI IэнатIэщ ар. Махуэм я лэжьыгъэр зэфIагъэкIыу я унэ екIуэлIэжми я насыптэкъэ — жэщри къыпыувэрт. Ягъэхьэзыр номерым щыуагъэ мыкIуэн щхьэкIэ, зэрыжаIэу, зы дакъи-къи утеплъэкъукI хъуртэкъым. Апхуэдэ лэжьыгъэ гугъум пэрытми, ар къехьэлъэкIыу закъримыгъащIэу цIыху нэжэгужэт Адэлбий, газетыр къыдэзыгъэкIхэр игъэлажьэрт и гушыIэр япэ иту.
  • Брайр УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым хэтащ. Секретариат лэжьыгъэм зыкъы-дигъахуэурэ усэхэр, поэмэхэр, повестхэр, рассказхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжа- нэ къыдигъэкIащ: «СынокIуэ уи деж», «ХъуэпсапIэ», «Щхьэгъубжэ нэху», «Гурэ псэкIэ», «ЗэIущIэ гъэщIэгъуэн», нэгъуэщIхэри. Абы и IэдакъэщIэкIхэр республикэм, и мызакъуэу, къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм къытрадзащ.
  • Илъэс щэщIым щIигъукIэ щылэжьа и адыгэ газетыр и унэ етIуанэу къилъытэу щытащ Адэлбий. И лэжьэгъухэм, и ныбжьэгъухэм я Iуэху зытет щIэх-щIэхыурэ зригъащIэу, газетым къытехуэ тхыгъэхэм, игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм кIэлъыплъу къекIуэкIащ.
  • 2002 гъэм Адэлбий зигъэпсэхун мурад ищIри, газетым IукIыжат, ауэ лажьэурэ еса цIыхур куэдрэ щысыфакъым. 2003 гъэм «Нур» сабий журналым жэуап зыхь секретару уври, абыи гудзакъэ хэлъу щылэжьащ.
  • Брай Адэлбий и лэжьыгъэфIым папщIэ мызэ-мытIэу ягъэпэжащ саугъэт зэхуэмыдэхэмкIэ, къэрал IуэхущIапIэхэм я щIыхь тхылъхэмкIэ.
  • ЦIыху псэ къабзэу, ныбжьэгъугъэр зыгъэлъапIэу дунейм тета, лъэпкъ журналистикэм хьэлэлу хуэлэжьа Брай Адэлбий 2005 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м дунейм ехыжащ.
  • ДЖАТОКЪУЭ Залинэ.
  • Журналист, зэдзэкIакIуэ Iэзэ
  • Шырыт Хьэтызэ ящы-щащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ япэ дыдэ диплом зратахэм. ИлъэситI хуэдэкIэ Псыгуэнсу курыт школым егъэджакIуэу щылэжьащ. Адыгэбзэмрэ къэбэрдей литературэмрэ Iэзэу зыщIэ лIы къуэгъу лъагэр IуэхущIапIэ куэдым ирагъэблагъэрт я деж щагъэлэжьэну. ПлIыщI гъэхэм ар и ныбжьэгъухэр, къыдеджахэр нэхъыбэу здэщыIэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм литературэ лэжьакIуэу яшэ.
  • Хьэтызэ и щIэныгъэкIи, и зэфIэкIкIи и лэжьэгъухэм щIэх дыдэ къахэщу щIе- дзэ. Машинисткэхэми зэпаубыдырт Шырытым и Iэрытхыр — къеджэгъуафIэт, тедзэгъуафIэт. Зэи-тIэуи и къулыкъукIэ яIэтыну хэтащ, ауэ партым хэттэкъым. Ар и гъащIэ псом лъэпощхьэпо хуэхъуащ. ЗэдзэкIакIуэ Iэзэт, и бзэр бзэрабзэрт, художественнэ тхыгъэ зыбжанэ адыгэбзэм къригъэтIэсат.
  • Шырытым и зэфIэкIыр «Iуащхьэмахуэ» журналми щигъэлъэгъуащ — жэуап зыхь секретару абы щылэжьащ.
  • Псом хуэмыдэу Шырытыр дихьэхырт зэдзэкIакIуэ лэжьыгъэм. Абы къыхэкIыуи, «Ленин гъуэгум» зэдзэкIакIуэу щраджэм, «хьэуэ» къыхигъэкIакъым. Партым и съездхэр, ЦК-м и пленумхэр щекIуэкIхэм деж Хьэтызэ къыхуихуэрт газет напэкIуэцIу 8, 10, нэхъыбэжым нэс щызэридзэкI. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым абы и гуащIафIагъыр. Машинисткэхэр зэблэкIыу лажьэрт, Хьэтызэ телетай-пым къыщIэкIыр къыщIимыгъахъуэу зэридзэкIыурэ, тхыгъэм адыгэбзэкIэ къеджэу фIэкIа умыщIэну яжриIэрт.
  • Газетым и бзэм гудзакъэ хуиIэт. Летучкэхэм къыщыпсалъэрт, ар гъэкъэбзэным, гъэдэхэным ехьэлIауэ лэжьыпхъэу къилъытэхэр къигъэувырт.
  • — Хьэтызэ, мы псалъэухар адыгэбзэ тхуэщIыт. Сыт мы псалъэм къикIыр, мыбы и тхыкIэр сыт хуэдэ?
  • А псом я жэуапри Шырытым и деж къыщагъуэтырт.
  • Шырытыр дэнэ щымылэжьами, сыт хуэдэ IэнатIэ имыIами, лъэужь узыншэ къыщинащ. Псом хуэмыдэу адыгэбзэм и къэрэгъулт. Адыгэ газетым и бзэр зыузэщIахэм яхэтащ.
  •  КЪЫЛЫШБИЙ ТIатIу.

«Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм я журналистхэм я зэхуэсым. 1986 гъэ

«Ленин гъуэгу» газетыр илъэс 60 щрикъурягъэлъапIэу.

«Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэр. 2004 гъэ, накъыгъэ мазэ