ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2019

КъулыкъущIэхэм ирагъэбыдылIэ

2019-02-02

  • Махуэку кIуам КъБР-м и Правительствэм и унэм ди республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек щахуэзащ «ЛъагапIэщIэ» республикэ зэпеуэм щытекIуахэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Гу  зылъытапхъэр мащIэкъым

2019-02-02

  • ЩIышылэм и 31-м УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Марьяш Иринэ хэхакIуэхэм яIущIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр

«Упсэуну фIыщ!»

2019-02-02

  • Налшык къалэ дэт клиникэ сымаджэщ №1-м щызэхэтащ эндокриннэ узыфэхэм ущызыгъэгъуазэ «Упсэуну фIыщ!» щIалэгъуалэ медико-профилактикэ проектыр зэрырагъэкIуэкIам теухуа зэIущIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

Мардэхэм зэрытетым кIэлъоплъ

2019-02-02

  • Роспотребнадзорым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр жэуаплыныгъэ хэлъу кIэлъоплъ ди республикэм къыщыщIагъэкI ерыскъыхэкIхэм я фIагъымрэ ахэр зыщэхэм къабзагъэм ехьэлIа мардэхэр зэрагъэзащIэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Адыгэ псалъэм» Iэтевдзэ

2019-02-02

  • ПщIэ зыхуэтщI ди щIэджыкIакIуэхэ!
  • 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм я Iэ тедзэгъуэр иухащ, ауэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу абы фыкъыкIэрыхуамэ, ар вгъэзэкIуэжыфынущ. Апхуэдэу, «Адыгэ псалъэ» газетыр дызыхуэкIуэ гъатхэпэм къыщыщIэдзауэ ныфхуахьынущ, мы мазэм и 25 пщIондэ абы пощтхэм Iэ щыщIэвдзмэ.
  • МазиплIым ди газетым и уасэр сом 408-рэ кIэпIейкIэ 52-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Кхъухь кхъэлъахэхэр

2019-02-02

  • Норвегием и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щIэныгъэлIхэм иджыблагъэ къыщагъуэтащ викингхэм я кхъэлъахэжь зыбжанэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Беслъэнейм и бгырыпх фIыцIэ

2019-02-02

  • Урысейм Каратэ-до кёкусинкаймкIэ и федерацэм и президент Слипенчук Михаил къэралпсо «ЩIымахуэ еджапIэ-2019»-м ди лъахэгъу Беслъэней Къантемыр иджыблагъэ къыщритыжащ Японием щагъэхьэзыра бгырыпх фIыцIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Зеикъуэ къуажэм щыщ, милицэм илъэс куэдкIэ хэта, къулыкъур хьэлэлу Iуащхьэмахуэ районым щезыхьэкIа Мэршэнкъул Хьэсэнрэ ухуакIуэ Iэзэ, Абзуанхьэблэм къыщалъхуа Уэртэн Хьэжмуридрэ мазаем и 4-м илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу

2019-02-02

  • ПщIэ зыхуэтщI зэмалъхъэгъухэу Хьэсэнрэ Хьэжмуридрэ я махуэ лъапIэмкIэ дохъуэхъу. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ, зи мафIэр мыужьых унагъуэ лъэщхэм фрахъумакIуэщи, фызиплъыр жьэгур уардэ унэу, фи Iэнэгум берычэтыр щытепщэу, хьэщIэ етIысэхыпIэрэ унапIэ махуэу Тхьэм куэдрэ щигъэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

КъэщIыгъэ телъыджэхэр

2019-02-02

  • ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, псыпцIэхэр ящыщщ ЩIы хъурейм и биологие зэмылIэужьыгъуагъэм хезымыгъэгъэщI, щIыуэпсыр зэпIэзэрыт щытыкIэм изыгъэт къэщIыгъэ телъыджэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-02-02

  • Мазаем и 2, щэбэт
  •  Псы-псыпцIэ щIыпIэхэм я дунейпсо махуэщ
  •  Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ. Нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэту Сталинград къалэм деж махуэ 200-кIэ советыдзэхэм ирагъэкIуэкIа зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ иухащ 1943 гъэм мазаем и 2-м.
  •  Азербайджаным и щIалэгъуалэм я махуэщ
  •  1536 гъэм Испанием щыщ Мендосэ Педрэ Ла-Платэ псым и Iуфэм деж Аргентинэм и иджырей къалащхьэ Буэнос-Айрес къызытепщIыкIыжа псэупIэр щиухуащ.
  •  1549 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ ЛIыкIуэхэм я унэ зыфIаща IуэхущIапIэр — иджыпсту ар нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министерствэрщ.
  •  1701 гъэм Пётр Езанэм унафэ къыдигъэкIащ топ 18 зэрыбгъэувэ хъун кхъухьышхуих Ладогэ гуэлым щащIыну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къызэгъэпэща хъуащ Балтие флотыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Арутюнов Сергей адыгэхэм  я тхыдэм топсэлъыхь

2019-02-02

  • Арутюнов Сергей Урысейм пщIэ хэIэтыкIа зыщыхуащI тхыдэджу, этнографу зэрыщытым къыдэкIуэу, Налшык щIэх-щIэхыурэ къеблагъэ академикхэм ящыщщ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ апхуэдэ щIэныгъэлI зекIуэхэм я зым и фIыгъэкIэ дэ Iэмал диIащ а зэманым телевиденэм щылэжьа, нобэ Къармэхьэблэ дэт ещанэ курыт еджапIэм и унафэщI Щоджэн Мурат абы дригъэкIуэкIа интервьюм дедэIуэну. ЩIэупщIэр зэрыкуэдым и хьэтыркIэ, а нэтыныр адыгэбзэм къидгъэзэгъауэ ди щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ къыдолъхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-02-02

  • Псалъэжьхэр
  • КIуэм и гъуэгу хощI
  •  ЖармыкIэм къыщыхъуар жармыкIэм щызэхэкIыжынщ.
  •  Мысэр малъэри хейм и лъакъуэр щIеуд.
  •  Мыублэ мыхъумэ, мыух щыIэкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис