ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2019

«Сочэ-2019»: КIуэкIуэ К. В. хэтащ «ХьэщIагъэм  и экономикэ: нобэрэпщэдейрэ» сессием

2019-02-16

  • Урысейм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ Урысей инвестицэ зэхуэсышхуэм хиубыдэу ирагъэкIуэкIащ «ХьэщIагъэм и экономикэ: нобэрэ пщэдейрэ» сессиер. Абы хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, къэралым и щIыналъэхэм я унафэщIхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дызэрыт илъэсым республикэм хьэзыр щащIынущ социальнэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэу 30-м щIигъу

2019-02-16

  • Иджыпсту сабии 140-м ятещIыхьауэ Белэ Речкэ къуажэм щаухуэ садымрэ Аргудан къуажэм сабийуэ 160-рэ щIэхуэну щащI садымрэ нагъэблэгъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Адыгэ  псалъэм» Iэ тевдзэ

2019-02-16

  • ПщIэ зыхуэтщI ди щIэджыкIакIуэхэ!
  • 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм я Iэ тедзэгъуэр иухащ, ауэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу абы фыкъыкIэрыхуамэ, ар вгъэзэкIуэжыфынущ. Апхуэдэу, «Адыгэ псалъэ» газетыр дызыхуэкIуэ гъатхэпэм къыщыщIэдзауэ ныфхуахьынущ, мы мазэм и 25 пщIондэ абы пощтхэм Iэ щыщIэвдзмэ.
  • МазиплIым ди газетым и уасэр сом 408-рэ кIэпIейкIэ 52-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-02-16

  • Мазаем и 16, щэбэт
  • Литвам щагъэлъапIэ Урысеймрэ Германиемрэ я унафэм къыщIэкIыу я къэралыгъуэр щызэфIагъэувэжа (1918 гъ.) махуэр
  • 1571 гъэм Грозный Иван Iэ тридзащ «Плъырхэм, гъунапкъэхъумэ IэнатIэхэм я IуэхукIэ» унафэм. Аращ Урысейм и дзэм теухуа япэ хабзэу къалъытэр.
  • 1722 гъэм Пётр Езанэм къыдигъэкIащ «Пащтыхьыгъуэр зылъысынум теухуауэ» унафэр. Пащтыхьыр текIа нэужь абы и пIэ и къуэ нэхъыжьыр иувэу зэрыщыта хабзэр икъутэжащ а унафэм. Иджы къэрал унафэр зыIэщIэлъынур зыгъэувынур пащтыхьырт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIалэгъуэ

2019-02-16

  • Адыгэ  жылэжьхэм дэлъа  хабзэхэр
  • Псом япэрауэ, жыIапхъэщ адыгэ къуажэхэр псы ежэхым е псынэхэм етIысылIэу зэрыщытар. Абы и лъэныкъуэкIэ адыгэ къуажэ тIысыкIэр адрей лъэпкъхэм къащхьэщыкIыркъым. Псыр здэжэмкIэ уи гупэр гъэзауэ уувмэ, Iэмал абы иIэу щытмэ, и ижьырабгъу лъэныкъуэр къыхахырт, ар губгъуэрыс жылэу щытмэ. ЖьэгъущIэс-хэм е къуршым исхэм а хабзэр апхуэдизу ягъэзащIэртэкъым, сыту жыпIэмэ, псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр нэхъ гуилъэсыкIыу, ижьырабгъур нэхъ ныджэу къанэу здэщытыр тафэр арат, къуршыпсыр къиукIэ, и Iуфэр щIилъэсыкIыу хугуэгъэуртэкъым. ИтIанэми, губгъуэрысти, жьэгъущIэсти, хьэмэрэ къуршым исти жамыIэу, адыгэ-хэм нэхъ къащтэу щытащ псым и ижьырабгъу лъэныкъуэр, Iэ ижькIэ, Iэ гупэкIэ пэгуныр къибгъахъуэ хъууэ, жаIэурэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-02-16

  • Нэщэнэхэр
  • ПщыкIущ бжыгъэр
  • 13 бжыгъэр европей щэнхабзэм къелъытэ насыпыншагъэ къэзышэу. А бжыгъэм щышынэным зэреджэр трискаидекафобиещ. Абы ипкъ иткIэ, къат пщыкIущу е нэхъыбэу зэтет унэхэм 13 бжыгъэр къыщыщамыгъэлъагъуэ къохъу, трискаидекафобхэр щамыгъэщтэн папщIэ. 12-нэ къатым 14-нэр къыкIэлъыкIуэнкIэ, е «12А», «12Б» иIэнкIэ мэхъу, уеблэмэ «12+1» къат зиIэ уни щыIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис