Дызэрыт илъэсым республикэм хьэзыр щащIынущ социальнэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэу 30-м щIигъу
2019-02-16
- Иджыпсту сабии 140-м ятещIыхьауэ Белэ Речкэ къуажэм щаухуэ садымрэ Аргудан къуажэм сабийуэ 160-рэ щIэхуэну щащI садымрэ нагъэблэгъащ.
- Дызэрыт илъэсым къриубыдэу лажьэу яутIыпщынущ еджакIуэ 1224-рэ щIэхуэну Налшык къалэм къыщрагъэжьа школыщIэр, Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №1-м гъуэлъыпIэ 60 щIэхуэну къыгуащIыхь сабий садыр, Балъкъэр Ипщэ къуажэм щащI сабий садыр.
- Зи ныбжьыр илъэс 1,5-м щегъэжьауэ илъэси 3-м нэс сабийхэр зэкIуэлIэну IуэхущIапIэхэм зэрызаубгъум и фIыщIэкIэ лэжьапIэ IэнатIэхэм адэ-анэхэм ящыщ куэд еувэлIэжынущ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.