ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2019

КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ щыIэ советым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ

2019-02-09

  • Советым и зэIущIэм хэтащ республикэм и къалэ округхэмрэ муниципальнэ районхэмрэ я щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, хьэрычэт IэнатIэм и лэжьакIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Республикэм и зыужьыныгъэм пыщIа зи чэзу Iуэхухэм хоплъэ

2019-02-09

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. КъБР-м и Правительствэм и унафэщIхэр хэту тхьэмахуэ къэс къызэригъэпэщ зэIущIэм и зи чэзу зэхуэсыгъуэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа Iуэхухэм теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

2019-02-09

  • ЛъэныкъуитIыр зэдэлэжьэну зэгуроIуэ
  • Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и лIыкIуэхэр щыIащ Азербайджаным. КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ Азербайджаным и Президент Алиев Ильхамрэ Баку щызэхуэзащ. РеспубликитIым я Iэтащхьэхэр зэгурыIуащ зэдэлэжьэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

Шэху  уэздыгъэхэр  пагъанэ

2019-02-09

  • Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мы гъэм мазаем и 15-м илъэс 30 ирокъу. Абы теухуауэ республикэм щекIуэкIыну Iуэхугъуэхэр зэтраублащ. Гъубж кIуам и пщыхьэщхьэм Налшык и Дэшхуей хадэм щекIуэкIащ «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» Iуэху.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

«Адыгэ  псалъэм»  Iэ  тевдзэ

2019-02-09

  • ПщIэ зыхуэтщI ди щIэджыкIакIуэхэ!
  • 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм я Iэ тедзэгъуэр иухащ, ауэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу абы фыкъыкIэрыхуамэ, ар вгъэзэкIуэжыфынущ. Апхуэдэу «Адыгэ псалъэ» газетыр дызыхуэкIуэ гъатхэпэм къыщыщIэдзауэ ныфхуахьынущ, мы мазэм и 25 пщIондэ абы пощтхэм Iэ щыщIэвдзмэ.
  • МазиплIым ди газетым и уасэр сом 408-рэ кIэпIейкIэ 52-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гулъытэ  хэха  хуащI

2019-02-09

  • Ди гуапэ зэрыхъущи, Къэбэрдей-Балъкъэрым унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ пыщIэныгъэ куэд лъандэрэ яхуиIэщ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм. Хамэ щIыпIэхэм къикIа апхуэдэ щIалэгъуалэ мымащIэу щоджэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, ди республикэм щылажьэ нэгъуэщI еджапIэхэм. Абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэм гулъытэ хэха хуэщIыным теухуа зэхуэс иджыблагъэ щекIуэкIащ еджапIэ нэхъыщхьэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

НэхъыфIхэм  хабжэ

2019-02-09

  • «Лъабжьэр быдэмэ, щхьэкIэр лъэщщ» жиIэгъащ адыгэ псалъэжьым. Егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, сабий сад-хэми курыт еджапIэхэми ныбжьыщIэхэм къыщыбгъэдалъхьэ гъэсэныгъэми кърат щIэныгъэми куэдкIэ елъытащ ахэр балигъ хъу-мэ гъащIэм щаIэну ехъулIэныгъэхэр зыхуэдэнур. Аращ адэ-анэхэми мыхьэнэшхуэ щIратыр я быныр  зратыну сабий гъэсапIэхэмрэ еджапIэхэмрэ къыхэхыным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нартхэм  я  шхыныгъуэ

2019-02-09

  • Урысей, голланд археологхэм къалъытэ илъэс мини 6 — 6,5-рэ ипэкIэ Китайм и щIыналъэм къыщагъэхъуауэ щыта хур Кавказым икIыу урыс тафэхэмкIэ Европэм нэсауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Убыхыбзэр псэущ

2019-02-09

  • «Адыгэбзэр мэкIуэдыж» жытIэу дыщыгузавэ лъэхъэнэм, лъэба-къуэ къызэрымыкIуэкIэ лъэпкъыбзэм зыкъыщIагъэкъуащ илъэс блэкIам и кIэм Мейкъуапэ «Убых-адыгэ-урысыбзэ псалъалъэ» къыщыдэзыгъэкIа зэщхьэгъусэхэу Бырсырхэ Бэтырбийрэ Софиатрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Мы махуэхэм

2019-02-09

  • Мазаем и 9, щэбэт
  • Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
  • Урысейм и Граждан авиацэм и махуэщ. 1923 гъэм СССР-м «Граждан авиацэмкIэ зэгухьэныгъэ къыщызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» унафэр къыщащтащ.
  • 1895 гъэм США-м щыщ Морган Уильям волейбол джэгукIэр къигупсысащ.
  • 1897 гъэм Урысей империем цIыхуу исыр япэу къыщабжащ. Абы наIуэ къызэрищIамкIэ, а зэманым ирихьэлIэу къэралым цIыху мелуани 124-рэ мин 600-рэ щыпсэурт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-02-09

  • Сатыр телъыджэхэр
  • СИ ПАЩХЬЭ илъщ Къэшэж Иннэ  и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ. Пэублэ псалъэ абыхэм къыщызолъыхъуэри иткъым, ауэ и зэхэлъхьэкIэкIэ тхьэрыIуэм ещхь усэкIэ къызэIуех тхылъхэм ящыщ зыр.
  • Я пишусь по Иналу,
  • по Алиму — пишу!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Мэлбахъуэ  Елбэрд  ягу  къагъэкIыж

2019-02-09

  • Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Къэрал лъэпкъ библиотекэм щызэхэтащ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща пшыхь.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-02-09

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Прунж кхъуейжьапхъэ
  • Прунжыр зэхащыпыкI, фIыуэ ялъэсри, гъур хъуху ягъэгъущ. Прунж къабзэр яхьэжри, кхъузанэкIэ яухуэнщIыж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис