ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2019

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр  пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Шэджэм щIыналъэр къеплъыхь

2019-02-28

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ Шэджэм районыр къызэхикIухьащ. Псом япэу ар къыщыувыIащ Эль-Тюбю къуажэм икIи абы дэт фельдшер-акушер пунктым еплъащ. Мы IуэхущIапIэр цIыху 270-м щIигъум я узыншагъэм кIэлъоплъ. Пэшхэр зыхуеину Iэмэпсымэхэмрэ аппаратурэмкIэ къызэгъэпэщащ, тэмэму ягъэплъ, псы щIыIэри хуабэри яIэщ. Санитар автотранспортыр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ программэм хиубыдэу абы къратащ бгылъэ щIыпIэхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ псынщIэ къыщызэгъэпэщыным хуэщIа машинэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-02-28

  • Мазаем и 28, махуэку
  •  1732 гъэм Петербург Урысейм щыяпэ Кадет корпусыр — дзэм къулыкъу щызыщIэну зи мурад щIалэгъуалэр абы щыхуагъэхьэзыр IуэхущIапIэр — къыщызэIуахащ.
  • 1854 гъэм США-м и Республикэ партыр къызэрагъэпэщащ.
  • 1913 гъэм Данием щыщ физик Бор Нильс атомым и планетарнэ зэхэлъыкIэм теухуа и лэжьыгъэр хэIущIыIу ищIащ. А къэхутэныгъэм папщIэ Бор къыхуагъэфэщауэ щытащ Нобель и саугъэтыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

АдыгэлI зэпIэзэрыту дигу къина

2019-02-28

  • Журналист, тхакIуэ Шыбзыхъуэ Мухьэдин Хьэмырзэ и къуэр Прохладнэ районым хыхьэ Къэрэгъэш (Иналхьэблэ) къуажэм къыщалъхуащ. Абы классиб-лыр къыщиуха иужь, Налшык педучилищэм щIэтIысхьащ. Ар къиухауэ Кэнжэ курыт школым егъэджакIуэу, пионерхэм я гъэсакIуэ нэхъыжьу щылажьэу армэм ираджащ, Дзэ-Тенджыз флотым илъэси 4-кIэ къулыкъу щищIащ. Абы къикIыжа иужь, къыщалъхуа Къэрэгъэш къуажэм игъэзэжри, пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу лэжьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Бгырысхэм я IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжауэ

2019-02-28

  • Лъэпкъ Iущыгъэм и щIэнгъуазэу къэплъытэ хъунущ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ щагъэхьэзыра къыдэкIыгъуэр. Абы Iэ тезыдзэхэм (псори зэхэту экземпляр 1000-щ зэрыхъур) дыщэпскIэ зи теплъэр (жинтыр) гъэщIэрэщIа тхылъ нэхъыфIхэм хуэдэ къаIэрыхьэнущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Хуарзэ деж къыщагъуэтахэр

2019-02-28

  •  Кавказ Ищхъэрэм къыщагъуэтащ хьэпшып нэхъ жьы дыдэхэр. Ар къыхигъэщащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием ЩIэинхэмкIэ (Материальнэ щэнхабзэм и тхыдэмкIэ) и институтым и лэжьакIуэ, археолог Резепкин Алексей, «Московский комсомолец» газетым и корреспон-дентым и упщIэхэм жэуап щаритыжым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Социальнэ пособиехэм хохъуэ

2019-02-28

  • 2019 гъэм мазаем и  1-м щегъэжьауэ УФ-м Социальнэ страхованэмкIэ и фондым и мылъкум къыхэкIыу ят социальнэ пособие-  хэм зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Ислъамым и нур

2019-02-28

  • Уаз
  • Суннэтыр гъэзэщIэныр псапэщ
  • Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) илэжьауэ щыта псоми суннэткIэ доджэ.
  • Япэми зэрыжытIащи, фарзыр дымыгъэзащIэмэ, къытхуэгъунукъым, ауэ суннэтыр дымыгъэзащIэми, къытхуэгъунущ. Апхуэдэу щытми, ар зыгъэзащIэмрэ зымыгъэзащIэмрэ Алыхьым и пащхьэм зэи зэхуэдэ щыхъунукъым. Абы и щыхьэтщ мы хьэдисыр: «Мухьэ-мэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Сэ фIыуэ сыкъэфлъагъумэ, Алыхьым фIыуэ фыкъилъагъужынщ». Фарзымрэ суннэтымрэ зыгъэзащIэ цIыхур зэи щыуэнукъым. Суннэтыр дымыгъэзащIэми, къытхуэгъуну щхьэкIэ, суннэтым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Iущыгъэ гуэр къызыхыумыхыну, иджыпстурей гъащIэми къыщымысэбэпыну зы суннэти щыIэкъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, Бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) и Iэлъын къудейр къызощтэри, абы и хъыбар кIэщI цIыкIум дыкъыхуреджэ Алыхьым и арэзыщIыныгъэм дытелэжьэн зэрыхуей-ми, дыщыпсэу къэралым къытхуигъэув хабзэхэр зэрыдгъэзэщIапхъэми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Зыми  емыщхь Косыгин Алексей

2019-02-28

  • Сыту псынщIэу кIуэрэ зэманыр! Дыгъуасэ хуэ- дэщ дэ дуней псор зыфIэлIыкIа СССР-м дыщыщыпсэуар. Къэралым и Iуэхур зэрефIакIуэр зыхэтщIэрт. Ар зи фIыщIэхэм ящыщащ Косыгин Алексей Николай и къуэр. А цIыхум илъэс пщыкIухкIэ ди къэралым и Правительствэм и УнафэщI къулыкъур иIыгъащ. Апхуэдэ нэхъапэм СССР-ми Урысейми я тхыдэм зэи къыщыхъуакъым. Илъэс 42-кIэ Правительствэм зэрыхэтари телъыджэщ. Косыгин езым и лъэхъэнэгъу псоми куэдкIэ япэ итт. ЖытIэнщи, СССР-м и парт идеолог нэхъыщхьэ Суслов Михаил цIыхубэм псэкIэ япэжыжьэт, КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэ Брежнев Леонид теухуауэ кIэ зимыIэж анекдотхэр зэхалъхьэрт. Министрхэм я Советым и Iэтащхьэ Косыгин Алексей пщIэшхуэ дыдэ хуащIырт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Ипщэ дыдэм щыIэ къалэ

2019-02-28

Ушуайя Аргентинэм щыщ къалэ цIыкIущ. Ар щIыпIэ телъыджэм щыIэщ: уэсыщхьэ къуршхэм къаухъуреихь, и тафэр щхъуантIагъэхэм щIагъэнащ. Телъыджэращи, ар Полюс Ипщэм зэрыпэжыжьэр километр 900 къудейщ, Аращи, Ушуайя къалъытащ дунейм и ипщэ дыдэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ къалэу. Мыбы куэд къокIуэ зыщаплъыхьыну, езым зэпымыууэ щопсэу цIыху мин 50-м нэблагъэ. Абыхэм я нэхъыбэр бдзэжьеящэхэмрэ я унагъуэхэмрэщ. Езы къалэр цIыкIуми и аэропортыр ин дыдэщ. Абы икIыурэ кхъухьлъатэ-хэр Антарктидэми макIуэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

 ЩIымахуэми чемпионщ «Автозапчасть»-р

2019-02-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гъэмахуэ чемпион «Автозапчасть»-м щIымахуэми къыпэлъэщын къыкъуэкIакъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Iэпщэрыбанэхэм я Iэмалхэр

2019-02-28

  • «КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и «Гром» гуп хэхам хэтхэр я хьэщIащ Налшык дэт курыт еджапIэ №9-м и школакIуэхэм. Полицейхэм ныбжьыщIэхэр хагъэгъуэзащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэм», — къет МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-02-28

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, гъатхэпэм и 4
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 УимыIэри умыхъумэри зыщ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 6.55 «Жыг щIагъым». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.15 «ГуащIэм фIыщIэ пылъщ». КъБР-м щIыхь зиIэ и связист Кожаков Магомет (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр