ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2019

Ди щIэныгъэлIым саугъэт лъапIэр къыхуагъэфащэ

2019-02-12

  • Илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм, ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр къыщIэзыгъэкI промышленностымрэ ухуэныгъэмкIэ индустриемрэ зегъэужьыным къаруушхуэ зэрырихьэлIам папщIэ Гришманов И. А. и цIэр зезыхьэ саугъэтыр къыхуагъэфэщащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмкIэ, дизайнымкIэ институтым и унафэщI, профессор Хэжь Толэ Амир и къуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ПщIэ

УсакIуэм и пшыхь

2019-02-12

  • 2019 гъэм мазаем и 14-м республикэм и Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я цIыху-бэ усакIуэ Гуртуев Сэлихь СулътIанбэч и къуэм и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ пшыхь.
  • ЗэIущIэр къызэIуахынущ сыхьэт 18-рэ дакъикъэ 30-м
  • ФыщIэупщIэхъунущ мы телефонхэмкIэ: 44-22-10, 42-43-13.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-02-12

  • Мазаем и 12, гъубж
  • Iэ плъыжьым и дунейпсо махуэщ (сабий-зауэлIхэм я дунейпсо махуэщ). Сабийхэр зауэхэм, лъыгъажэхэм хэтын хуей зэрыхъур, залымыгъэ зехьэным ирахулIэныр мыдэным хуэгъэпсауэ 2004 гъэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъым ипхъу пажэ

2019-02-12

  • Къэшэж Иннэ и IэдакъэщIэкIхэр гунэс зыщыхъухэм сащыщщ сэри икIи махуэ щIагъуэ дэзгъэкIыу щытакъым и усэхэм сыкъемыджэу. Иджыри щIэх-щIэхыурэ къызощтэ абы и тхылъхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Адэжь щIэину сиIэщ уафэ тыгъэ — Iэзэгъуэ лъэщхэм я лъэщ фи къабзагъэр

2019-02-12

  • Эссе
  • Уэс шэджэнэплъхэм я псысэ
  • Псэмрэ щхьэмрэ Iэжьэгъуншэу зэпэтIысурэ щIызэрыхэгъэзыхьыр зытехьэлъэнухэм мы тхыгъэр зэвгъэтIылъэкIмэ нэхъыфIщ… ГъэвыгъуафIэкъым фызыжь гъуапэхэм мыпIащIэурэ къыпыщэтыжар. Сэрщи, тэмакъыдзэрэ псэ дзапэкIэ мыр адэкIэ схьыну сыхуеижкъым. СутIыпщауэ хуэфащэ жьантIэр изогъэгъуэтыж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Артист IэужьыфIэ, цIыху лIэужьыфIэ Акъ Мухьэрбэч

2019-02-12

  • Псэужамэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 70 ирикъунут КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Абхъазым и цIыхубэ артист Акъ Мухьэрбэч.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

ТкIийуэ я нэIэ тетщ

2019-02-12

  • КъБР-м щыIэ МВД-м и УГИБДД-м и унафэщI, полицэм и полковник Бэджыдэ Юрий цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр щыгъуазэ ищIащ 2018 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гуп къыхэхар нэхъ лъэщт

2019-02-12

  • Куэдрэ узримыхьэлIэ Iуэхугъуэ мэрем кIуам къыщыхъуащ Налшык и Сабий стадионым — Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и командэ къыхэхар утыку къихьащ. Апхуэдэ иужьу къыщыхъуар блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэращ, иджы щымыIэж Совет Союзым и Лъэпкъхэм я спартакиадэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

АдыгэлIым и теплъэм

2019-02-12

  • «Конгрессым и библиотекэр» егъэщIэращIэ
  • Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я щыхьэр Вашингтон дэт «Конгрессым и тхылъ хъумапIэр» (Library of Сongress) дунейм библиотекэу тетхэм я нэхъ ину къалъытэ. «Адыгэхэм я щэнхабзэмрэ IуэрыIуатэмрэ» зи фIэщыгъэ интернет напэкIуэцIым хъыбар къызэрыдигъащIэмкIэ, а IуэхущIапIэм и уардэуниплIым я нэхъыжь «Джефферсон Томас и ухуэныгъэм» и IуплъапIэ мывэ блыным адыгэ цIыхум и щхьэм и сурэт къыщыхэIущIыкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Жыджэрхэм я тхьэмахуэ

2019-02-12

  • Терекскэ жылагъуэм спортым щыхуащI гулъытэм хэхъуэ зэпытщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Республикэпсо чемпионат

2019-02-12

  • Налшык дэт «Олимпийский» спорт комплексым хэт «Атлант» тренажёр пэшым щекIуэкIащ щIылъу штангэр къэIэтынымкIэ (русский жим) Къэбэрдей-Балъкъэрым и зэхьэзэхуэрэ чемпионатрэ. Ар къызэрагъэпэщащ «Налшык» спорт школымрэ (директорыр Сурженкэ Русланщ) КъБР-м пауэрлифтингымкIэ федерацэмрэ (унафэщIыр Гъубж БетIалщ).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Театрым и тхыдэ напэкIуэцIхэр

2019-02-12

  • Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедза-пIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Хаджи-Муса Мидов: Публитистика. Дневники. Письма» фIэщыгъэм щIэт тхылъ гъэщIэгъуэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм, зыхъумэжыныгъэм пыщIа нэгъуэщI министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм 2019 гъэм щIэтIысхьэнухэр къыхах

2019-02-12

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Налшык къалэм и дзэ комиссариатым къыхех Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм зыхъумэжыныгъэм пыщIа нэгъуэщI министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм 2019 гъэм щIагъэтIысхьэн папщIэ кандидатхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха