ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэрщ зыужьыныгъэм и лъабжьэр

2019-04-09

  • Иджыблагъэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ лъэпкъхэм, дин зэмылIэужьыгъуэхэр зезыхьэхэм я зэхущытыкIэхэр гъэтэмэмынымкIэ лэжьакIуэ гупым я зэIущIэ. Абы щыхэплъащ республикэм ис лъэпкъхэр зэгурыIуэнымкIэ, дин Iуэхухэр тэмэму зэтегъэувэнымкIэ мы зэманым екIуэкI лэжьыгъэхэм.

  • ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щэнхабзэмрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и комиссэм и тхьэмадэ Къудей Владимир, къэрэшей-балъкъэр щIалэгъуалэм я зыужьыныгъэм телажьэ «Эльбрусоид» фондым и Налшык къудамэм и унафэщI Анаев Мурат, «Барс-Эль» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къэбэр-дей-балъкъэр къудамэм и унафэщI Гериев Iэбузед, республикэм и «Патриот» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Эфен-                    диев ФуIэд, «КъБР-м мамырыгъэмрэ лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ щыхъумэным телэжьэн» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI ГуэбэщIыкI Жантемыр, «Балъкъэр лъэпкъым и нэхъыжьхэм я совет» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Сабанчиев Исмэхьил, балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм телажьэ «Баш-тёре» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къэбэрдей-балъкъэр къудамэм и тхьэмадэ Созаев Батал, ди хэкуэгъухэр къэгъэIэпхъуэжыным телажьэ «Пэрыт» къэбэрдей-балъкъэр щIыналъэ зэгухьэныгъэм и правленэм хэт Хьэгъэжей Беслъэн, «Политикэ щхьэусыгъуэкIэ лей зыкIэлъызэрахьахэм я ассоциацэ» зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и тхьэмадэ Щыхьмырзэ Маркс, нэгъуэщIхэри.
  • Абыхэм къыхагъэщхьэхукIащ республикэм иджыпсту щызэтрихьа социально-экономикэ гугъуехьхэр тэмэму къызэринэкIыфын папщIэ, ди щIыналъэм ис лъэпкъ псори зэгурыIуэу икIи зэакъылэгъуу зэдэлэжьэн, зыр адрейм дэIэпыкъужу екIуэкIын зэрыхуейр. КъБР-м ис лъэпкъхэм лIэщIыгъуэ куэд лъандэрэ хабзэ яхуэхъуащ хэкум и тхыдэм и зэман нэхъ гугъу дыдэхэм пэжыгъэрэ зэкъуэшыныгъэкIэ зэкъуэувэу. Апхуэдэу ахэр благъагъэкIи ныбжьэгъугъэкIи зэпыщIащ икIи апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр хуэсакъыу яхъумэну ди щIэблэм къапэщытщ.
  • Сыт хуэдэ хабзэфIхэр ди лъэпкъхэм къадемыкIуэкIми, ахэр зэкъуаудыну хущIэкъухэр щыIэщ икIи абыхэм ирагъэкIуэкI хьэгъэщагъэхэр иужь зэманым щIэх-щIэхыурэ цIыхухэм я нэгу щIокI. Апхуэдэ къарухэм тхыдэм и къэхъукъащIэхэр зэблашыну икIи гъащIэм фIыуэ щымыгъуазэ нэхъыщIэхэр гъуэгу пхэнж трагъэувэну хэтщ.
  • А псори къалъытэри, зэIущIэм хэтахэм республикэм и къэрал властым и орган зэмылIэужьыгъуэхэм, цIыхубэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зыхуагъэзащ Iуэху пыухыкIахэр зэфIагъэкIыну къыхураджэу. Абыхэм къыхагъэщащ лъэпкъ зэхущытыкIэхэр хуабжьу зыхуэсакъыпхъэ икIи егупсысауэ зыбгъэдыхьэн хуей Iуэхуу зэрыщытыр.
  • Къэрал властым и органхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэмрэ къыхураджащ цIыхухэм зэпымыууэ япыщIауэ щытыну, лъэпкъ зэхущытыкIэхэм хиубыдэу къыкъуэкI сыт хуэдэ Iуэхури и зэманым дагъэкIыну, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэнымкIэ лэжьыпхъэхэр цIыхухэм ягурыгъэIуэным егугъуну. Апхуэдэу чэнджэщхэм къыщагъэлъэгъуащ УФ-м и къэрал лъэпкъ политикэм и стратегиер ди республикэм и щIыналъэм щыгъэзэщIэным гулъытэ хэха игъуэтын зэрыхуейр икIи абы папщIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я зэфIэкIыр щIэгъэкъуэн къэщIыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
  • Хабзэхъумэ органхэм яхуэгъэза чэнджэщхэм къыщыхагъэщащ законодательствэм и мардэхэр хэIущIыIу щIыным гулъытэ хэха зэрыхуэфащэр. Апхуэдэ мардэхэм IупщIу къагъэув лъэпкъхэр зэныкъуэкъуным къыхуезыджэхэр, экстремизмэм и мурадхэр пхыгъэкIыным хуэунэтIа тхыгъэхэр къытрезыгъадзэхэр, апхуэдэ мурадхэм хуэунэтIауэ тхыдэм и къэхъукъащIэхэр зэблэзышхэр жэуап ткIийм зэрырашалIэр.
  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт псоми я мурадщ апхуэдэ Iуэху мыхъумыщIэхэр къэмыгъэхъуным, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ я Iэужьхэр къызэпыудыным, урысей законодательствэм и мардэхэм тету апхуэдэ лэжьыгъэхэр дэгъэкIыным адэкIи егугъуну.
  • ЗэIущIэм къыщащта кIэух тхыгъэм хиубыдэу ВУЗ-хэмрэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ къыхураджащ тхыдэр зэблэзышхэм япэщIэтын папщIэ, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI эксперт гупхэр къызэрагъэпэщыну, щIэныгъэм и хабзэхэм тету тхыдэм и къэхъукъащIэхэр тэмэму зэпкърызых тхыгъэхэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къытрагъэдзэну. Апхуэдэу абыхэм чэнджэщ иратащ ди республикэм ис лъэпкъхэм я блэкIам теухуа Iуэху нэхъ гугъухэр щызэпкърах конференцхэмрэ семинархэмрэ къызэрагъэпэщы-   ну икIи абыхэм зыхуэфащэ федеральнэ органхэм, УФ-м и адрей субъектхэм я экспертхэр кърагъэблэгъэну.
  • Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм яхуэгъэза чэнджэщхэм ящыщщ законодательствэм ипкъ иткIэ хуит ямыщIа жылагъуэ зэхыхьэхэр къызэмыгъэпэщыныр, апхуэдэ лэжьыгъэр къэрал властым и органхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэмрэ ящIыгъуу егъэкIуэкIыныр.
  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэтхэм зэакъылэгъуу жаIащ республикэм и жылагъуэ-политикэ гъащIэм хиубыдэу къыкъуэкI сыт хуэдэ Iуэхуми тепсэлъыхьыныр мыбы къыщызэрагъэпэщыну зэрыхьэзырыр.
  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэ.