И цIэр макъамэу мэIу
2019-04-09
- Налшык Музыкэ театрым щекIуэкIащ Урысейм и цIыхубэ артист, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м, Къалмыкъым я цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Темыркъан Борис теухуа пшыхь. Композиторыр илъэс куэдкIэ и унафэщIу щытащ Урысейм и композиторхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм, ар КъБР-м и Жылагъуэ палатэми хэтащ.
-
— Пщыхьэщхьэр нэжэгужэу екIуэкIмэ, ди гуапэщ. Сыту жыпIэмэ езы Борис щытащ нэжэгужэу, нэфIэгуфIэу. ДыгуфIэу дигу къэдвгъэгъэкIыж, — къызэIуихащ пшыхьыр КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- Темыркъан Борис теухуа псалъэ гуапэ пшыхьым щыжиIащ КIуэкIуэ Виолеттэ.
- — Апхуэдизу цIыху нэфIэгуфIэт, жыджэрт, гуащIэшхуэ хэлъти, уеплъамэ, игъащIэкIэ псэуну уигъэгугъэрт. Си гум хуабэу илъщ Борис,- къыхигъэщащ абы.
- КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат жиIащ Правительствэм къыбгъэдэкIыу утыку къихьа пэтми, пшыхьым щIэсхэм шынэхъыщIэм и псалъэкIэ захуигъазэмэ зэрыфIэфIыр:
- — ШынэхъыщIэкIэ къызэджэу щытащ Борис. Апхуэдэу къызэрысхущытым сиIэтырт, сигъэгушхуэт. Сэри сыхуейщ нобэ абы шынэхъыщIэм и псалъэ хужысIэну. ГъащIэр фIыуэ илъагъурт, дахэу гушыIэрт. ЖиIэу зэхэсха Iущыгъэ куэд си бзэгупэм пылъщ сыт щыгъуи. «Девгъауи, ныщхьэбэ дызэхуэвгъазэ. Дэр-дэру дызыщывгъэтхъуж — фIыщIэ зэхуэдвгъэщI», — жиIэрти, дызэхуишэсырт. ЦIыху фIыуэ илъагъурт, и щхьэ ирилъытыфырт. Арат ныбжьэгъу щIикуэдри. СринасыпыфIэщ Темыркъан Борис къыщалъхуа къуажэм сыкъызэрыдэхъукIам, а цIыху щыпкъэр зэрысцIыхуам, и псалъэ Iущ сызэрыщIэдэIуам, — къыхигъэщащ Къардэным.
-
— Темыркъан Борис блэкIа зэманым иту сытепсэлъыхьыныр си гум идэркъым — абы сегъэнэщхъей. Ауэ сегъэгуфIэ нэгъуэщIым: а лIы нэсыр мы щIыгум къыщалъхуащ, дунейгъэдахэу тетащ. Республикэм егъэлъапIэ и къуэ пажэр. КъБР-м щэнхабзэм зыщиужьыным гуащIэшхуэ хилъхьащ Темыркъаным. Къалэшхуэхэм я симфоние оркестр куэдыр щызэбгрылъэлъыж зэманхэми, КъБР-м и симфоние оркестрыр зэпыу имыIэу лажьэрт, ефIакIуэрт. Сыту жыпIэмэ ар и нэIэ щIэтт Темыркъан Борис. Республикэм и къэрал филармонием Борис и цIэр зэрехьэ хуэфащэу нобэ, — Темыркъаным хужиIащ цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис.
- Пшыхьым щIэсхэм Темыркъан Борис теухуа гукъэкIыжхэмкIэ ядэгуэшащ РСФСР-м и цIыхубэ артист Гъэсашэ Наталье.
- — Жыжьэ къыщежьащ ди зэныбжьэгъугъэр — Саратов дэт консерваторием. Совет Союзым и къалэ, республикэ куэд къызэхэткIухьащ еджапIэ нэужьми. Апхуэдизу дирижёр лъэщт, макъамэр и псэм хэлъти, удэлэжьэныр гупсэхугъуэт, — пищащ адрейхэм я псалъэм абы.
- — Пашэу щытын папщIэ къалъхуат Темыркъан Борис. Абы пщIэ щиIэр къыщалъхуа къуажэм, республикэм я закъуэтэкъым. Дэнэ къыщымыхутами, уардэу яхэтт цIыхум. УзыIэпимышэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Темыркъан Борис макъамэм адыгагъэ телъыджэу хилъхьэфырт. Хабзэр, цIыху хэтыкIэр и лъым щызекIуэрт, и адэм къыпкърыкIа щэну. ТхьэмадагъэкIэ Борис зыри ебгъэпщэфынутэкъым — Iэнэм адыгэ хабзэр зэрыщызэрихьэр телъыджэт. Композиторым макъыр и пIэм зэрыригъэувэм хуэдэ дыдэу, Борис хабзэм и Iыхьэ дахэхэр Iэнэм щызэблигъэкIырт. Шыгъу-пIастэкIэ сыту хьэлэлт! Ар и анэм къыпкърилъхьат, — жиIащ КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI ХьэIупэ ДжэбрэIил икIи Темыркъан Борис теухуа мурад дахэ зэриIэри къыхигъэщащ:
- — Композиторхэм я союзым и унэм сыщIыхьэху, Борис щылэжьа пэш нэщIым зы гугъэ сигу къыхуокI — ар абы и пэш сщIыну сыхуейщ. Псори мэкIуэдри, уэрэдыр къонэ — дунейм адыгэ тетыху Темыркъан Борис и уэрэдыр Iунущ!
- — Темыркъан Борис уэсяту къигъэнат Бетховеным и ебланэ симфонием и етIуанэ Iыхьэр къыхуегъэуэжыныр, — жиIащ Къумахуэ Мухьэдин. СимфониемкIэ пшыхьыр зэхуащIыжащ.
- НафIэдз Мухьэмэд.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.