ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2019

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Урысей щIэныгъэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-02-07

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Мазаем и 8-м къэралым и щIэныгъэлIхэм ягъэлъапIэ езыхэм я махуэшхуэр — Урысей щIэныгъэм и махуэр! Къэбэрдей-Балъкъэрыр сыт щыгъуи ирогушхуэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ и IэщIагъэлIхэу, щIэныгъэшхуэрэ егугъуныгъэрэ зыхэлъ цIыхуу республикэм и гъащIэм и IэнатIэ псоми зегъэужьыным сыт щыгъуи къаруушхуэ езыхьэлIэхэм. Зэи хуэмыдэжу, мы зэманым дэ дахуэныкъуэщ акъылкIэ лажьэхэм, щIэныгъэм и иджырей ехъулIэныгъэхэм, щIэныгъэр зи лъабжьэ технологиехэм, сыту жыпIэмэ ахэрщ зыужьыныгъэмрэ къэщIэрэщIэжыныгъэмрэ къызэзыгъэпэщхэр. Фэ фи лэжьэкIэ жыджэрым нобэ куэдкIэ елъытащ республикэм и щIэныгъэ, технологие зэфIэкIхэр къэIэтыныр, фейдэшхуэ къэзыт инновацэр зэтегъэувэныр, апхуэдэу щыщыткIэ — экономикэм шэщIауэ зегъэужьыныр, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Урысейм лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Топилин Максимрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ Налшык щызэхуозэ

2019-02-07

  • Мазаем и 5-м лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щызэхуэзащ УФ-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Топилин Максимрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Гулъытэ зыхуащIыну Iуэхухэр

2019-02-07

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ УФ-м Лэжьыгъэм-рэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министр Топилин Максим, лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ федеральнэ IэнатIэм и унафэщI Вуколов Всеволод, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Бабушкин Игорь, федеральнэ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къикIахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Москва щызэIущIащ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Васильевэ Ольгэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ

2019-02-07

  • Дыгъуасэ Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Васильевэ Ольгэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Грантхэр зратынухэр  къыхах

2019-02-07

  • Президент грантхэмкIэ фондым 2019 гъэм и япэ конкурсым хэтынухэм я заявкэхэр къыIахыу щIадзащ мазаем и 1-м. Документхэр электрон теплъэ яIэу ягъэхьэзырри, Президентские гранты.РФ сайтым иралъхьэ. Абы и фIыщIэкIэ мы зэпеуэм тыншу хыхьэфынущ фейдэ къэлэжьыным пымыщIа организацэу щIыпIэ нэхъ пхыдза дыдэхэми щыIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

«Адыгэ псалъэм» Iэ тевдзэ

2019-02-07

  • ПщIэ зыхуэтщI ди щIэджыкIакIуэхэ!
  • 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм я Iэ тедзэгъуэр иухащ, ауэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу абы фыкъыкIэрыхуамэ, ар вгъэзэкIуэжыфынущ. Апхуэдэу, «Адыгэ псалъэ» газетыр дызыхуэкIуэ гъатхэпэм къыщыщIэдзауэ ныфхуахьынущ, мы мазэм и 25 пщIондэ абы пощтхэм Iэ щыщIэвдзмэ.
  • МазиплIым ди газетым и уасэр сом 408-рэ кIэпIейкIэ 52-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Мы махуэхэм

2019-02-07

  • Мазаем и 7, махуэку
  • Тэтэрстан Республикэм и Гербым и махуэщ
  • Гренадэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — щхьэхуит зэрыхъуар (1974 гъэм) егъэлъапIэ
  • 1795 гъэм Хаджибей кхъухь тедзапIэм и цIэр Одессэу зэрахъуэкIащ.
  • 1855 гъэм Курилхэмрэ Сахалинрэ зэхуэгуэшыным теухуа урыс-япон зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэми тщыгъупщэркъым

2019-02-07

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и япэ номерыр къызэрыдэкIрэ илъэс
  • 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу
  • Нартан (Къылышбийхьэблэ) къуажэм цIыху щэджащэу куэд къыдэкIащ. Абыхэм дэ дрогушхуэ, тхыгъэ щхьэхуэ зыхуэмыфащи яхэткъым. Дэтхэнэ зы жылэм и дежкIи щIыхьышхуэкъэ ПащIэ Бэчмырзэрэ ТIыхъужь Алийрэ хуэдэ къыдэкIыну?! Апхуэдэ нэхъыжьхэм ядэплъейуэрэ, къыдэкIуэтей щIэблэр къэралыр зэрыгушхуэ мэхъу. Апхуэдэ щапхъэ дахэхэм къыщIэтэджащ зи гугъу фхуэтщIыну Бекъан Чыланий Машэ и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

ДыщэкI Эртан аргуэру хахыж

2019-02-07

  • Тхьэмахуэ кIуам Бремен къалэм (Германие) щекIуэкIащ Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм и зи чэзу зэхыхьэшхуэр. Абы хэтащ федерацэм и Хасэ къудами 10-м я унафэщIхэмрэ лIыкIуэхэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДАХ

2019-02-07

Адыгэхэм, балъкъэрхэм я музыкэ щэнхабзэм зегъэужьыным куэд хилъхьащ композитор Шейблер Трувор (1900 — 1960 гъгъ.) Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс 26-кIэ щылэжьащ.
Сурэтыр Колесников Иван трихащ. 1958 гъэ

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Дол Маринэ и щапхъэ

2019-02-07

  • Налшык къалэ дэт поликлиникэ №3-м и дохутыр нэхъыщхьэ Дол Маринэ и гъащIэр тыхь хуищIащ цIыхум и узыншагъэр хъумэным. Зыпэрыт IэнатIэм щихь жэуаплыныгъэр нэсу зыхищIэрэ адэкIи зэрыригъэфIэкIуэным хущIэкъуу ирехьэкI абы и лэжьыгъэр. И Iуэху бгъэдыхьэкIэм щыгъуазэ ухуэхъуамэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым а бзылъхугъэм и IэщIагъэр фIыуэ зэрилъагъум. Дэнэ а лъагъуныгъэр къыщежьэр жыпIэмэ, Маринэ къызыхэкIа унагъуэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ТхакIуэ цIэрыIуэ, журналист Iэзэ Мэлбахъуэ Елбэрд

2019-02-07

  • ЩимыгъэтIылъам щылъыхъуэртэкъым
  •  Мазаем и 4-м 1939 гъэм къалъхуащ адыгэ лъэпкъым, литературэм я тхыдэм зи цIэр хэмыгъуэщэжыну хэзытха Мэлбахъуэ Елбэрд Тимборэ и къуэр. Абы и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэу «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт», «ЩумыгъэпщкIуам щылъыхъуэ», «ЩакIуэхьэм и гукъэкIыжхэр», нэгъуэщIхэри ди литературэм и фIыпIэм хабжэ. Партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и унафэщI Мэлбахъуэ Тимборэ и къуэ Елбэрд и гъащIэр тыншауэ, гугъуехьыншэу къызыщыхъу щыIами, щоуэ. Ар зыцIыхуу щытахэмрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ зэрыжаIэжымкIэ, и адэм и къулыкъум а адыгэлIым и къалэнхэмрэ жэуаплыныгъэхэмрэ ямыгъэбагъуэмэ, зыкIи щагъэпсынщIэртэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Языныкъуэхэр мэтхъэж, адрейхэр…

2019-02-07

  • Дунейм и нэхъ цIыху къулей дыдэ 26-м я мылъкур ЩIы хъурейм и цIыху меларди 3,8-м псори зэхэту ябгъэдэлъым хуэдиз мэхъу
  •  

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Бэч Дисанэ Хьэсен и пхъум и ныбжьыр илъэс 18 ирокъу

2019-02-07

  • Нобэ хуэдэу дунейр уи щIэщыгъуэу, узыхыхьэм уефIэкIыу, уи къэкIуэнур дахэу, уузыншэу, уи акъылыр жанрэ уи псэр къабзэу упсэуну ди гуапэщ.Уи адэ-анэр уи пщIэмрэ щIыхьымрэ иригушхуэу, адыгэ пщащэм и щапхъэщ къыпхужаIэу гъащIэм гу щыпхуэну, насып инкIэ Тхьэр къыпхуэупсэну дынохъуэхъу.
  •  
  •  
  • Шурдымхэ, Бэчхэ, ХьэфIыцIэхэ,
  • Мэршэнкъулхэ, Уэртэнхэ,
  • Исупхэ, Шыгъушэхэ.

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

«Дыгъэеджэхэр» нэхъыфIу къалъытэ

2019-02-07

  • ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ хасэм иригъэкIуэкI джэгурэш-нэгузыужь зэпеуэм и къыкIэлъыкIуэ зэхыхьэр Налшык къалэ дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щызэхэтащ. НыбжьыщIэхэр дэзыхьэх джэгукIэр къэгъэсэбэпауэ я бзэм зегъэужьыныр, гъащIэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм хуэнабдзэгубдзаплъэу къэгъэтэджыныр, лъэпкъым къыдекIуэкI гушыIэ дахэмрэ щIэнэкIалъэмрэ утыкум щагъэлъэгъуэфу егъэсэныр зи мурад нэхъыщхьэу щыт зэпеуэм темэ хуэхъуар «Къуажэ хъыбархэр» жыхуиIэрат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше