Археологиемрэ туризмэмрэ
2019-04-09
- Ди гуапэ зэрыхъунщи, зи нэгу зезыгъэужьыну ежьэхэм куэд яхэтщ здэкIуэ щIыналъэхэм ижькIэрэ щыпсэуа лъэпкъхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадекIуэкIа щэнхабзэм, архитектурэм, тхыдэм щыгъуазэ зыхуэзыщIын зыфIэфIхэри. Апхуэдэ «гъуэтыгъуэ» ахэр изыгъахуэ IэмалыфIхэм ящыщщ «Археологие туризм» зыфIаща унэтIыныгъэщIэри.
- Апхуэдэ мурад зиIэу ежьэхэм этнографие музейхэм щIэлъ Iэмэпсымэхэм, хьэпшыпхэм «нэIуасэ» зыхуащI, лъэхъэнэ жыжьэхэм къащIэна ухуэныгъэжьхэр къаплъыхь, тхыдэм и хуэмэбжьымэхэм «яжь» къыщыпщIихуфыну лъэс лъагъуэ- хэм къыщакIухь.
- Тхыдэ щIэныгъэм зыщеужь
- Иужь зэманым жылагъуэм къыщыунэхуа IуэхугъуэщIэхэм ящыщщ цIыху къызэрыгуэкIхэр, езыхэм я жэрдэм хэлъу, археологие къэхутэныгъэхэм пыщIа щIытI лэжьыгъэхэм зэрырашалIэри. Ахэр, инэхъы-бэм, офисхэм щIэсхэрщ, менеджер IэнатIэм Iутхэрщ, нэгъуэщI IэщIагъэхэм хуеджэхэрщ — къахудэхуэ зэманыр сэбэп пылъу къэзыгъэсэбэпыну хущIэкъухэрщ.
- Мы зэманым археологие туризмэм нэхъ зыщиужь щIыпIэхэм ящыщщ ди къэралым и Краснодар крайр, Уралым и ипщэ, и ищхъэрэ лъэныкъуэ-хэр, Алтай хэгъэгур, Соловец хытIыгухэр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди республикэри археологие туризмэм нэхъ зыщебгъэужьыфыну щIыналъэхэм хабжэ.
- Краснодар крайр, зэрытщIэщи, адыгэхэм ижькIэрэ ди Хэкужьу щыта щIыгужьщ. Ар археологие и лъэныкъуэкIэ къулеягъэ нэхъыбэ дыдэ здэщыIэ щIыпIэхэм хабжэ. Мы щIыналъэм (Адыгэ Республикэри хэту), мывэ лIэщIыгъуэкIэ дызэджэ зэман жыжьэм къыщыщIэдзауэ курыт лIэщIыгъуэхэм я деж къэсыху, адыгэхэм нэмыщI, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщ гуп щхьэхуэхэри исыгъащ. ИкIи, щIэныгъэлIхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, абыкIэ щыхьэтщ ди щIыгур хэщIапIэ зыхуэхъуауэ щыта лъэпкъхэм ящыщ дэтхэнэми псэукIэу яIамрэ щэнхабзэу зэрахьамрэ уи нэгу къыщIэзыгъэувэж хьэпшыпыжьхэм адэкIэ-мыдэкIэ узэрыщрихьэлIэр.
- Абыхэм ящыщу, адыгэхэм нэхъ дэгъэщIылIауэ къалъытэ:
- Мейкъуапэ щэнхабзэр — ди эрэм ипэкIэ, илъэс мини 3-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Темэн хытIыгуныкъуэм къыщыщIэдзауэ Шэшэным нэс зыщызыубгъуауэ щытар;
- Испы унэхэм (дольменхэм) я щэнхабзэр — ди эрэм ипэкIэ, илъэс 2900-м къыщыщIэдзауэ 1300-м къэсыху узэIэбэкIыжмэ, Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIар;
- Мэуэт щэнхабзэр — ди эрэм ипэкIэ, илъэс мини 2-м и кIэуххэм къыщыщIэдзауэ миным и пэщIэдзэхэм къэсыху, Азов тенджызым къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и Iуфэмрэ хы ФIыцIэм и ищхъэрэ-къуэкIы-пIэ псыIумкIэ зыщызыужьауэ щытар.
- Къыхэгъэщыпхъэщ, Адыгэ Хэкум «тхыдэ-щэнхабзэ» фIэщыгъэми хуэкIуэу, археологие мыхьэнэи яIэу, щIыпIэ гъэщIэгъуэн куэд дыдэм узэрыщрихьэлIэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Iуащхьэжьхэр, испы унэхэр, къалэжь-кхъэхалъэжьхэр, нэгъуэщIхэри — псори зэхэту зи бжыгъэр мин 58-м щIигъухэр.
- Iэмалхэм зегъэужьын
- Сыт атIэ щIэн хуейр, «Археологие туризм» зыфIаща унэтIыныгъэщIэм щIыналъэхэм зыщебгъэужьын папщIэ?
- А Iуэхум пыщIа IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, псом япэрауэ турист инфраструктурэр егъэфIэкIуэн, тхыдэ-щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ щIыпIэхэр хьэщIэхэм «къахузэIухын», тхыдэ-археологие щIэиныр зыхуэдэм зыгъэпсэхуакIуэхэр хэзыгъэгъуазэ туроператорхэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэн хуейщ. Археологие туризмэр къэралымрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я щIэгъэкъуэнми «зэрыхуэныкъуэм» шэч къытехьэгъуейщ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.