Мы махуэхэм
2019-02-16
- Мазаем и 16, щэбэт
- Литвам щагъэлъапIэ Урысеймрэ Германиемрэ я унафэм къыщIэкIыу я къэралыгъуэр щызэфIагъэувэжа (1918 гъ.) махуэр
- 1571 гъэм Грозный Иван Iэ тридзащ «Плъырхэм, гъунапкъэхъумэ IэнатIэхэм я IуэхукIэ» унафэм. Аращ Урысейм и дзэм теухуа япэ хабзэу къалъытэр.
- 1722 гъэм Пётр Езанэм къыдигъэкIащ «Пащтыхьыгъуэр зылъысынум теухуауэ» унафэр. Пащтыхьыр текIа нэужь абы и пIэ и къуэ нэхъыжьыр иувэу зэрыщыта хабзэр икъутэжащ а унафэм. Иджы къэрал унафэр зыIэщIэлъынур зыгъэувынур пащтыхьырт.
- 1946 гъэм ООН-м Экономикэ, социальнэ IуэхухэмкIэ и советым и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ комиссэ.
- 1943 гъэм советыдзэхэм Харьков къалэр хуит къащIыжащ.
- 1957 гъэм СССР-м къыщащтащ «Псым итхьэлэхэр къызэрыригъэлам папщIэ» медалыр.
- 1976 гъэм СССР-м и Камскэ автомобиль заводым КамАЗ автомобиль лIэужьыгъуэщIэр къыщыщIагъэкIащ.
- Совет дзэ къулыкъущIэ, Совет Союзым и Маршал Тухачевский Михаил къызэралъхурэ илъэси 126-рэ ирокъу. 1937 гъэм, пцIы тралъхьэри, яукIауэ щытащ ар.
- Урысей шахматисткэ, цIыхубзхэм я дунейпсо зэпеуэм япэу чемпион щыхъуа Менчик Верэ къызэралъхурэ илъэси 113-рэ ирокъу.
- Корее ЦIыхубэ-Демократие Республикэм и унафэщIу (1994 — 2011 гъэхэм) щыта Ким Чен Ир къызэралъхурэ илъэс 78-рэ ирокъу.
- Кубаным ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь, Краснодар крайм и губернатору, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и сенатору, Къэрал Думэм и депутату щыта Кондратенкэ Николай къызэралъхурэ илъэс 79-рэ ирокъу.
- Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, ЩIДАА-м и член-корреспондент, жылагъуэ лэжьакIуэ Болэ Ильзитэ къыщалъхуа махуэщ.
- Америкэм щыщ теннисист, Шлемышхуэр къэхьыным папщIэ екIуэкI зэхьэзэхуэхэм 17-рэ щытекIуа Макинрой Джон и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс тIэкIу къыщесынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 5, жэщым 1 градус щыхъунущ.
- Мазаем и 17, тхьэмахуэ
- ГумащIагъэр къэгъэлъэгъуэным и дунейпсо махуэщ
- Урысей студент гупхэм я махуэщ УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэм ипкъ иткIэ ар 2016 гъэм къыщыщIэдзауэ щагъэлъапIэ ди къэралым.
- Косовэ Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 2008 гъэм Косовэ и парламентым унафэ къищтащ къэрал щхьэхуэ зэрыхъум, ахэр Сербием къызэрыгуэкIым теухуауэ.
- 1600 гъэм Рим къалэм щагъэсащ Италием щыщ дин лэжьакIуэ, философ, усакIуэ Брунэ Джорданэ (и цIэ дыдэр Филиппщ).
- 1852 гъэм Эрмитажым, пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм зэхуи-хьэса сурэтхэр щахъумэ IуэхущIапIэу 1764 гъэм къызэрагъэпэщауэ щы-там, и бжэхэр абы зыщызыплъыхьы-ну хуейхэм къахузэIуихащ.
- 1863 гъэм Дунейпсо Жор Плъыжьыр къызэрагъэпэщащ.
- 1880 гъэм урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэр яукIыну етхуанэу теуащ, ауэ лагъымыр нэхъ пасэу къауэри, пащтыхьми абы и унагъуэми зэран яхуэхъуакъым.
- 1935 гъэм СССР и цIыхубэ комиссархэм я Советымрэ ВКП(б)-м и ЦК-мрэ «Москва Союзпсо мэкъумэш выставкэ къыщызэгъэпэщыным теухуауэ» унафэр къащтащ.
- 1947 гъэм «Америкэм и макъ» радиостанцым и нэтынхэр Совет Союзми къыщиубыду щIидзащ.
- 1993 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ «Газпром» акционер зэгухьэныгъэр.
- Урыс тхакIуэ, сабийхэм яхуэтхэ усакIуэ цIэрыIуэ, Сталиным, Лени-ным я щIыхькIэ ягъэувауэ щыта саугъэтхэр зрата Барто Агние къызэралъхурэ илъэси 113-рэ ирокъу.
- Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Къумахуэ Башир къызэралъхурэ илъэс 96-рэ ирокъу.
- ТIасхъэщIэх, Совет Союзым и ЛIыхъужь Вартанян Геворк къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу. Ар зи пашэ гупырщ Сталиным, Черчилль, Рузвельт сымэ Тегеран 1943 гъэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэр къызэпаудыну хущIэкъуа нэмыцэ тIасхъэщIэх гуп хэхахам япэщIэтар, къэрал лIыщхьэхэм я шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщар.
- УэрэджыIакIуэ, усакIуэ, композитор, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Малежик Вячеслав и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу.
- Журналист, КъБР-м и Правительствэм и саугъэтыр зыхуагъэфэща Хьэгъундокъуэ Сэлисэт къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 5 — 8, жэщым 1 градус щыхъунущ.
- Мазаем и 18, блыщхьэ
- Урысей Федерацэм и Транспорт полицэм и махуэщ
- УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм дзэхэр зыхуей хьэпшыпхэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ къызэзыгъэпэщ и IэнатIэм и махуэщ
- 1911 гъэм пощтыр зэбгрыхыным кхъухьлъатэ япэ дыдэу къыщагъэсэбэпащ. Ар къыщыхъуар Индиерщ: Аллахабад икIыу Наини кIуэ кхъухьлъатэм письмо мини 6,5-рэ, нэгъуэщI корреспонденцэу 250-рэ илъащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми «КхъухьлъатэкIэ зэбграха япэ пощт» жиIэу мыхъур тегъэуат.
- 1924 гъэм Налшык Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIу къыщызэIуахащ.
- 1930 гъэм США-м щыщ астроном Томбэ Клайд Уильям Плутон плане-тэр зэрыщыIэр къихутащ.
- 1943 гъэм Адыгэ Республикэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
- 1945 гъэм Австрием нэмыцэхэм щаIа Матхаузен гъэрэщым фашистхэм щаукIащ генерал-лейтенант, дзэ щIэныгъэхэм я доктор, Совет Союзым и ЛIыхъужь Карбышев Дмитрий.
- 1960 гъэм США-м щыщ Скво-Вэл- ли щIыпIэм къыщызэIуахащ VIII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр мазаем и 28 пщIондэ екIуэкIащ. Абы щыгъуэщ биатлоныр олимп зэхьэзэхуэхэм хагъэхьэжауэ щыщытар (1948 гъэм и ужькIэ хагъэкIауэ щытащ).
- 1979 гъэм Сахарэ къумым уэс къыщесащ.
- Италием щыщ физик, химик цIэ- рыIуэ, электроуэздыгъэм теухуа щIэныгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Вольтэ Алессандрэ къызэралъхурэ илъэс 274-рэ ирикъуащ.
- Италием щыщ конструктор, автомобиль къыщIэзыгъэкI компание къызэзыгъэпэща Феррари Энцо къызэралъхурэ илъэси 121-рэ ирокъу.
- Совет дзэ къулыкъущIэ, Совет Союзым и Маршал, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Тимошенкэ Се- мён къызэралъхурэ илъэси 124-рэ ирокъу.
- Совет къэрал, парт къулыкъущIэ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIу щыта Подгорный Николай къызэралъхурэ илъэси 116-рэ ирокъу.
- ТхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу.
- Критик, литературовед, УФ-мрэ Адыгеймрэ щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик ШащIэ Къазбэч къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу.
- Урысей фигуристкэ, гъэсакIуэ, Олимп джэгухэм (2002) дыжьын медаль къыщызыхьа, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Лобачёвэ Иринэ и ныбжьыр илъэс 46-рэ ирокъу.
- Урысей теннисист, Олимп чемпион (2000), УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Кафельников Евгений и ныбжьыр илъэс 45-рэ ирокъу.
- Урысей баскетболист, Пекин щекIуэкIа Олимп Джэгухэр къыщызэIуахым УФ-м и къэрал ныпыр утыкум къизыхьа Кириленкэ Андрей и ныбжьыр илъэс 38-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ, къешх-къесу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 5 — 6, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.