2019-04-09
- Франджы «Газета»-р Къэнжал зауэм топсэлъыхь
- 1709 гъэм гъатхэпэм и 23-м Франджым къыщыдэкIа «Газета»-р («La Gazette» — 1631 гъэм къыщыщIэдзауэ Франджы пащтыхьыгъуэм и унафэкIэ дунейпсо мардэм тету къыдагъэкI) Къэнжал зауэм теухуа хъы-бар къытридзауэ щытащ. ФIыщIэ хуэфащэщ ар къэзыгъуэту хэIущIыIу зыщIа тхыдэ щIэныгъэлI, адыгэхэм ятеухуа тхылъ мымащIэ хамэбзэхэм кърихыурэ дэзыгъэцIыхуа Мэлбахъуэ Къэралбий. Дызытепсэлъыхь тхыгъэр «си нэкIэ слъэгъуарэт» жызыIэхэм ар щызрагъэхъулIэфынущ къыдэкIыгъуэм и электрон архивым.
- «Молдавием и къалащхьэ Яссы къикIа тхыгъэм хъыбар къызэрыдигъащIэмкIэ, дыгъэгъазэм и 11-м Константинополь къыщежьа кърым тэтэрхэм я ХъаныщIэр куэд дэмыкIыу Будтак къэсынущ. Абы къыхэкIыу, Господарым къулыкъущIитIым унафэ яхуищIащ абы пежьэу, IэнатIэщIэ къызэрыIэрыхьам щхьэкIэ ехъуэхъуну, щIыналъэм тыншу пхыкIын хуэдэу псори къыхузэрагъэпэщыну. ХъаныщIэр ныбжькIэ щIалэщ, зауэлI щыпкъэщ. Ар Тэтэр щIыналъэм нэсыну мэпIащIэ, езым ипэ тета Хъаным Шэрджэсейм кIуэуэ щызэхигъэзэрыхьахэр игъэзэкIуэжын папщIэ.
- Тырку сулътIаным и унафэкIэ иджыпсту лъэхъуэщым ис Хъаным Шэрджэсейм ис цIыхубэм къуэды тIуащIэ ятрилъхьэну гукъыдэж ищIщ, и унафэм щIэт щIыналъэхэм цIыхухъуитху къэс зыр дзэм щриджэри, армэ абрагъуэ зэригъэпэщат. Шэрджэсхэр лъэпкъ мамыру зэрыщытым хуэдэу, къуэдышхуэр къратын ядакъым, захъумэжыну мурад ящIщ, я унагъуи, я былыми къуршхэм, щIыпIэ пхыдзахэм ягъэIэпхъуэри, бийм пэплъэн щIадзащ. ШэрджэсеймкIэ къиунэтIауэ гъуэгу тетыр щIыналъэм къыщыблагъэм, ар быдэу зэрахъумэр икIи убгъэдыхьэну зэрыгугъур къыжраIэ. Дзэзешэ нэхъыщхьэхэм ялъэкI къагъэнакъым Хъаныр и мурадым хущIрагъэгъуэжын папщIэ. ИтIани, благъагъкIэ къыгухьэ пщы гуэрым зауэлI 20 000 иритри, адыгэхэм нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къащытеуэну унафэ хуищIащ, апщIондэху езыр дыхьэпIэм ебгъэрыкIуэн и мураду.
- Шэрджэсхэм Хъаным ищIэну зыхэтыр къазэрыгурыIуэу, бийм зыкърамыгъэухъуреихьын щхьэкIэ заIэтри бгыщхьэхэм дэкIуеящ. Тэтэрхэр, зыри зэран къахуэмыхъуу, щIыналъэм ихьэри, мафIэрэ IэщэкIэ адыгэ хэкур кърахьэлIэжащ.
- Апхуэдэ щытыкIэ гужьеигъуэм ихуа адыгэхэм я пашэм дауэрэ имыщIми тэтэрхэр хэкум ирихужыну игу ирелъхьэри, бзаджагъэ зыхэлъ Iэмал игу къокI. Унагъуэ нэхъыфI дыдэхэм щIалэ 500 къахеш, ахэр Хъаным и деж егъакIуэри, псори и унафэм зэрыщIэувэмкIэ хъыбар ирагъащIэу, езыхэр гъэр папщIэу къаIэщIэнэну унафэ яхуещI. Шэрджэс пащэм къызэрызыфIигъэщIамкIэ, ахэр офицер нэхъыщхьэхэр зыщIэс пщыIэхэм трагуэшэнут. АпщIондэху езым зыхуигъэхьэзырын щIидзащ жэщым тэтэрхэм зэратеуэнум. Iэуэлъауэ зэрызэхахыу, бийхэм «гъэр» захуэзыщIа адыгэ щIалэ къэс хъумакIуэу къыбгъэдагъэува кърым дзэпщыр иукIыжын хуейт.
- А мурадыр нэгъэсыпауэ къайхъулIащ адыгэхэм. Хъаным арэзыуэ щIалэхэр къригъашэри, и дзэпщ нэхъыщхьэхэм я деж щIигъэтIысхьащ. Адыгэдзэр жэщым тэтэрхэм зэратеуэу, офицер пашэхэм я деж щаIыгъ ныбжьыщIэхэм щхьэж и «бысымыр» иукIыжри, я пашэм щыгухьэжым, гъуэгум къытезэрыхьа бийхэри абыхэм дагъэкIуащ. Тэтэрхэр гужьеигъуэм хэхуат. ЗауэлI бжыгъэ абрагъуэ адыгэхэм яIэщIэкIуэдат, къэнахэр щIэпхъуэжат, езы Хъанри къаубыдыным мащIэщ иIэжар. А хъыбарыр зыхуахьа тырку сулътIаным Хъаныр тригъэкIри, тетыгъуэр нэхъыжьыгъэкIэ зыхуэфащэм иритащ».
- Зыгъэхьэзырар
- ЧЭРИМ Марианнэщ.
- Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием
- ТхыдэмкIэ и институтыр щыхьэт тохъуэ
- Къэнжал зауэм адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я лъэпкъ тхыдэм увыпIэшхуэ щиIыгъщ.
- 1708 гъэм политик, дзэзешэ щэджащэ, къэбэрдеипщ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ Псыжьрэ Сунжэрэ я зэхуакум щыпсэу цIыхубэр зэкъуигъэувэри, кърым хъан Къаплъэн-Джэрий Езанэм (1678 — 1738) и дзэр, зауэлI 20 000 — 30 000-м нэсыр, зэтрикъутауэ щытащ.
- Кавказ Ищхъэрэм XVIII лIэщIыгъуэм щызэфIэува тхыдэм мыхьэнэшхуэ щызыубыд къэхъукъащIэщ Къэнжал зауэр. Абы и фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм кърым хъанхэм, тырку сулътIанхэм яхуэпщылIын щагъэтри, абыхэм зауэ хуэIухуэщIэ и лъэныкъуэкIэ зрагъэгъуэта пщIэри фIыуэ ирагъэхуэхат.
- КъуэкIыпIэ Европэм щекIуэкI политикэ зэхущытыкIэми хэIэбащ Къэнжал зауэр. 1708 гъэм швед пащтыхь Карл XII къухьэпIэм- кIэ къыщежьауэ Мэзкуу къыщебгъэрыкIуэм, урыс тепщэгъуэр хуэхьэзырт кърым-тэтэрхэр ипщэкIэ къащытеуэнкIэ зэрыхъу-нум. Къаплъэн-Джэрий Езанэм и дзэр щыщ къыхэмынэу зэрызэтракъутам а шынагъуэр IуигъэкIуэ-тащ. Ищхъэрэ Зауэшхуэм (Великая Северная война) и зэманым Кърым хъаныгъуэм и дзэхэр Украинэ лъапэм, Полтавэ деж къагъэкIуауэ щытакъым абыхэм ядэIэпыкъуну.
- 1708 — 1709 гъэхэм екIуэкIа зауэзэрылI абрагъуэхэм — 1708 гъэм и фокIадэм Къэнжал деж; 1708 гъэм фокIадэм и 28-м Лесная къуажэм деж; 1708 гъэм мэкъуауэгъуэм и 27-м Полтавэ деж къыщыхъуа зауэхэм КъуэкIыпIэ Европэмрэ Европэ Ищхъэрэмрэ щекIуэкI дунейпсо политикэр ихъуэжыпауэ щытащ.
- Къэнжал зауэр зэрекIуэкIам шэч закъуи хэлъкъым. Абы теухуауэ КъуэкIыпIэ Европэми (урысхэм, тыркухэм, кърым-тэтэрхэм, къалмыкъхэм, молдаванхэм) КъухьэпIэ Европэми (франджыхэм, нэмыцэхэм) щызэхуахьэсауэ щыхьэт наIуэхэр щыIэщ.
- Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щекIуэкIа а зауэзэрылIым а зэманым щегъэжьауэ УрысеймкIэ плъэн щIэзыдза лъэпкъхэм я къэкIуэнур ихъуэжауэ щытащ. Щыхьэт наIуэ имыIэми, Къэнжал зауэм къэбэрдеипщхэм я жьауэм щIэта я гъунэгъухэри хэтауэ къыщIэкIынкIи хъунущ. Хуэбгъэфащэ хъунущ ардыдэр Кавказ Курытым щыщ бгырысхэми — дигорхэм (осетинхэм), балъкъэрхэм, къинэмыщIхэм къахуихуауэ.
- Дуней псом зи хъыбар щызэбгрыкIа Къэнжал зауэр тхыдэщIэм епха историографием лъэ быдэкIэ хэувакIэщ дызэрыт зэманым.
- 1380 гъэм Куликовэ деж щекIуэкIа зауэзэрылIым ещхьу, Урысейм и зауэ тхыдэм елэжь IуэхущIапIэм (Центр военной истории России) щIэныгъэлIхэр къыхуреджэ Къэнжал зауэр щекIуэкIа щIыпIэр джын, абы и щыхьэту къэувынкIи хъуну археолог къэтIэщIыныгъэхэр егъэкIуэкIын, нэгъуэщI тхыдэ щыхьэтхэр къалъыхъуэжын Iуэхухэм дяпэкIи пащэну.
- Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием хыхьэ Урысей тхыдэмкIэ институтым захуагъэу къелъытэ дзэзешэ, политик пашэ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуи езы Къэнжал зауэми фэеплъ яхуэхъун ухуэныгъэ (мемориал) Кавказ Ищхъэрэм къыщызэIуахыныр.
- Ди лъэпкъхэм тхыдэм теухуауэ гупсысэкIэ узыншэ яIэным, хэкур фIыуэ ялъагъуным дыщыхущIэкъукIэ, апхуэдэ унафэм фIы фIэкIа къишэнукъым.
-
КУМАНЁВ Г. А.,
Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и академик,
Урысейм и зауэ тхыдэм и Центрым и унафэщI.
АРТАМОНОВ В. А.,
Дунейпсо славян академием и профессор,
тхыдэщIэныгъэхэм я кандидат.