Сэ зыкъэслъыхъуэжу
2019-04-09
- НАТХЪУЭ Къадыр, тхакIуэ (США, Нью-Йорк)
- ГукъэкIыжхэр
- ГъащIэр зэрыкIыхьыр, псэр зэрыIэфIыр, напэр зэрылъапIэр, дунейм узэрезэгъын Iэмал псоми я нэхъыфIыр цIыхугъэрауэ зэрыщытыр уи фIэщ зыщI Натхъуэ Къадыр и гукъэкIыжхэр зэрыхуа тхылъыр напэкIуэцI щиплIым ноблагъэ. ПщIэуэ къыпфIэщI куэдым нэгъуэщIынэкIэ урегъэплъыж зи гъащIэ гъуэгуанэ мытыншыр и хьэтыр тлъагъун хуэдизкIэ Iэзэу, и пэж къызэрымыкIуэр къытхуэщтэн хуэдизкIэ гунэсу ди пащхьэ къизыхьа тхьэмадэм. МащIэу тхылъым къыхэча хъуами, IэдакъэщIэкIыр зейр нэгум нэхъ къыщIэзыгъэувэу къытфIэщI сатырхэр газетеджэм и пащхьэ къыдолъхьэ.
- Ди къуажэр
- зэрагъэIэпхъуар
-
Си хэку цIыкIум теухуа гукъэкIыжхэр нэщхъеягъуэм къыщыщIедзэ. Адэжьхэм псэупIэ яхуэхъуа щIыпIэм «езым фIэфIу» ирагъэIэпхъукIыу ди къуажэр аргъуейхэм зэщIащта Псыжь и Iэгъуэблагъэ псыпцIалъэм деж щыщагъэтIысаращ зи гугъу сщIыр.
- ДыщIэIэпхъуэми дыздэIэпхъуэми и щхьэусыгъуэр къызгурыIуэн хуэдиз сыхъуртэкъым иджыри абы щыгъуэм. ИужькIэ сызэгупсысэкIыжурэ, а Iэпхъуэн Iуэхур XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм урысхэм ирагъэкIуэкIа адыгэ лъапсэрыхум и кIэухыу къэслъытащ.
- Зэман дэкIыу, щIэныгъэлIхэм архив щIэхъумахэр къаIэрыхьа нэужь, щхьэусыгъуэр нэгъуэщIу къыщIэкIащ. Ар 1917 гъэм и жэпуэгъуэм Шэрджэс автоном областым и унафэщIхэмрэ лъэпкъ Iуэху зезыхуэ Суворово-Черкесский къуажэм дэсахэмрэ къагъэхъуа гуэрт. Шапсыгъ районым ис шэрджэсхэр, Суворово-Черкесскэмрэ абы къыбгъэдэлъ хъупIэхэмрэ, Шэрджэс автономнэ областым и районищыр, Армавир, Баталпашинск округ ящIыну я мурадхэр зэгуагъэхьэу, Шэрджэс социалист республикэ яухуэным гугъэ хахыжыпа нэужь, къащта унафэу къыщIэкIащ зи гугъу сщIы псэупIэхъуэжыр.
- ИлъэсипщIкIэ екIуэкIа а Iуэхушхуэм сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иIами, си къуажэгъухэм егъэлеяуэ къатехьэлъат ар. Я нэхъыбэр я лъапсэжь ябгынахэм гукIэ кIэлъыщыгъуэн ямыухыурэ дунейм ехыжахэщ.
- Дыщыпсэуа ХьэтIрамтIыгу и уэрамхэр иджыри нэгъэсауэ зэзгъэцIыхуатэкъым, 1931 гъэм и гъатхэм адрей ди къуажэгъухэм я гъусэу, ди унагъуэм и лъапсэр щибгынам. «КъысщыщIа псоми армырауэ пIэрэ къежьапIэ хуэхъуар?» — жысIэурэ сызоупщIыж абы лъандэрэ.
- Гъаблэм дыкъызэрелар
- Ди къуажэм щыщ колхозхэтхэм, си адэ-анэри я гъусэу, я щхьэфэцым зрисэу къэуIэбжьахэт илъэс псом зэрылэжьам щхьэкIэ трудодень къэс хуэзэу гъавэ грамм щэ зыбжанэ фIэкIа бжьыхьэм къыщрамытыжам. Арат колхозым игу пыкIар къыкIэлъыкIуэ илъэсым хасэну жылапхъэр ягъэтIылъу къэралым иратыпхъэ псори ирата нэужь. Къуажэдэсхэм къагурыIуэрт ар жыжьэрэ-гъунэгъуу зэраримыкъунур, гъаблэ къызэрыхъунур, ауэ «лъэпкъым и бий», «саботажник», «капитализмэм и агент» къыфIащу Сыбырым ямышэн щхьэкIэ, зыри жаIэртэкъым.
- МэжэщIалIагъым ихь ныбжьыщIэхэм шыхэм хузэхащIэ мэкъупхъэ щашх къэхъурт. Си къуэш Кимкери абыхэм яхэзэрыхьати, сощIэж япэу а мэкъупхъэм сыщригъэдзэкъар. Уеблэмэ, сигу ирихьри, зыIузгъэхуэн папщIэ НатыхъуеищIэм кIуэсэн щIэздзат, адрей сабийхэм я гъусэу. Колхоз шэщ кIыхьым щэхуу дыщIыхьэрти, шхалъэм далъхьа мэкъупхъэм щыщ къатщтэрт, шыхэм я жьэм къыжьэдэттхъыным дынэсауэ. Дэ езым тшхырти, ди къуэш нэхъыщIэ Сэлихьи къыхуэтхьырт. Зыбжанэрэ ди адэми езгъэшхыну сигу къихьат, ауэ, зэримыдэнур си гум жиIэри, сытегушхуатэкъым. Iуэхур зыIутыр къищIа нэужь, сызэрыщымыуар наIуэ хъуащ. «Псэущхьэ нэхъей, ар фшхыуэ фи щхьэми лъэпкъми я напэр тефх нэхърэ, зывгъэмэжэлIамэ фи пщIэр нэхъ инынт», — къыджиIащ ди адэм.
- Си пыIэщIэм и хъыбарыр
- Шэджагъуэ нэужьыфI хъуат. Япэу сщIар сыт жыпIэмэ, бэзэрым сыкIуэри, фурашкIэрэ щIакхъуэ хужьрэ къэсщэхуащ. ПыIэщIэр щхьэрыстIагъэри, ди къуажэдэсхэр къалэм къыщыкIуэкIэ къыщыувыIэ хабзэ щIыпIэм секIуэлIащ. Абы Пэрэныкъуэ Хьэжмусэ къыщызгъуэту сыздишэжынкIэ сыщелъэIум, гуфIэжу арэзы хъури, си хъыбархэми гупсэхуу къедэIуащ. Дызэрежьэу, щIопщыр къызиту шыхэр сэ сигъэхуну жесIащ. «Хьэуэ» къыхимыгъахуэу, вожжэр къысIэщIилъхьэщ, зигъэукIурийри, дынэсыжыху къэхъеякъым. Ди къуажэм дыщынэсыжам, дыгъэр къухьэжырт.
- Хьэжмусэ къэзгъэушщ, фIыщIэ хуэсщIри, си ныбжьэгъухэм пыIэщIэр сщхьэрыгъыу сыкъалъэгъуамэ арат жысIэу, къуажэм сыкIуэцIрыкIа щхьэкIэ, ди унэм сынэсыжыху зыри къысхуэзакъым.
- ПщIантIэм сызэрыдыхьэжу, япэу къэслъэгъуар шэмэджыр игъэжану IущIыхьым тет си адэрат. Шэч хэлътэкъым абы сыкъызэрилъэгъуам, ауэ гу къыслъимыта нэпцI зищIащ, уеблэмэ и IэбэкIэм зихъуэжакъым. Псы пэгун иIыгъыу унэм щIэлъэдэж ди анэм куэбжэ макъыр щызэхихым, къаплъэри къыщIэпхъуащ. «А, ди Тхьэ! Си къуэр къэсыжащ», — жиIэурэ IэплIэ къысхуищIырт, и нэпсхэр щIилъэщIыкIыурэ. СыIуигъэкIуэтщ, сызэпиплъыхьри, ди адэм еплъурэ къыдыщIигъуащ: «ФIыуэ къэбэтащ мыр!»
- Ди адэр къысIуплъэщ, шэмэджыр игъэтIылъри, и нэщхъыр зэхэлъыпэу зыкъысхуигъэзащ: «Мыдэ къэкIуатэт, щIалэ». Сеплъыхыурэ сыбгъэдыхьащ, къызэрызэуэнум шэч къытезмыхьэу. Ауэ сыщыуат. Абы и пIэкIэ ар къэIэбэщ, пыIэр сщхьэрихри жыжьэу Iуидзащ. ИтIанэ щэхуу, ауэ зэхэщIыкIыгъуэу къызжиIащ: «Урыс зыпщIыну ухуемыжьэ, си щIалэ цIыкIу! Армыхъумэ, адыги урыси къыпхэкIынукъым. КIуэ!»
- А псалъэхэри ахэр ди адэм зэрыжиIа макъри игъащIэ псокIэ сигу къинащ. Иджы сызоплъэкIыжри, абы нэхърэ нэхъ губзыгъагъэ зэи зэхэзмыхауэщ къызэрысщыхъур.
- Нэмыцэ шыгуху
- сыщIэхъуам и
- щхьэусыгъуэр
- Нацист хабзэм и уэчылхэм я гущIэгъуншагъэр ди къуажэм 1942 — 1943 гъэм и щIымахуэм нэхъ гуащIэжу щызыхащIащ. А илъэс дыдэм и бжьыхьэм нэмыцэхэм ди къуажэм джэду дэтыр яухати, япэ уэсыр къызэрытрилъхьэу, абыхэм, румынхэм ещхьу, къуажэдэсхэм я мэкъумылэр къытрахын щIадзащ, лъаIуэми тхьэджэми я хьэтыр ямылъагъуу, арати, цIыхухэм Iэщым ирагъэшхын къахуэнатэкъым.
- А зэман дыдэм нэмыцэ комендантыр тешанкIэм ису ди къуажэм къакIуэри, Уэжбэнокъуэ и унэм къыщыувыIат. Гъэру къаубыда урыс гуэр шыгухуу игъэлажьэрт абы. Зэгуэрым Отрадный совхозым къикIыжу гъуэгу тет пэтрэ, партизанхэр мэзым къащыпэтIысри, а шыгухур яукIат. Иджы зэрыкъуажэу дызэхуишэсри, къытеуа партизанхэм зэрахурикъужамкIэ зигъэщIэгъуэн иуха нэужь, зыгуэр езым и гукъыдэжкIэ шыгуху дыхуэхъун хуейуэ унафэ къытхилъхьащ. Зыми апхуэдэ гупыж щимыщIым, махуищ пIалъэу къыдитри ежьэжащ.
- Тхьэмахуэ дэкIа нэужь, комендантыр къэгубжьарэ и фэм имыхуэжу къытIуощIэ. «Нэмыцэхэр флъагъу зэрымыхъур наIуэу къэвгъэлъэгъуащ фэ, итIани фхуэмыхъуурэ шыгуху къызэфтынущ», — къытхэкIиящ ар. ЖиIэр дымыгъэзащIэмэ, зэрыкъуажэу Енэм деж ихуу гъущI гъуэгум зэрыщигъэлэжьэнур ди фIэщ ищIащ. «Къуажэм дэкIыну хуежьэр си IэкIэ сукIынущ!» — дыкъигъэгугъащ абы быдэу. Псалъэ жагъуэхэр къыткIэлъидзыжри, дызэбгриутIыпщыкIыжащ.
- Комендантым зэрифIэщым шэч къытесхьэртэкъым. Езыр къызыхэкIа лъэпкъым нэхърэ нэхъ лъагэ щымыIэу къэзылъытэ лейзехьэ бзаджэм и напIи мыхуалэу дызыщигъэщтар хуэщIэнут а щIымахуэр зи щIыIагъым. «Сыт тщIэн хуейр?» — сеупщIащ Къырмыз и Iэр сыубыдри. «Сыт зи гугъу пщIыр?» — къызэупщIыжащ ар. «Нэмыцэ комендантым жиIэр зэхэпхкъэ?»
- Абы жэуап къызимытыжу и дамащхьэхэр щыдригъэуейм, си адэм хъыбар мыщIагъуэр хуэсхьри сыкIуэжащ. «ЖаIар ящIэнущ, узижагъуэн и махуэхэщ», — къэнэщхъеящ ари.
- «Ди адэ, зыгуэр къэдмыгупсысу хъунукъым. Ди цIыхубзхэр мы щIыIэ уаем гъущI гъуэгум ягъакIуэмэ, сэ ар схуэшэчынукъым»,- жысIэри, сыпIащIэу сыкъыщIэкIащ.
- «Уи акъылым уимыкI! — къыскIэлъыджащ ди адэр. — Зэ закъуэ нэгъуэщI мыхъуми губзыгъагъэ къызыкъуэх!»
- Сэ си Iэр сщIыри, правленэм сыкIуащ. Абдежым щыт полицайхэу Баджэ Хьэмидрэ Хъущт Хьэсэнрэ комендантыр слъагъуну сызэрыхуейр яжесIэри, занщIэу сыщIагъэхьащ. Нэмыцэ комендантыр урыс тэрмэшыр и гъусэу бургомистр ХьэкIуратэ Мухьэмэд епсалъэрт. Гу зылъезгъэтэн папщIэ, сэлам щесхым си макъым зезгъэIэтащ.
- «Сыт ухуейт?» — жиIэу ХьэкIуратэ Мухьэмэд къыщызэупщIым, нэмыцэ комендантым сепсэлъэну сызэримурадыр гурызгъэIуащ.
- Нэмыцэ комендантым ар зэхищIыкIри, урыс тэрмэшым хуеплъэкIыурэ ней-нейуэ къызэплъащ.
- «Ди къуажэдэсхэм тезыр ятримылъхьэну сыкъигъэгугъэмэ, комендантым шыгухуу сыхуэлэжьэну сыкъызэрыкIуар жеIэ», — зыхузогъазэ тэрмэшым.
- И набдзэхэр хигъэлъэту, комендантыр зэдзэкIакIуэм и псалъэхэм щIэдэIуащ.
- — Уэри? — къызэупщIащ ар, тэрмэшыр зыдигъэIэпыкъуурэ.
- — НтIэ, — естащ жэуап. — Сэ шыхэм хызощIыкI.
- — Уи лъэпкъыр къебгъэлын папщIэ шыгухуу укъысхуэувыну ара?
- — Аращ, укъыздэIэпыкъумэ.
- Комендантыр къэтэджщ, си дамэм къытеуIуэри, мыпхуэдэу къызжиIащ:
- — Еуэ! Нэмыцэ псалъэ пэж узот! Уэ пхуэдэщ «адыгэ нэс» жыхуаIэр!
- Унэм сыкIуэжри, Ваня деж къыщысхъуэжа щыгъын хуабэр щыстIэгъащ, сыкъыщыщIэкIыжым ди анэм сыкъигъэувыIащ. «ПщIэр зищIысыр къыбгурыIуэжу си фIэщ хъуркъым, си щIалэ. Уи адэр мэгузавэ».
- «КъызгуроIуэ, — жысIащ сэ. — Сэ бийм сыдэIэпыкъун Iуэху зесхуэу къыпфIэщIу ара? Хьэуэ! Сэ шыгухуу сыщIэувар си лъэпкъыр нэмыцэм и тезырым къезгъэлын щхьэкIэщ!»
- Апхуэдэу нэмыцэ шыгухуу лэжьэн щIэздзащ. Ауэ лэжьыгъэм сыпэрыхьэн ипэ, абы аргуэру зы урыс гъэр шыгухуу къищтэри, сэ сиутIыпщыжащ. Абы къыхэкIыу, ди къуажэдэсхэр тезырым къезгъэлауэ сегупсысырт.
- Языныкъуэхэм къафIэщIынкIи хъунщ сэ шыгухуу сыщIэувар нэмыцэхэр фIыуэ зэрыслъагъум къыхэкIауэ. Ар пэжкъым. Си дежкIэ ахэр си хэкур зыубыда зэрыпхъуакIуэ нэпсейхэт, я нэм къыфIэнэ псори зралъэфалIэрэ къадэхуэр зэтракъутэу, цIыхухэр зыгуэрым хуэныкъуэнкIи зэрыхъунур къафIэмыIуэхуу, езыхэм я хабзэр зэрыпхагъэкIыным хъийм икIахэрэ гущIэгъуншэу яужь иту. Езыхэр зиусхьэну щытыну зыхуэфащэ лъэпкъым къыхэкIауэ залъытэжырт, мыдрей псори ягъэшынэурэ пщылI IумпIафIэ зэращIыным хущIэкъухэрт. Урыс-Кавказ зауэр иуха нэужь, пащтыхьым и генералхэм ди щIыналъэм къыщащта хабзэ ткIий дыдэхэрат нэмыцэхэми къызэкъуахыр. Пащтыхь тетыгъуэр лъэныкъуэ ирагъэзу, утыку къихьа коммунистхэми ардыдэрат ядэтлъэгъуар. А псори зэщхьт си дежкIэ. Ди лъэпкъыр пщылIыпIэ ирагъэувэн папщIэ, зым и ужьым адрейр иту ди щIыналъэм къихьа гупт ахэр. Хэкур зэрапхъуэри, хуитыныгъэри тпаубыдат. Нэмыцэхэр къакIуэри, нэхъеиж хъуа къудейт. Колхозхэр факъырэ дыдэ ящIауэ, улэжьэныр нэхъ гугъужу. ЗэхъуэкIыныгъэу мыбыхэм къахьар сыт жыпIэмэ, «председатель» псалъэр «бургомистр»-кIэ зэрахъуэжа закъуэрат. Совет къэралым танкхэм узэребгъэрыкIуэну къуэхэр, хы щымыIэхэр зраутIыпщхьэн кIэнауэхэр къыдигъэтIу щытамэ, нэмыцэхэм я машынэхэм къыщажыхьыну гъуэгухэм телъ фIейр Iудагъэхырт. ЦIыху тIощIым нэблэгъэн бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ жэщ-махуэ ямыIэу гъуэгухэр ягъэкъэбзэн хуей хъурт. Тохъутэмыкъуейрэ Шэнджийрэ я зэхуаку дэт гъуэгушхуэр ягъэкъабзэу тетхэрт, уэшх-уэс, щIыIэ-хуабэ щхьэкIэ къэмынэу, махуэ къэс километриблым нэс зэлъагъэIэсу. Нэмыцэхэр дэкIыжыху апхуэдэу щытащ.
- Ди анэр зэрыщIэслъхьэжар
- Нэмыцэхэм ди анэр кхъэм щыщIэслъхьэнкIэ зы Iэмал имыIэу къызжаIащ. Псори ди адэм жесIэжри, ди пщIантIэм щыщIэтлъхьэну мурад тщIащ. ЦIыхубзхэр къызэрыддэIэпыкъунур сщIэрт, ауэ унэм щIэбгъэкIмэ, шэ къатехуэнкIэ хъунути, ди адэм мащэр къэстIын зэрыхуей щIыкIэмкIэ сеупщIащ, ар къызгуригъэIуэху и нэпсхэр къежэхыу.
- Унэм сыкъыщыщIэкIам лъэныкъуитIымкIэ къиукI зауэлIхэм иджыри зэхэуэн щагъэтатэкъым. Нэмыцэхэм ятеуэ совет сэлэтхэм я «урахэр» зэхэпхырт, езы нэмыцэхэми пулемёт ягъауэ зэпытт. Урыс сэлэтхэм нэмыцэшэхэр лъэныкъуэ псомкIи къащытелъалъэрт, езыхэри мыувыIэу абыхэм къебгъэрыкIуэрт. Бел къасщтэри, ди джэдэщыр зыхуэзэм деж мащэ къыщыстIын щIэздзащ. Уэс лъабжьэм щIэлъ щIыр щтати, шхэпс щыхуам ещхьу белым къыкIэрыпщIэрт. Шэхэр си щхьэщыгум щхьэпрылъэтурэт сызэрытIэри, зэманыфI ихьащ мащэр хьэзыр хъуным. Абы иужькIэ медсестрахэм уIэгъэхэр зэрызэрахьэ пкIэлъейр къасщтэри дэкIуеипIэм тезгъэуващ. Бзылъхугъэхэр къыздэIэпыкъуурэ ди анэр абы теслъхьэри, цIыхубзхэм унэм къыщIэмыбэкъукIыну псалъэ быдэ къеIысха нэужь, ди анэм и хьэдэр зытелъ пкIэлъейр пщIантIэ щIыбагъым къыщыстIа мащэм деж слъэфри щыщIэслъхьащ. Ди анэ тхьэмыщкIэр… «ФIы щIэи, псым хэдзэ» — арат абы и псэукIэ хабзэр. И гъащIэм и иужьрей дакъикъэр къэсыхукIи абы тету псэуащ. Тхьэм увыIэпIэ тынш къритауэ къыщIэгъэкI.
- «Я Алыхь, афIэкIа
- сумыгъэмэжалIэ!»
- ЩIэпхъуэжахэм гъусэ захуэсщIу сыхьэт дэкIа нэужь, хамэхэм сазэрыхэзэрыхьар къызгурыIуащ. Япэрауэ, ахэр псори урыст, зэрыцIыхухэрти зэпсалъэрт. Уеблэмэ, урыс станицэ гуэрым жэщыку хъуауэ дыщыдыхьам, я унэ исыжым ещхьу бжэхэм теуIуэхэурэ жэщым щагъэIэну лъаIуэхэрт. Сэ егъэлеяуэ сыукIытэхт, ар схуэмыщIэну, апщIондэху си гъусэхэм зырыз-тIурытIурэ къуажэм зыдаугуашэри, си закъуэу сыкъэнащ.
- СымэжалIэрт. ЩIыIэм сисырт. Егъэлеяуэ сешат, итIани хуэмурэ сыкIуэрт, уэсым сыхэтIысхьэу щIыIэм симысын щхьэкIэ. ЗэрымыщIэкIэ, мылпыж къыпысщIыкIыу жьэдэслъхьэн си мураду сыщыIэбэм, пщIантIэ гуэрым мэкъу Iэтэ дэлъу къыщыслъэгъуати, абы сыхэгъуалъхьэри тIэкIурэ сыжеящ. Мэкъум сыкъыхэкIыжри гъуэгум къэзакъ щIэпхъуэжа гупым сащыхуэзащ. ХьэтIрамтIыгу е Суворово-Черкесский къуажэр здэщыIэ лъэныкъуэр сагъэлъагъуну селъэIуащ абыхэм. Ар къызжаIэн ямыух щIыкIэ, гъуэгум уэсым хэлъу телъ щIакхъуэ IыхьэфIым си нэр техуащ.
- СыкъэувыIэщ, къэзакъхэр блэкIыным сыпэплъэри, щIакхъуэр къэсщтащ. Ар зэщIэщтат, тIэкIуи гъуэтат. Быдэу субыдщ а щIакхъуэ Iыхьэр, лъэгуажьэмыщхьэкIэ уэсым сыхэувэри тхьэ селъэIуащ: «Я Алыхь, афIэкIа зэи сумыгъэмэжалIэ!» Арат нэхъ гукъинэжу а гъуэгум къыщысщыщIар. Ауэ уасэ зимыIэ гъэунэхугъуэхэм сыпхыкIат, сымыукIытэу жэщым сыщагъэIэну сылъэIуэфыным, хамэм шхын къеIысхыфыным сытемыгушхуэу зэрымыхъунур къызгуригъаIуэу.
- ЩIэпхъуэжахэр Совет
- Союзым зэрыратыжар
- Мы дунейм зэгуэр зы лей щызекIуауэ щытмэ, ар 1945 гъэм Австрием, Драу псыежэхым и Iуфэм деж, Совет Союзым и тетыгъуэм щыщтэу щIэпхъуэжахэр къэралым къызэрыратыжарщ, ар апхуэдэ щапхъэхэм я нэхъ Iей дыдэу щымытмэ. Сэ слъэгъуар а щIэпхъаджагъэм и Iыхьэ мащIэрщ, ауэ ари тхылъеджэм хурикъунущ абы щыгъуэ зэрахьа лейм и инагъымрэ и гущIэгъуншагъымрэ и нэгу къыщIигъэхьэн папщIэ. ЩIэпхъуэжахэм я хэщIапIэхэм сахэплъэу, шэщым ЩэрэлIокъуэхэ я унагъуэм я гъусэу сыщIэст, мафIэгухэр къызэрыIухьэр къыщыслъэгъуам. Шэрхъхэм гъуахъуэу зыхатIэри, инджылыз сэлэтхэм вагонхэм къищэщын щIадзащ. Абыхэм щIэпхъуэжахэр къаухъуреихьурэ мафIэгум лъэщыгъэкIэ ирагуэрт. Абы гу лъызыта цIыхухэм нэхъ зыщышына дыдэр къызэрысар асыхьэтым къагурыIуэри гужьеяхэщ. Абдеж дыдэм я псэр щыхахыныр нэхъ къащтэнут абыхэм, хуэм-хуэмурэ Сыбыр лъэхъуэщхэм илIыхьын нэхърэ. Хы къэукъубеям хуэдэт а тхьэмыщкIэ къомыр. Инджылыз сэлэтхэм зыIэщIаудын я гугъэу, цIыху толъкъунхэм адэ-модэкIэ задзырт. Ахэр зыхуэмыубыд инджылыз сэлэтхэр абыхэм фоч лъэдакъэкIэ яхэуэрт, модрейхэм захъумэжыну хуежьэрт, псори зэзауэрт. Британ сэлэтхэм ахэр зырызурэ къаубыдырти, вагонхэм иракуэурэ бжэр ягъэбыдэжырт. ЦIыху балигъхэр зафыщIыжу гъыхэрт, къару къахуэнэжамкIэ я псэр яхъумэжыну хэту. Бзылъхугъэхэр цIыхухъухэм ябгъэдэту зауэхэрт, сабийхэр зэщIэгъуагэрт… «Сыт цIыху лIэужьыгъуэ мы инджылызхэр, — сегупсысырт сэ. — ГущIэгъу зи цIэ яхэлъкъым, цIыхугу якIуэцIылъкъэ мыбыхэм? Дауэ лейзехьэ ерум цIыхухэр зэрыпэщIэбдзэнур, асыхьэтым зэраукIынур, е игъащIэкIэ лъэхъуэщым зэрырагъэсынур пщIэуэ?»
- Сигу хэщIырт. Сэ гушхуэныгъэм сыхапIыкIат, сыт хуэдэ зэмани тхьэмыщкIэхэмрэ къарууншэхэмрэ садэIэпыкъуныр къызэрыстехуэр зыхэсщIэу. Иджы тхьэмыщкIэхэмрэ къарууншэхэмрэ цIыхуукIхэм зэрыIэщIалъхьэр си нэгу щIэкIырт. Адрейхэм емыкIу ямыщIэжу хьэдэхэр яхъунщIэрт. Дауэ ар? Си нэхэм нэпсхэр щIэз хъуащ.
- ДэIэпыкъуэгъу
- къызогъуэт
- Адыгэ гуп Хьэшимит пащтыхьыгъуэр щытепщэ Трансиордание къэралым зэрыщыпсэур щызэхихым, ЩауэпцIыкъуэ Чэрим и нэмыцэ машинэр ищэжри, 1947 гъэм Амман кIуащ. Абы Мырзэ-пащэрэ адрей адыгэ лIыщхьэхэмрэ щахуэзэри, ахэр зыдигъэIэпыкъуурэ пащтыхь Абдаллэ Езанэм гурыIуащ щтапIэ лъыхъуэ адыгэхэр къэралым иригъэхьэну.
- Арат ар дэ дыздэщыIэ Реджио Эмилия къалэм къыщIэкIуар. Адыгэхэр щефIакIуэ, тепщэгъуэми дзэми къулыкъушхуэхэр щаIыгъ а щIыпIэм кIуэуэ яхэтIысхьэну езыми и гъусэхэми зэрызагъэхьэзырыр къыджиIат ЩауэпцIыкъуэм. Iуэхур зыIутыр къыдгуригъаIуэри, гъусэ захуэтщIыну дыхуейрэ дыхуэмейрэ къыдэупщIащ. ЗалымыгъэкIэ Совет Союзым дагъэкIуэжыным дыкъезыгъэлын нэгъуэщI Iэмал зэрыщымыIэр къыдгурыIуакIэти, Чэрим гурэ псэкIэ фIыщIэ хуэтщIырт. А зэманым Трансиорданием дэнэ къэна, дунейм и сыт хуэдэ кIапи дыкIуэнт, дызыхэхуа бэлыхьым дыкъыхэкIын папщIэ. Чэрим ди цIэхэр, дыкъыщалъхуа щIыпIэмрэ илъэсымрэ итхщ, ди тхылъхэмрэ сурэтхэмрэ зэщIикъуэри ежьащ.
- Амман
- сызэрыщылэжьар
- Амман щекIуэкI си псэукIэщIэр зэрекIуэкIыр мыпхуэдэ щIыкIэут. ХьэщIэщым сыщылажьэрт, щIыналъэм ис адыгэхэм сахуэзэрт, псэлъыхъу зэхуэсхэм, джэгухэм си ныбжьэгъущIэхэу БатIэхэ Юсуф, Зэки, Дагъыстэн Фози сымэ я гъусэу сыкIуэрт. Абыхэм сакъыкIэрымыхун папщIэ, екIурэ ещхьу зысхуэпэн хуейти, ахъшэ зэхуэсхьэсри, инджылыз туфлъитI зэзгъэпэщат, Нэгъуч Уэсмэн деж динаритхукIэ къыщысщэхури; инджылыз щэкI пIащIэм къыхэщIыкIауэ кIэстум зэфIэт морэ езгъэдат, галстукрэ бжьэхуцхэкI футболкэ хужьитIрэ къэсщэхуат. Джентльмен дыдэм ещхьу зысхуапэрт, си ныбжьэгъухэми сахэгъуащэрт, сыкъэзылъагъум хьэкъущыкъутхьэщIу сылажьэу игъащIэкIи игу къэкIынутэкъым.
- Си ныбжьэгъухэм саригъусэурэ, Амман щыщу адыгэбзэ зымыщIэ адыгэ щIалэ зыбжани зэзгъэцIыхуат. Уигу хэзыгъэщIыр абыхэм зэрызагъэщIагъуэрт. Нэхъыбэу зэрыпсалъэр хьэрыпыбзэт, зыхэпсэукI щэнхабзэм зыдрагъэкIуныр япэ ирагъэщырт, езыхэм ейр яхъумэным и пIэкIэ. Куэд хъуртэкъым апхуэдэ ныбжьыщIэхэр, ауэ лъэпкъыр къызэтенэным зэраныгъэшхуэ къыхуэзыхь а Iуэхугъуэр шынагъуэт.
- Тыркухэм зэрахуэлэжьам щхьэкIэ Амманрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ къыщрата щIы хуитышхуэхэм тес адыгэ бейхэр ефIакIуэрт. Хьэшимит къэралыгъуэм иубыд щIыналъэм и нэхъыбэр мывалъэу, къэкIыгъэ щIагъуэ темыту плъагъу щхьэкIэ, щIым зыгуэру къэкIыгъэм хурикъун псыр зыщIишэрти, адыгэхэм илъэс къэс гъавэ хъарзынэ Iуахыжу зрагъэсат. Амман дэс адыгэ куэдым щIы куэд ябгъэдэлът. Унэ тращIыхьым, тыкуэнхэр къызэIуахыурэ, абы къыщIах ахъшэмкIэ я бынхэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щрагъаджэрт: Ливаным, Мысырым, Алыджым, Инджылызым, Тыркум, Италием, Германием. Къулыкъу лъагэхэр тепщэгъуэми, дзэми, полицэми щаIыгът. Нэхъ Iулыдж зиIэхэм ящыщу зэрыщытым нэмыщI, адыгэ хэIэтыкIахэм цIыхухэми, къэрал тепщэхэми пщIэ зыхурагъэщIыфырт. ИтIани кIуэ пэтми нэхъ гуащIэу хьэрыпхэм яхэшыпсыхьыжырт, адыгэ щэнхабзэри бзэри зэрыкIуэдыжыр наIуэу. Адыгэбзэр къафIэмыIуэхуу, инджылызыбзэм, хьэрыпыбзэм зратырт куэдым.
- ЕтIуанэ Iуэхугъуэу лъэпкъыр хэзыгъэкIуэдэжыр сыт жыпIэмэ, ар нэчыхьыпщIэр егъэлеяуэ зэрылъагэрт. Абы къыхэкIыу, хурикъун ахъшэ зэхуэзымыхьэсыф адыгэ щIалэхэр фызкъэмышэу къанэрт, бэгъуэным и пIэкIэ, я бжыгъэр хэщIырт. АпщIондэху хьэрып къулейхэм адыгэ хъыджэбз дахэхэр яшэрт. Ещанэ щхьэусыгъуэр диным епхат. Иорданиемрэ Сириемрэ я ныбжь хэкIуэтауэ ис адыгэхэм къащIэхъуа ныбжьыщIэм псэгъу ищIыр муслъымэн лъэпкъым щыщ закъуэмэ, арэзы хъухэрт. Ауэ Iуэхур абы къытенэмэ, адыгэ мащIэр нэхъ мащIэж зэрыхъунур гурыIуэгъуэт.
- Дауи, хьэрыпхэм яхэшыпсыхьыжыным щыщтэ адыгэ куэди щыIэт. Абыхэм къагурыIуэрт, къызэтенэн папщIэ, хэкум ягъэзэжын фIэкIа нэгъуэщI хэкIыпIэ зэрамыIэр. Абы къыхэкIыу, иныкъуэхэр е коммунист хъухэрт, е абыхэм акъылэгъу яхуэхъурт.
- Иужьрейхэм дэ — Совет Союзым къыIэщIэкIа адыгэхэр — дыкъалъагъу хъуртэкъым, коммунистхэр зэрыдубым щхьэкIэ. ИтIани къакIуэхэурэ хэкум теухуауэ упщIэ къыдатырт. Зэгуэр, гъэ къэс колхозым къэралым ириту щыта гъавэм сытепсэлъыхьрэ пэт, Дыгъужь Умар, илъэс плIыщ хъу бухгалтер щIалэ къуданыр зэрыдыхьэшхар сощIэж: «Дэнэ щыIэ иджы а гъавэ бэвыр?» Ар жиIэри, езыри дыхьэшхыжащ. Абы зэримыщIэр наIуэт Совет Союзымрэ Политбюромрэ дунейпсо гуащIэрыпсэухэр ягъатхъэурэ къыдахьэхын папщIэ, езыхэм я мэкъумэшыщIэхэр шхын щхьэкIэ ягъалIэу, а гъавэр хамэ къэралхэм ирагъашэу зэрыщытар.
- Зыгъэхьэзырар
- ЧЭРИМ Марианнэщ.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).