ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Утыкур  зыгъэдахэхэр

2019-04-09

  • Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм Театрым и илъэсым ехьэлIа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. «Дискуссионная площадка: читаем, смотрим, обсуждаем. Диалог актёра и зрителя» зыфIаща пшыхьым кърагъэблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым и Музыкэ театрым и лэжьакIуэхэр, ахэр щIэджыкIакIуэ ныбжьыщIэхэм хуагъэзэн, зэрагъэпсэлъэн папщIэ. Ар къызэрагъэпэщащ библиотекэм щеджэ и пэшымрэ гъуазджэхэмкIэ къудамэмрэ я унафэщIхэу, КъБР-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэхэу Сэкрэк Заремэрэ КIуж Заремэрэ.

  • «Зи щIыхьыр ин — театр!» жиIэу блыным тетхащ, абы ищхьэкIэ щыфIэдза экран иным къытещ псалъэхэм: «Театрыр фIы куэд дунейм зэрыжепIэ хъун Iэмалщ» (Гоголь Николай) театрым и мыхьэнэм урагъэгупсыс.
  • ЗэIущIэхэр езыгъэкIуэкIа Геграевэ Зейнафрэ Нанэ Ларисэрэ къызэхуэсахэр щагъэгъуэзащ ди республикэм и театр гъуазджэм и тхыдэм, Музыкэ театрым и япэ спектаклхэр щагъэлъэгъуауэ щыта, абы и лъабжьэу къэплъытэ хъуну Къэбэрдей драмэ театрым, Балъкъэр лъэпкъ театрым я къекIуэкIыкIам. КIэщIу и гугъу ящIащ Музыкэ театрым и труппэхэм, абыхэм я лэжьакIуэ пажэхэм я гъащIэмрэ я гуащIэмрэ, нэгъуэщI куэдми. АдэкIэ абыхэм я цIэ къраIуащ я хьэщIэ лъапIэхэм: Музыкэ театрым и режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сафаровэ Тамарэ, ди республикэм щIыхь зиIэ и артисткэхэу Шэрджэс Iэсиятрэ Мамбэт Мадинэрэ, театрым и уэрэджыIакIуэхэу Мэз Джульеттэрэ Белоцерковская Дианэрэ.
  • Режиссёрым и лэжьыгъэм гъэщIэгъуэну хэлъым тепсэлъыхьащ Сафаровэр. Драмтеатрым и актёрхэм нэхърэ Музыкэ театрым ейхэр куэдкIэ нэхъ гугъу зэрехьыр жиIащ, зэрыджэгум хуэдэурэ уэрэд жаIэн, а тIур екIуу зэщIагъэувэн хуей зэрыхъум къыхэкIыу. «Ди республикэм щыкуэду схужыIэнукъым театрыр фIыуэ зылъагъухэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, — къыхигъэщащ Тамарэ. — 60 гъэхэм, иджыри сысабийуэ, слъэгъуауэ си нэгу къыщIэнащ дэкIуеипIэхэм тесу спектаклхэм цIыхухэр еплъу зэрыщытар. А зэманым къытхуегъэгъэзэжынуи къыщIэкIынукъым».
  • Театрыр фIыуэ зылъагъухэм, абы и лэжьыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм зыщызыгъэгъуэзэну хуейхэм я упщIэхэр нэхъыбэу зыхуэгъэзар артисткэхэм, уэрэд-жыIакIуэхэм я унэтIакIуэ режиссёрырат. Тамарэ абыхэм гупсэхуу, удихьэхыу жэуап къритырт. «Фи актёрхэм я зэфIэкIыр адрей щIыналъэхэм ейхэм елъытауэ сыт хуэдэ?» упщIэм и жэуапу абы жиIащ я лэжьакIуэхэр зыпэмылъэщынрэ щымыджэгуфын спектаклрэ зэрыщымыIэр. Дэнэ щIы-пIэ мыкIуами, щытхъу къызэралэжьри къыхигъэщащ.
  • — НэгъуэщI щIыпIэ сыщрагъэблэгъаи къэхъуащ, псалъэм папщIэ, Мэхъэчкъалэ. Ауэ сэ зэи си гупыр къэзгъанэу нэгъуэщI щIыпIэ сыкIуэнукъым, — жеIэ Тамарэ. — Зыхэслъхьэ щымыIэ си Iуэхум гукъы-дэж къызет, гугъэзэгъэгъуэ хызолъагъуэ. Оперэр сфIэфIщ, лъагъуныгъэр зи лъабжьэ балетри си гум дохьэ, опереттэри си хамэкъым. ЖыпIэнурамэ, кIуапIи жапIи симыIэу театрым сызыщIиубыдащ.
  • Артист бзылъхугъэхэм Iэмал яIащ я гукъэкIыжхэм щыщхэр къызэхуэсахэм хуаIуэтэну, я мурадхэм щагъэгъуэзэну, я макъ гуакIуэм щIагъэдэIуну. Шэрджэс Iэсият псалъэ щратым, къыщыщIауэ щытахэр жиIэжри, пшыхьым къекIуэлIахэм я гукъыдэжыр къиIэтащ. Абы и псалъэхэм пищэу Мамбэт Мадини жиIэжащ хъыбар кIэщI.
  • Артисткэхэм ягъэзэщIащ спектаклхэм щыщ ариехэр, лъэпкъ уэрэдхэр, совет композиторхэм я IэдакъэщIэкI цIэрыIуэхэр — сыт хуэдэ макъамэ лIэужьыгъуэми зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр наIуэ къащIу. СыхьэтитIым нэблагъэкIэ екIуэ-кIа зэIущIэр абы щIэсахэм гукъинэж зэращыхъуам шэч хэлъкъым.
  • ИСТЭПАН  Залинэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.