ЩIалэгъуэ
2019-02-16
- Адыгэ жылэжьхэм дэлъа хабзэхэр
- Псом япэрауэ, жыIапхъэщ адыгэ къуажэхэр псы ежэхым е псынэхэм етIысылIэу зэрыщытар. Абы и лъэныкъуэкIэ адыгэ къуажэ тIысыкIэр адрей лъэпкъхэм къащхьэщыкIыркъым. Псыр здэжэмкIэ уи гупэр гъэзауэ уувмэ, Iэмал абы иIэу щытмэ, и ижьырабгъу лъэныкъуэр къыхахырт, ар губгъуэрыс жылэу щытмэ. ЖьэгъущIэс-хэм е къуршым исхэм а хабзэр апхуэдизу ягъэзащIэртэкъым, сыту жыпIэмэ, псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр нэхъ гуилъэсыкIыу, ижьырабгъур нэхъ ныджэу къанэу здэщытыр тафэр арат, къуршыпсыр къиукIэ, и Iуфэр щIилъэсыкIыу хугуэгъэуртэкъым. ИтIанэми, губгъуэрысти, жьэгъущIэсти, хьэмэрэ къуршым исти жамыIэу, адыгэ-хэм нэхъ къащтэу щытащ псым и ижьырабгъу лъэныкъуэр, Iэ ижькIэ, Iэ гупэкIэ пэгуныр къибгъахъуэ хъууэ, жаIэурэ.
- Къуажэхэр интэкъым. Языныкъуэхэр хьэблэ-хьэблэу гуэшат, адрейхэр зы хьэблэ цIыкIу хъууэ арат. Къуажэ ягъэтIысырт пщыхэм, лIакъуэлIэшхэм, дыжьыныгъуэхэм, беслъэн уэркъхэм, уэркъ щауэ лIыгъусэхэм, пщыкIэухэм, нэгъуэщIхэми. Щхьэж зэрыхузэфIэкIт. ПщылIхэм Iэщ, мылъку яритыфыну, е гъэр къищэхуфу, е кIэс къихьыфу щытмэ, апхуэдэхэм етIысэкI жылэхэм нэхъ заузэщIырт, нэхъ заубгъурт, къуажэ унэ из е изитI, жыхуаIэм хуэдэ хъууэ. Унэ изкIэ зэджэу щытари унагъуипщIым ищхьэкIэ кIуэуэ зэхэтIысхьэрт, ауэ тIощIым нэмысу. ТIощIыр унагъуэ изитIу ябжырт.
- Жылэр зэтIысэкIар хэту щытми, абы и нэхъыбапIэм къуажэпщкIэ еджэрт, икIи а къуажэм а лIым и цIэр е и унагъуэ- цIэр зэрихьэрт. Ауэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэпщ зыдэс къуажэмрэ беслъэн уэркъым е пщыкIэум и жылэмрэ зэи зэщхь хъуртэкъым. Зэрыхабзэти, ахэр я цIыхухэр я гъусэу пщым е лIакъуэлIэш гуэрым и унафэ щIэтт, уэркътын жыхуаIэу щытамкIэ зэпыщIауэ, икIи абы я Iизыншэу Iуэхушхуэ гуэр и унафэ я къуажэ щащIэну хуиттэкъым. Къуажэм хыхьэ хьэблэхэр зэрылъхузэрыпIу, зэIыхьлыуэ, зэунэкъуэщу зэбгъэдэст, зы унагъуэцIэ зэрахьэу, лъэпкъым я нэхъыжь яIэу.
- Къуажэ гъащIэм залымыгъэ хэзагъэртэкъым. Ар екIуэкIырт лэжьыгъэмрэ псэуныгъэмрэ я гъащIэр теухуауэ, я Iуэхур абы тету. Псым хэлъ мывитI пэтрэ зонтIэIур, жаIэ. Шэч хэмылъу, къуажэхэми къыдэхъуэу щытагъэнщ зыгуэр зэфIэнэу, зэзауэу, яукI къыщыхэхуэхэри щыIэу. Ахуэдэхэм и деж Iуэхур зэхагъэкIыну лIыжь губзыгъэхэр хыхьэрт.
- ЩIэпхъаджэр апхуэдизу ущIэгузэвэн хуэдэу щытмэ, лIыжьхэм къуаншагъэ зыщIам и лъэпкъым я нэхъыжьхэм хьэкъ щащIырт дяпэкIэ зыгуэру зыкъыщIагъахуэмэ, щысхь щымыIэну. Хьэлэбэлыкъым зыгуэр хэкIуэдамэ, уIэгъэ щыхъуамэ, къуаншэм лъы уасэ ирагъэтырт, яукIам балигъ мыхъуа сабий иIэмэ, ахэр къызэфIэувэхункIэ защIигъэкъуэну, зыхуей щимыгъэщIэну къалэну хуагъэувырт. Зыгуэрым и зэранкIэ зым и къупщхьэ къутамэ, къуэншам и пщэ дэхуэрт щIопщакIуэ къызэригъэпэщыну, сымаджэр хъужыхункIэ, пхъэкIи, псыкIи зэрыжаIэу, абы и унагъуэр зыхуей хуигъэзэну.
- А псори зэхэзыгъэкIыр а Iуэхум щхьэкIэ хаха нэхъыжьхэрт. Абыхэм хеймрэ мысэмрэ зэхагъэкIыу я унафэр зэгурыIуэу ящIыхункIэ, лъэпкъитIым ящыщхэр зэхуэзэмэ, зым адрейм къыпикIухьын, худичыхын хуейт, гъуэгум тIури текIыурэ е лъэныкъуэ зрагъэзурэ. Абы щыгъуэми, ар дауэрэ къемызэгъыу къытщыхъуми, нэхъ тэмакъкIыхьу, нэхъ сакъыу щытыр лей къызылъыса лъэныкъуэрт. Абы теухуауэ псалъэ пэж жиIауэ къэплъытэ хъунущ нэхъыжьыфI Темыр Къасбот. Мыпхуэдэущ ар Iуэхум зэреплъыр: «ЛъэпкъитIым я зэхуаку лъы къыдэхъуащ иджы. Ауэ Iуэхур зэхэзыгъэкI нэхъыжь-хэм я деж нэсакъым, унафэ тращIыхьакъым. Абы щыгъуэ къуаншагъэ зыщIам я нэхъыжьым сытри къригъэкIуэкI хъунут: алэмти, астэмти жиIэу. Ауэ лей къызытехьам я тхьэмадэм, Iуэхум хыхьэнкIэ хъуну цIыхухъу балигъыу лъэпкъым исыр зэхуишэсырти, яжриIэрт: мыр къыдэзыщIам хабзэ ябгъэдэлъатэмэ, хъун хуэдэ нэхъыжь яIатэмэ, къекIуэкIынутэкъым. АтIэ, иджы хабзэ щыIэщ, жылэм нэхъыжь дэсхэщ, унафэ дэлъщи, абы жаIэнум дыпэплъэнщ. Ар IупщI мыхъуауэ, фэ фщыщу зы цIыху а ижэгъу тхуэхъуахэм фаIумыщIэ икIи фабгъэдэмыхьэ, флъагъумэ, къапэфкIухь, Iуэхур хабзэкIэ зэхагъэкIынщ, дыхейуэ мысэу дыкъыщIэкIыж нэхърэ ар нэхъыфIщ».
- Лъэпкъхэм я зэхущытыкIэр, зым адрейм худичыхын, къыпикIухьын щIэхъур языныкъуэхэм щыгъуэ, етх Лонгворт: «АпхуэдизкIэ хуэсакъыу ягъэзащIэри уи гугъэнущ ар лIыгъэншагъэм къишэу. Ауэ апхуэдэу щIэхъур зы лIым хьэмэрэ лIитIым я щхьэ закъуэ Iуэхуу щымыту, лъэпкъитIми яйуэ зэрыувырщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, хабзэр зыкъутам, дыгъуам, лIы зыукIам и лъэпкъыр зэхыхьэу адрей лъэпкъым щыщIэныгъэу иратар хуэдэ зыбжанэкIэ гъэбэгъуауэ япшыныжын хуейт. Абы си Iуэху хэлъкъым жызыIэри лъэпкъым зыхагъэхьэнутэкъым, езым къулейсызыгъэ къыщыщIми, зыкIи зыщIагъэкъуэнутэкъым».
- Къуажэм дэлъа хабзэхэм ящыщщ мыри. ЛIыукIым и лъэпкъыр лъы уасэкIэ ягъэпшына иужькIэ абы аргуэру апхуэдэ IэщIэщIамэ, къуажэм дэс нэхъыжьхэм а лъэпкъым паубыдырт: «Фи бзаджэр фи гуэн лъапэ щыщIэфтIэж», — жаIэрти. Абы къикIырт я бзаджащIэм и унафэр езы лъэпкъым ящIыжын хуейуэ. Арыншамэ, ахэр зэрылъэпкъыу зыхахунущ е ахэр унэимыхьэ, хьэдэимых ящIынут.
- Къуажэм дэсхэр, гузэвэгъуэ къалъэIэсамэ, зылI и быну зэкъуэувэрт, къызэрыгуэкI гъащIэм щыгъуэ хьэблэр хьэблэм пэуву, щIалэгъуалэр зэхыхьэрэ ипщэхэр ищхъэрэм, гупэхэр щIыбагъхэм ебэну, IэштIым гъущэкIэ езауэу щыта- ми.
- Къуажэдэсхэм, зэгъунэгъухэм я сэбэп хэлъу къэплъытэ хъунущ абыхэм я зэхуакум бжыхь куутI зэрыдамыгъэувэу е дагъэувэми, щхьэдэхыпIэ зэращIу щытари. ЦIыхухэр нэхъ тыншу зэкIэлъыкIуэрт, къинэмыщIауэ, шынагъуэ къэхъуамэ, ахэр зыр адрейм тыншу лъыгъуазэрт. Дауи, зэгъунэгъухэр зэхуэтэмакъкIэщIмэ, сытми псалъэмакъ кърагъэкIыфыну къыщIэкIынт: фи джэдыр ди дежкIэ къекIуэкIати, фи Iэщыр ди пщIантIэ къыдыхьати, жаIэу. Ауэ ар адыгагъэкъым, бжыхь лъагэкIэ уи гъунэгъум зыщыпхъумэну, уэрам гъуэгукIэ абы укIэлъыкIуэу, къыпкIэлъыкIуэу упсэуну.
- МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъым къитхыжащ.
- ГъукIакъуэ Идар:Уи гур дунейм хузэIупхмэ,
- и лъагъуэхэр къыпхуигъэнэIуэнущ
- «ЩIалэгъуэ» напэкIуэцIым и хьэщIэщ и мурадхэмрэ дуней тетыкIэмкIэ узыгъэгушхуэ адыгэ щIалэ ГъукIакъуэ Идар. Ар ныбжькIэ щIалэми, зи дуней еплъыкIэр зэфIэува, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр зиIэщ.
- Налшык дэт 14-нэ курыт еджапIэр къиуха иужькIэ ар Чехием щеджэну кIуащ. ИлъэскIэ я бзэр зригъащIэри, Прагэ дэт университетым Медиальнэ студиемкIэ и факультетым щIэтIысхьащ. Философиер, журналистикэр, абы и тхыдэр куууэ яджырт. ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и унэтIыныгъэ псоми хуэIэжь ящIыну хущIэкъурт. АрщхьэкIэ хамэ къэралыбзэр щIэныгъэлIым зэрищIэн хуейм хуэдэу иджыри къэзымыщта щIалэр гугъу ехьырт.
- — Япэ илъэсым адрейхэм сакъыкIэрымыхуу седжэн папщIэ псори гукIэ зэзгъащIэрт, — къыддогуашэ Идар и IэщIагъэм теухуауэ дыщеупщIым. — Ауэ псалъэм папщIэ, философием жьабзэкIэ экзамен щыптыныр, дауи, тыншкъым. Экзаменыр стат, ауэ лэжьыгъэм хузиIа IэфIыр щIэлъыжтэкъым. Абы къыдэкIуэу, маркетингым пыщIа IэщIагъэм сызыщIишат. Маркетингыр зэи умыужэгъуну IэнатIэщ, уи акъылым тепыIэгъуэ имыIэу сыт щыгъуи щIэ гуэр къыщыболъыхъуэ. Псалъэм папщIэ, хьэпшып гуэр цIыхум къебгъэщIэн, къебгъэщэхун папщIэ Iэмалищэрэ зырэ къэплъыхъуэн хуейщ. Сытегушхуэри, абы щыхурагъаджэ къудамэм сыщIэтIысхьэжащ. Ар къэзуха иужькIэ лэжьыгъэ къэслъыхъуэурэ, Белоруссием щыщ компание гуэрым урыс артистхэм я концертхэр Прагэ къыщызэрагъэпэщу къэзгъуэтри, абы илъэс ныкъуэм нэблагъэкIэ сыщылэжьауэ, ИнтернеткIэ нэхъ компание иным зэгурыIуэныгъэ къызащIылIащ. Дызыдэлэжьэну артистхэр зэрыт письмор къыщысIэрыхьам сэ схуэдиз схэхъуагъэнт. Абы итт дуней псом къыщацIыху уэрэджыIакIуэхэу: Брайн Адамс, Мадоннэ, Рианнэ сымэ. ИужькIэ къызэрысщIамкIэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я компание иным Чехием щиIэ къудамэт а IуэхущIапIэр. Артистхэр къедгъэблагъэрт, я концертхэр къахузэдгъэпэщырт. Хуабжьу сфIэгъэщIэгъуэнт. Абы и ужькIэ США-м срагъэблагъэри сыкIуат, ауэ абы Iуэхур щынэхъ гугъут, лъэпощхьэпохэри щынэхъыбэт. Щымыхъум, Налшык сыкъэкIуэжри, Къэзан Марьянэ и продюсер IуэхущIапIэм щылэжьэн щIэздзащ. Абы нэхъыбэу сабийхэрат сызыщыдэлажьэри, си къэухьым нэхъри зезгъэужьмэ сфIэкъабылу «Гамма» продюсер IуэхущIапIэм сыуващ. Абыи концерт куэд къыщызэдгъэпэщащ — Лобода, Михайлов Стас, нэгъуэщI артист цIэрыIуэхэри Кавказ Ищхъэрэм къэтшащ.
- — Хамэ къэрал къыщызэрагъэ-пэщ концертхэмрэ ди къэралым щызэхашэхэмрэ сыт хуэдэ зэщхьэщыкIыныгъэхэр яIэу гу лъыпта?
- — Зи гугъу пщIы зэщхьэщыкIыныгъэхэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым, апхуэдизкIэ нэрылъагъущи. Уеблэмэ, я лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэ нэгъунэ зэщхькъым. Абы къыхэкIыу ахэр зэбгъэпщэнри щыуагъэщ. Хамэ къэрал щыщ артистхэм я концертхэр нэгузегъэужь къудейуэ къэнэжыркъым, атIэ гупсысэ ящIэлъщ. Артистым и идеологиемкIэ гурыIуэгъуэщ абы и деж кIуэну цIыхухэр зыхуэдэр. «Мыпхуэдэ артистыр сыт уигу щIрихьыр?» — жыпIэрэ цIыхухэм уеупщIмэ, «Абы мыпхуэдэ Iуэху еплъыкIэ иIэщи, мыпхуэдэ Iуэхум и телъхьэщ, сэри си Iуэху еплъыкIэр абы тохуэри», — къыбжаIэнущ. Ди къэралым щыпсэухэм апхуэдэ упщIэкIэ захуэбгъазэмэ, «И уэрэдхэр дигу ирохь», — фIэкIа къапыпхыфынукъым.
- — Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, уэ иджыпсту Хьэцей Тимур и «Артист» продюсер IуэхущIапIэм ущолажьэ. Абы узэрыкIуам, фызыдэлажьэ артистхэм дащыбгъэгъуэзамэ арат.
- — Езы Тимур сригъэблагъэри сыкIуащ. Пэжым ухуеймэ, хуабжьу си гуапэ хъуат. Хъыжьрокъуэ СулътIан, Къэзан Сэтэней, Интер Сгусулис (Латвием щыщщ), Авраам Руссо сымэ дадолажьэ. Лорак Ани и концерт Налшык мыгувэу къыщызэдгъэпэщынущ.
- — Уи лэжьыгъэм гъэщIэгъуэнагъыу хэлъыр сыт?
- — ЩыIэщ цIыху, махуэ псом компьютерым пэрысу лажьэу. Сэ апхуэдэу си пIэм сисыфыркъым, сыт щыгъуи цIыхущIэ къэсцIыхуну, сымыщIэ зэзгъэщIэну, си IэщIагъэм нэхъ сыхэгъуэзэну сыхуейщ. Iуэху умыщIэмэ, Iуэху щIэкIэ къэпщIэнукъым. СэркIэ цIыхум и цIэрыIуагъракъым нэхъыщхьэр, атIэ пкърылъ куцIырщ. Артистхэм я нэхъыбэм уи нэм сабэ къыщIрагъэхьэну хэтщ, нэкъыфIэщI дуней дагъэлъагъу, зэрыщымыту защI. Апхуэдэхэр си жагъуэщ. А щхьэусыгъуэр арагъэнщ, езы артистхэр къэгъэнауэ ахэр утыку къизыша продюсерхэр кIуэ пэтми нэхъ сфIэгъэщIэгъуэн щIэхъур.
- — Узыхэт Iуэхур фIыуэ зэрыплъагъур шэч къызытумыхьэжынщ. Артистхэм ящыщу нэхъ узыдэлэжьэну узыщIэхъуэпсыр хэт?
- — Сэ концерт куэдым сыхэтащ. Абыхэм къахэсхаращи, артистхэр дэ къызэрытщыхъум хуэдэу щыткъым. Уи гур зыхуэпабгъэ артистыр зэбгъэцIыхуа иужькIэ, ипэкIэ къызэрыпщыхъуам хуэдэу умылъагъужынкIи хъунщ е уигу темыхуэ артист гуэрым и концерт уокIуэри, уэ езым къыбгурымыIуэжу абы узыщIишэу мэхъу. ГъэщIэгъуэну зэхэлъщ. Хамэ къэрал артистхэм я гугъу пщIымэ, Рианнэ нэхъыфIу слъагъу яхэткъым. Абы и концерт япэу сыщыкIуам, си пкъынэ-лъынэм апхуэдизкIэ хыхьати, тхьэмахуэкIэ сызэщIиIыгъащ къызита къарум. ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым зыхэсщIар.
- — Идар, уэ адыгэ хабзэр щытепщэ унагъуэ укъыщыхъуащ икIи уи адэшхуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, дауи, фIы куэдым ущIипIыкIащ. Уэ къыпхалъхьа гъэсэныгъэмрэ узыхэт гупым еймрэ дауэ зэзэгърэ?
- — Пэжым ухуеймэ, курыт еджапIэр къэзухыу Чехием сыщыкIуам хуабжьу гугъу сехьащ — махуэм зыбжанэрэ унэм сыкъэпсалъэрт. СыкъэкIуэжыну сыхуейт, сызыхапIыкIа дунеймрэ а сыздэкIуамрэ зэщхьэщыкIыныгъэшхуэхэр яIэти. ИужькIэ нэхъ сесэжащ. Абы щыпсэухэм я дуней тетыкIэр, зэхущытыкIэр, псэукIэр сэ сызэмыса гуэрт. Iейти фIыти жысIэу зы лъэпкъи згъэпудыну яужь сихьэркъым, щхьэж езым и фIыпIи и бзаджи иIэжщ, псори зэлъытыжар цIыхухэрщ. Си гур згъэтIылъа иужькIэ Прагэ дэс адыгэхэр къэслъыхъуэн щIэздзащ икIи къэзгъуэтащ. АдыгэбзэкIэ сыпсэлъэну, адыгэ сыбгъэдэсыну сигу къыщихьэм деж абыхэм сахуэзэрт. Уеблэмэ, сэ сыщеджа университетым Налшык икIауэ цIыхуиплI адыгэу дыщеджэрт. Ар фIыгъуэшхуэтэкъэ! Нобэр къыздэсым Прагэ дэс ди лъэпкъэгъухэм сопсалъэ, дызэрощIэ.
- — Чехием философием и щэхухэм илъэскIэ ущыхуеджауэ къыхэбгъэщащ. ЦIыхум нэхъыбэ илъагъуху, и дуней еплъыкIэр нэхъ зэфIоувэ. ГъащIэм хууиIэ еплъыкIэмрэ бгъэдыхьэкIэмкIэ укъыддэгуэшамэ арат.
- — Сэ псом япэу насыпыфIэ сызыщIыр мылъкукъым икIи былымкъым, атIэ зэзгъэлъэгъуахэращ, къэсцIыху лъэпкъхэрщ, абыхэм я хабзэхэрщ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм сащыхэтым деж хуэдэу гурыфIыгъуэ къызэзыт щыIэкъым. Си гъащIэм къыхэсха философиехэм ящыщщ — дуней псор, лъэпкърэ щIыналъэкIэ зэрыгуэ-шам емылъытауэ, зыщ. Лъэпкъ зэхэгъэж пщIыныр щыуагъэщ. ЦIыхухэри аращ. Псалъэм папщIэ, сэ куэд соцIыху я адэ-анэр мыщIагъуэу, ауэ езыхэр пэжу гъащIэм хэпсэукIыу. Уи гур дунейм хузэIупхмэ, и лъагъуэхэр къыпхуигъэнэIуэнущ.
- — Идар, хамэ къэралхэм зэрызахэбгъэгъуазэм и мызакъуэу, абыхэм ди лъэпкъыр къыщебгъэцIыхуну яужь уит?
- — Шэч хэмылъу. Сызыщыщ лъэпкъым къыщыщIэупщIэкIэ яжызоIэ, ди хабзэхэр, фащэр, щыIэкIэ-псэукIэр. Псом хуэмыдэу зы республикэ цIыкIум лъэпкъитI (адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ) зэгурыIуэу зэрыщыпсэур яфIэгъэщIэгъуэнщ. Ди бзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм щIэупщIэхэри мащIэкъым. Шэчыншэу, ди щIыпIэ дахэхэм псори етхьэкъу. Ди джэгухэм ИнтернеткIэ изогъэплъри, абы и хабзэхэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм къагурызогъаIуэ. Дунейпсо, хамэ къэрал утыкухэм лъэпкъым теухуауэ сыкъыщыпсалъэркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си лэжьыгъэкIи си зэфIэкIкIи абы сынэсауэ къэслъытэркъым.
- — Уи мурадхэм я гугъу къытхуэщIыт.
- — ЗыплъыхьакIуэ сежьэну си гугъэщ. Европэми Америкэми сыщыIащ. Сыт щыгъуи нэхъ жыжьэ сызэрыIукIыным яужь ситщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIыпIэкIэ ппэжыжьэр хабзэкIи дуней тетыкIэкIи уэщхькъым. Австралием, Новая Зеландием, Азием, Африкэм, Индием сыкIуэну сохъуапсэ. Тенджыз Iуфэм тхьэмахуэ бжыгъэкIэ Iусу зызыгъэпсэхуф щыIэщ, сэ зыщызгъэпсэхур гъуэгу сыщытетырщ. ЗыплъыхьакIуэ къэс щIэ гуэр къыпхелъхьэ, абы уи къэухьым зрегъэужь.
- Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
- Спорт
- Бекъул Миланэ тхэквондомкIэ пашэныгъэр еубыд
- WT-м и президентым и Кубокым и IV зэпеуэ иджыблагъэ Анталье къалэм (Тырку) щекIуэкIащ. НыбжькIэ зэхэгъэщхьэхукIауэ абы хэтащ спортсмен минитIым щIигъу.
- Япэ дыдэ махуэм ди лъэпкъэгъу пщащэ цIыкIу Бекъул Миланэ килограмм 29-рэ зи хьэлъагъхэм я деж пашэныгъэр щиубыдащ. 29:3-уэ абы хигъэщIащ Зейнеп Эда Сарэ (Тырку) икIи Урысей Федерацэм и гуп къыхэхам япэ дыщэ медалыр къахуихьащ.
- Чемпион пщащэм зыщигъасэр Ахъмэт Амир дежщ. Спортым зэрыхуигъасэм къыдэкIуэу, абы ныбжьыщIэхэм лъэпкъ хабзэхэр ярегъащIэ, еджэным зэрегугъуми кIэлъоплъ. Амирщ зи фIыгъэр Миланэ хуэдэу абы и деж зыщызыгъасэхэм я ехъулIэныгъэ лъагэхэр.
- Бекъул Милани абы и тренерми дохъуэхъу, я зэфIэкIыр нэхъыбэ хъуну, къэралыр, лъэпкъыр зыгъэгушхуэн текIуэныгъэ инхэр дяпэкIи яIэну!
- Дзэгъащтэ Нусэ.
- Адыгэ фащэкIэ дунейпсо утыку йохьэ
- Гъэ кIуам и кIэхэм Танзанием щекIуэкIа «Мисс мира журналистики» дунейпсо зэпеуэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ ди лъэпкъэгъу Къэнэмэт ФатIимэ.
- Зэхьэзэхуэм хэтыну зезыгъэтха пщащэ 60-м ящыщу иныкъуэращ абы хагъэхьэну къыхахар. Абыхэм я деж щрагъэкIуэкIа зэпеуэм ипкъ иткIэ кIэух Iыхьэм щызэхьэзэхуэну Украинэм, Польшэм, Испанием, Франджым, Зимбабвем, Кением, Китайм, нэгъуэщI къэралхэми щыщ хъыджэбз 12 Танзанием ирагъэблэгъат.
- — Танзанием кIуэ гъуэгум махуитI текIуэдащ, — къыддогуашэ ФатIимэ. — Налшык — Москва, Москва — Венэ, Венэ — Аддис-Абебэ, Аддис-Абебэ — Килиманджарэ. Арушэ къалэм нэс иджыри сыхьэткIэ дыкIуэри, абы дэт хьэщIэщ нэхъыфIхэм я зым дыщIагъэтIысхьащ.
- Щхьэхъумэхэр диIэт дэнэ дымыкIуэми, автобус дызэрысым хъыджэбз 12-ми ди сурэтхэр тетт. ИкъукIэ гуапэу къытпежьащ, дагъэхьэщIащ. Ещанэ махуэм Арушэ къалэм и мэрием драгъэблэгъащ. Абы щыIащ къэралым и министерствэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр икIи къыджаIащ Танзанием и дахагъымрэ IэфIагъымрэ зыхыдагъэщIэн папщIэ яхузэфIэкI къызэрамыгъэнэнур, иужькIэ дыздэкIуэжыну щIыпIэхэм я хъыбарыфI тхьыжын хуэдэу. Пэжу, дэ щIыпIэ куэдым дашащ, гъэщIэгъуэн тщыхъухэми дыхагъэплъащ, ауэ псом хуэмыдэу сигу ирихьащ Тарангир лъэпкъ паркым щытхуащIа фотосафарир. Танзаниер Африкэм и щIыналъэ нэхъыфIхэм ящыщщ. Шэч хэмылъу, дэ гу лъыттащ Европэм щыпсэу цIыхухэмрэ абы щыIэхэмрэ я гъащIэм иIэ зэщхьэщыкIыныгъэр, ауэ, уегупсысмэ, ди къэралми щымащIэкъым хуэмыщIауэ псэухэр.
- Дунейпсо зэпеуэм тегушхуэ дэтхэнэми ищIэн хуейщ апхуэдэ зэхыхьэхэр гугъуехьыпIэшхуэу зэрыщытыр. Зэманыр зэпэубыдат, махуэ къэс къафэхэм зыхуэдгъасэрт, фотосессиехэм дыхэтт, абыхэм яужь бысым къэралым и щIыпIэ дахэхэм зыщыдагъэплъыхьырт.
- Щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейт (сыт щыгъуи аращ къызэрызэупщIыр) абы адрей тхьэIухуд зэпеуэхэм хуэдэу, щIагъщIэлъкIэ утыку дыкъызэрыщимыхьар. Дгъэлъагъуэ адрей фэилъхьэгъуэхэм къадэкIуэу, дэтхэнэ пщащэри къызыхэкIа лъэпкъым, къэралым и фащэкIэ утыку къихьэн хуейт. Сэ, дауи, адыгэ фащэ сщыгъащ. Дэ Урысейм дызэрыгухьэрэ илъэс 460-рэ мэхъу икIи, къэплъытэ хъунущ ар къэралым и лъэпкъ фащэу. КъэпщытакIуэхэр хуабжьу дихьэхат ди фащэм, иужькIэ къызэрыщIэкIамкIэ, си утыку итыкIэри гурыхь ящыхъуат. Ещанэ увыпIэр сэркIэ пщIэшхуэт.
- Япэ увыпIищыр къэзыхьахэр мазэкIэ Танзанием пщIэншэу дыщыIэну, псапащIэ Iуэхухэм дыхэтыну, щIыналъэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм дадэлэжьэну, конференц гъэщIэгъуэнхэм дыхэтыну дыкъагъэнащ.
- Дунейпсо утыкум си зэфIэкIхэр щызгъэлъэгъуэнымкIэ, цIыхугъэщIэхэр, ныбжьэгъущIэхэр зэгъэпэщынымкIэ мы зэпеуэр хуабжьу къысхуэщхьэпащ.
- Тэрчокъуэ Дисэ.
- Акъылыр жыжьэ маплъэ, нэр абы и лъагъуэм ирокIуэ
- Блэжьын бгъуэтмэ, пшхыни бгъуэтынщ.
- Дыщэр дыщэ зыщIыр пщIэнтIэпсщ.
- Гугъу уехьу къэблэжьыр IэфIщ.
- Зи жьэ куэд жиIэм и Iэ куэд ищIэркъым.
- Къуажэ зиIэ нэхърэ — Iэ зыфIэт.
- Мэлыхъуэр куэдмэ, мэлыр хьэрэм мэхъу.
- Мыдэф и Iуданэ кIыхьщ.
- ПщIэнтIэпс пщIэншэ хъуркъым.
- Iуэхуншэ псэлъэрейщ.
- Зи Iуэ былым из нэхърэ — зи щхьэ акъыл ит.
- Ибэр бэшэчщ.
- Изрэ ныкъуэрэ зэрыщIэркъым.
- УтхьэмышкIэу беипхъу къыумышэ.
- Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж.
- Дыщэ унэ нэхърэ уи унэжь.
- Дзэгъащтэ дзэ псо и уасэщ.
- Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щылIыхъужьщ.
- Зауэм хэту джатэ хьэху ятыркъым.
- Уи адэ и щIыпIэ гъэдахэ, уи анэ дахэу епсалъэ.
- Уи нэ къеIэм и псэм еIэж.
- Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым.
- Акъылыр жыжьэ маплъэ, нэр абы и лъагъуэм ирокIуэ.
- Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ.
- Гум пыкIыр гум хохъуэж.
- Гур зыхуеIэм Iэр лъоIэс.
- ГуфIэгъуэри гуIэгъуэри къызэдокIуэ.
- Делагъэм уритепщэ нэхърэ, акъылым урипщылIмэ нэхъыфIщ.
- ДунеймкIэ зызыгъэнщIа хьэдрыхэ кIуакъым.
- Дунейр чэзущ.
- ЖаIэ псор къэхъуркъым, къэхъу псор яIуатэркъым.
- Зым и хущхъуэ зым и щхъухьщ.
- Мыщэ дыгъужь фIэбэлацэщ.
- Адыгэм я нэхъ тхьэмыщкIэри бысымщ.
- АкъылыфIэм делэми бзэ къыхуегъуэт.
- Бзаджэм уи кIэр иубыдмэ, пыупщIи блэкI.
- Быным къыщхьэщыж хабзэкъым.
- ГугъэнэпцIыр щхьэгъэпцIэжщ.