ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъыр зыгъэгушхуа Бэгъэпщ Сергей

2019-04-09

  • Абхъазым и щхьэхуитыныгъэр Урысеймрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ къыщалъыта зэманым Республикэм и пашэу щыта Бэгъэпщ Сергей зи цIэр иджырей тхыдэм къыхэнэнухэм ящыщщ. Псэужамэ, Абхъазым и етIуанэ Президентым гъатхэпэм и 4-м игъэлъэпIэнут и илъэс 70-р.

  • И щIалэгъуэм къыщыщIэдзауэ, Бэгъэпщым комсомол, парт IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм IэнатIэ щиIыгъащ. 1978 гъэм ар ягъэуват Куржым и ЛКСМ-м и ЦК-м хъыбархэмкIэ и къудамэм и унафэщIу.
  • 1982 гъэм илъэс 34-рэ зи ныбжь Сергей хахащ партым и Очамчыр район комитетым и япэ секретару. Абы къылъысат Абхъазым и район нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыр. А зэманым ар жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтам и щыхьэту Ашубэ Нугзар, абхъаз Парламентым и УнафэщIу щытам, жиIэжырт: «А лъэхъэнэм станцхэм тет вагонхэм ткIийуэ якIэлъыплъырт. Зымахуэ Очамчыр сыкIуауэ, сыщIоупщIэ Бэгъэпщыр къыщызгъуэтынум. «Вокзалым щыIэщ», — къызжаIащ. Ар къыщызгъуэтам, слъэгъуар гъэщIэгъуэныщэ сщыхъуат — Сергей езыр дэтIысхьауэ хьэлъэхэр къэзыIэт Iэмэпсымэм ирилажьэрт».
  • КъэзыцIыхуу щытахэм жаIэж Бэгъэпщ Сергей лэжьэн фIэфIу, псом хуэмыдэу мэкъумэш техникэр зыпищI щымыIэу зэрыщытар (къапщтэмэ, Абхъазым и етIуанэ Президентыр и IэщIагъэкIэ агрономт). Сергей къыщалъхуа Джгердэ жылэжьым, и щхьэ Iуэхум къыщыдэхуэм, гъунэгъухэми ядэIэпыкъурт, и тракторым дэсу нартыху хьэсэ-хэр зэгъусэу Iуахыжырт…
  • Абхъазым къыщыхъуа зауэм и япэ махуэхэм Сергей (ар абы щыгъуэм Абхъазым и Министрхэм я Советым и УнафэщIым и къуэдзэт) Сыхъум къыдэнэри, къалэм щыпсэухэр нэгъуэщI щIыпIэ ягъэIэпхъуэным и зэфIэкI хилъхьащ.
  • Зауэ нэужь зэманым, 1995 гъэм, Абхъазым и япэ Президент Ардзинбэ Владислав Бэгъэпщ Сергей игъэуващ республикэм и япэ вице-премьеру. 2005 гъэм екIуэкIа президент хэхыныгъэхэм ар щытекIуащ. Президентым псом япэу гулъытэшхуэ хуищIащ Абхъазыр нэгъуэщI къэралхэм къалъытэным. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъыщхьэр Урысей Федерацэрат. 2006 гъэм къыщыщIэдзауэ Москва абхъазхэм ядэIэпыкъу зэрыхъуам абы и фIыщIэ хэлъщ.
  • 2008 гъэм шыщхьэуIум и 26-м Абхъазыр къэрал щхьэхуиту къилъытащ Урысей Федерацэм. Абхъазым щыпсэу цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIа а Iуэхугъуэр къыщыхъуар Бэгъэпщыр Республи-кэм и пашэу щыщыта лъэхъэнэрщ икIи ар зэи зыщагъэгъупщэркъым.
  • Ашубэ Нугзар игу къызэригъэкIыжымкIэ, Абхъазым и щхьэхуитыныгъэр къалъытэным и пэ къихуэу, республикэ унафэщIхэм хъыбар къаIэрыхьат куржы лъэныкъуэм зауэ къигъэхъункIэ шынагъуэу. Нэхъыбэу зытегузэвыхьыр куржы бзаджащIэ гуп зыбжанэ зыдэс Кодор аузырт. Абхъазым и дзэхэм я нэхъыщхьэ Бэгъэпщ Сергей и унафэкIэ, аузыр хуит къащIыжауэ щытащ лъыгъажэ къыхэмыкIыу. А Iуэхум къыпэкIуэу Президентым «Абхъазым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр хуагъэфэщат.
  • Бэгъэпщыр Абхъазым и Президенту 2009 гъэм етIуанэу хахыжауэ щытащ. 2010 гъэм Абхъазым и лIыкIуэхэр япэу абы игъэкIуащ Венесуэлэмрэ Никарагуамрэ. А къэралитIри Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм щыхьэт техъуащ.
  • 2011 гъэм Бэгъэпщ Сергей Тыркуми щыIащ, абхъаз хэхэсхэм ирагъэблэгъауэ. Ауэ а гъэм ар сымаджэ хъури, ищIэнум хунэсакъым.
  • Къэралым къыхуихуэ зэман нэхъ гугъухэм пашэ хъуфыр цIыхубэм ящыгъупщэркъым, абы и щапхъэщ Бэгъэпщ Сергей.
  •  
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.