ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-м и ЛIыщхьэр хэтащ лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм теухуауэ екIуэкIа къэрал зэхуэсым

2019-04-09

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Премьер-министр Медведев Дмитрий лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм теухуауэ Подмосковьем махуищкIэ щригъэкIуэкIа зэхуэсым.

  • Урысейм и Президент Путин Владимир лъэпкъ проектхэм къыщыгъэлъэгъуахэр зэгъэхъулIэным хуэунэтIауэ къигъэува къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ щIыналъэхэм защIэгъэкъуэнырщ зэIущIэр зыхуэгъэпсауэ щытар. Къэбгъэлъагъуэмэ, зи гугъу ящIыр проектхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр щIыналъэхэм щызэфIэгъэкIынырщ, «май» указыщIэм щыубзыхуахэм хыхьэу ирагъэкIуэкI зэхъуэкIыныгъэщIэхэр, «Электрон бюджет» системэм и зэтеухуэкIэр, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи зыхунэсахэр хэIущIыIу щIынырщ. Щхьэхуэу зытепсэлъыхьыпхъэу къалъытащ экономикэм и IэнатIэ нэхъыщхьэхэм 2019 гъэм щызэфIагъэкIыну къыхалъхьахэм нэсыныр.
  • Къыхалъхьа Iуэхухэм тепсэлъыхьыныр зэфIэкIа нэужь, жаIахэр къыщылъыта къалэн нэхъыщхьэхэр яубзыхуащ, Урысейм и Правительствэм пщэрылъхэр щащIащ лъэпкъ проектхэр щагъэзащIэкIэ зыIууэ лъэпощхьэпохэр къызэнэкIынымкIэ щIыналъэхэм защIэгъэкъуэным тегъэщIауэ, абыхэм щIыналъэ щхьэхуэм езым ехьэлIа гугъуехьхэр щыубзыхуа пункт къуэдзэхэр проектхэм хэгъэхьэжынри хэту.
  • Зэхуэсым хиубыдэу къызэрагъэпэщащ унэтIыныгъи 10-м щытепсэлъыхьа стIол хъурейхэр. КIуэкIуэ Казбек хэтащ щIыналъэ щхьэхуэу къалъытахэм зегъэужьыным хуэгъэза Iуэхухэм щыхэплъа Iыхьэм.
  • Апхуэдэуи зэхуэсым хыхьэу щытащ Урысейм транспортымкIэ и министр Дитрих Евгений Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэри, «Автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр икIи фIыхэр» лъэпкъ проектыр зэрагъэзащIэм теухуауэ щытар. Властым и федеральнэ, щIыналъэ органхэм я унафэщIхэмрэ къэпщытакIуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэмрэ тепсэлъыхьащ транспорт инфраструктурэм хыхьэ объектхэр ухуэнымрэ гъуэгухэр укъуэдииным зегъэужьынымрэ пыщIа Iуэхухэм.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэтщ лъэпкъ проект 11-м, абыхэм хиубыдэу республикэм щагъэзащIэ щIыналъэм ехьэлIа жэрдэм 50. Ахэр «Демографие», «Узыншагъэр хъумэн», «Егъэджэныгъэ», «ПсэупIэмрэ къалэ кIуэцIхэмрэ», «ЩIыуэпс», «Автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэр икIи фIыхэр», «Лэжьыгъэу зэфIагъэкIыр зыхуэдизымрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ», «Урысей Федерацэм бжыгъэр зи лъабжьэ и экономикэр», «Щэнхабзэ», «Хьэрычэт мыинымрэ ику итымрэ, хьэрычэт жэрдэм къыхэзылъхьэхэм защIэгъэкъуэныр», «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» унэтIыныгъэхэм хохьэ. Лъэпкъ проектхэр республикэм щыгъэзэщIэным 2019 гъэм сом меларди 5-рэ мин 455-рэ хухахынущ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.