ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2019

Хэкум и хъумакIуэм и махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъэпIащ. КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек удз гъэгъахэр трилъхьащ «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхыж» мемориалым

2019-02-26

  • Хэкум и хъумакIуэм и махуэм «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхыж» мемориалым Налшык щыщ цIыхуищэ-хэр къекIуэлIащ хэкIуэдахэм пщIэшхуэ зэрыхуащIым и фэеплъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-02-26

  • Мазаем и 26, гъубж
  •  Кувейтыр хуит къыщащIыжа махуэщ. 1991 гъэм Иракым и дзэхэр а къэралым ирахужащ.
  • 1712 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ Тулэ къыщызэIуахащ Iэщэ къыщыщIагъэкI завод. Ар Урысейм щыяпэ апхуэдэ IуэхущIапIэт. Абы зиужьурэ Тулэ къалэр къэралым Iэщэ къыщыщIагъэкI и къалэ нэхъыщхьэ хъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Налшык къалэдэсхэу Щомахуэхэ Мухьэмэдрэ Риммэрэ зэрызэдэпсэурэ мазаем и 24-м илъэс 50 ирикъуащ

2019-02-26

  • ПщIэ зыхуэтщI, фIыуэ тлъагъу ди нэхъыжьыфI Iумахуэхэу ди адэ, тхьэмадэ, щыкъуадэ, адэшхуэ щыпкъэ, ди анэ, гуащэ, щыкъуанэ, анэшхуэ гумащIэ!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Си гъащIэ — си уэрэд!

2019-02-26

  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хъыбар фегъащIэ гъатхэпэм и 5-м сыхьэт 12-м КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым «Жизнь моя — песня моя!» фIэщыгъэм щIэт уэрэджыIа-кIуэ ныбжьыщIэхэм я республикэ зэпеуэ зэрыщыIэнум-кIэ. Ар хуэгъэпсащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля и ныбжьыр илъэс 85-рэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъум.
  • Зэпеуэм теухуа хабзэм КъБР-м и Жылагъуэ палатэм Интернетым щиIэ сайтым зыщыхэвгъэгъуазэ хъунущ.

Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ

ЛIыгъэм и тхьэмахуэ

2019-02-26

  • Урысей МВД-м Тэрч районымкIэ и къудамэм зыщаплъыхьащ, абы и унафэщIхэм яхуэзащ Тэрч къалэм и курыт еджапIэхэм я 3 — 4-нэ классхэм щIэсхэм

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

 ЛIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ

2019-02-26

  • МэшбащIэ Исхьэкъ и «Ажал гъуэгу» тхыдэ романым теухуауэ
  • ЦIыху щхьэхуэми ещхьу, дэтхэнэ лъэпкъми балигъыпIэ иIэжщ. Зыри пщIэншэу къыздытемыхьэ дунейм абы адрейхэм къахэщу щиубыд увыпIэр нэхъ IупщIу, нэхъ гугъэзагъэу щилъагъуж, жэуаплыныгъэ къытехуэр гум нэсу нэхъ щызыхищIэ ныбжь. Адыгэм и блэкIам уриплъэмэ, лъэпкъыр зэрызыгъэубыд щхьэ къэIэтыгъуэ нэхъ хэIэтыкIауэ ди япэ итахэм ди нэгум къыщIанащ иджыпсту тIэщIэлъ МэшбащIэ Исхьэкъ и рома-ныщIэр зытеухуа Къэнжал зауэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

«Амазонкэхэр»

2019-02-26

  • «Синдикэ» хьэщIэщым иджыблагъэ щагъэлъэгъуащ «Амазонкэхэр» фIэщыгъэм щIэту режиссёр Сэралъп Самарэ («1КъБР» телеканалым и лэжьакIуэщ) триха фильмыр. Абы лъабжьэ хуэхъуар Ахъмэт МуIэед и IэдакъэщIэкI тхылъхэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

«Ди Иннэ цIыкIу»

2019-02-26

  • УсакIуэ цIэрыIуэ, КъБАССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэшэж Иннэ Инал и пхъур къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъум теухуа зэIущIэ иджыблагъэ Къармэхьэблэ щекIуэкIащ. Жылэм дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ курыт школ №1-м и музейм усакIуэм и фэеплъ пхъэбгъу къыщызэIуахащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019 гъэм  и диспетчер нэхъыфI Къэбардэ Анфисэ

2019-02-26

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым МафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и къулыкъущIапIэм щекIуэкIащ зи IэщIагъэм нэхъ хуэIэижьыр къэзыгъэнаIуэ зэпеуэ, диспетчерхэм яхухэхауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нэрылъагъущ премьер-лигэмрэ етIуанэ дивизионымрэ я зэщхьэщыкIыныгъэхэр

2019-02-26

  • Хамэ къэралхэм зыщагъэсэну мылъкукIэ зыхузэфIэмыкI Урысей Федерацэм футболымкIэ и зэхьэзэхуэхэм хэт командэ зыбжанэм Кисловодск (Нартсанэ) зыщагъэхьэзыр. Абыхэм ящыщу премьер-лигэм щыджэгу Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-мрэ етIуанэ дивизионыр зи хэщIапIэ «Спартак-Налшыкымрэ» зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ махуэку кIуам зэдрагъэкIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

2019-02-26

  • Европэ зэпеуэм къыщыхожаныкI
  • Мазаем и 16-м Санкт-Петербург щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуахэм дзюдомкIэ Европэм и Кубокыр къэхьыным теухуа я зэхьэзэхуэ. Зэпеуэм и япэ махуэ дыдэм ди бэнакIуэхэм медаль зэмылIэужьыгъуитI зыIэрагъэхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Псыущхъуэ

2019-02-26

  • Хы ФIыцIэ Iуфэм узыщрихьэлIэ фIэщыгъэр Iыхьищу зэхэлъщ: «Псы — у (ы) — шъ (у) хъо».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха