Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2019-02-16
- Нэщэнэхэр
- ПщыкIущ бжыгъэр
- 13 бжыгъэр европей щэнхабзэм къелъытэ насыпыншагъэ къэзышэу. А бжыгъэм щышынэным зэреджэр трискаидекафобиещ. Абы ипкъ иткIэ, къат пщыкIущу е нэхъыбэу зэтет унэхэм 13 бжыгъэр къыщыщамыгъэлъагъуэ къохъу, трискаидекафобхэр щамыгъэщтэн папщIэ. 12-нэ къатым 14-нэр къыкIэлъыкIуэнкIэ, е «12А», «12Б» иIэнкIэ мэхъу, уеблэмэ «12+1» къат зиIэ уни щыIэщ.
- Италием оперэмкIэ и театрхэм я тIысыпIэхэм 13-нэр хэткъым, апхуэдэуи кхъухьхэм я 12-нэ каютэм къыкIэлъыкIуэр 14-нэщ.
- 13 бжыгъэм апхуэдэ «лей» къыщIытехьэр, псом нэхърэ нэхъыфIу къалъытэ 12-м къызэрыкIэлъыкIуэрщ: илъэсыр мазэ 12, зодиакым и дамыгъэхэри апхуэдиз мэхъу, Геракл зэрихьа лIыгъэу 12 къабж, Хьисэ и лIыкIуэхэри — 12, ар къызэралъхуам ехьэлIа дауэдапщэхэри махуэ 12-кIэ ирагъэкIуэкI.
- А бжыгъэм насыпыншагъэ къахуихьу зи фIэщ хъу париждэсхэм я хьэщIэхэр 13 щыхъум и деж Iэмал имыIэу 14-нэу зыгуэр кърагъэблагъэ. Зэгуэрым Твен Марк 13-нэ хьэщIэу зыщIыпIэ ирагъэблэгъат. МыкIуэмэ зэрынэхъыфIыр и ныбжьэгъу щIалэм къыжриIарэ пэт, Твен пшыхьым зригъэхьэлIащ. ТхакIуэм иужькIэ жиIэжауэ щытащ: «Си кIэн къыщикIакъым а пшыхьым, зыхуэпщэфIар цIыху 12-рт».
- Инджылызми фIыуэ щалъагъуркъым зи гугъу тщIы бжыгъэр.
- А къэралым и дзэ-тенджыз къарухэм зэгуэрым хым трагъэхьа кхъухьыщIэм «мэрем, 13» (Fridaythe 13th) фIащат. ИкIи ар псы Iуфэм щыIукIар мазэм и 13-нэ махуэрщ, мэремырщ. Абы и ужькIэ а кхъухьыр зэи зыми илъагъужакъым.
- Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
- Урыс тхакIуэ цIэрыIуэ, публицист Iэзэ Тимофеев Игоррэ адыгэхэм я къекIуэкIыкIар илъэс куэд хъуауэ къэзытIэщIыж, Лохвицкий Михаил игъэныбжьэгъуу щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ зытепсэлъыхьын я куэдщ. Гуэл ЩхъуантIэхэм щыIэу мы сурэтыр щытраха 1987 гъэми абыхэм зи гугъу ящIыр ди тхыдэрт.
- Лохвицкий Михаилрэ Тимофеев Игоррэ къызытехъукIыжар Аджыкъу-Джэрий (Лохвицкий) Зэчийрэ абы и адэ шыпхъумрэщ. Михаил и адэшхуэмрэ илъэс пщIыкIуплI фIэкIа мыхъуа и адэ шыпхъумрэ чыцэхэм зыхагъэпщкIуауэ къагъуэтыжат, 1864 гъэм урысыдзэхэр абыхэм я жылэм дыхьэу, дэсахэр щызэтраукIам.
- ЦIыху Iущхэр
- Голсуорси Джон
- Инджылыз прозаик, драматург, Нобель саугъэтым и лауреат Голсуорси Джон 1867 гъэм шыщхьэуIум и 14-м Кингстон-Хилл (Суррей графствэ) инджылыз къалэм къыщалъхуащ. Харроу школым уэчыл Iуэхухэм щыхуеджащ, иужькIэ Оксворд университетым щIэтIысхьащ. Ауэ Голсуорси къыхиха IэщIагъэм дихьэхыртэкъыми, юриспруденцэ IэнатIэм пэрымыувэу, я унагъуэ хьэрычэтыщIэ Iуэхум кIэлъыплъын хуэдэу хамэ къэрал кIуащ.
- Голсуорси и япэ тхылъыр, рассказ зыбжанэ щызэхуэхьэсар, 1897 гъэм дунейм къытехьащ. Абыи адэкIэ къыкIэлъыкIуа зыбжанэми кIэщIитхар Синджон Джонщ. Абы пьесэхэри романхэри итхыу щытащ. Иджыпсту Голсуорси нэхъыбэу къызэрацIыхур и романхэмкIэщ. Псом хуэмыдэу «Сага о Форсайтах» трилогием куэд щыгъуазэщ. 1932 гъэм Нобель саугъэтыр литературэмкIэ къратауэ щытащ. 1933 гъэм дунейм ехыжащ инджылыз тхакIуэр.
- * * *
- КъэкIуэнум фемыгупсысмэ — апхуэдэ фиIэнукъым.
- Закъуэныгъэракъым цIыхум дежкIэ нэхъ Iей дыдэу щыIэр, атIэ уи Iэр зэтедзауэ ущысынырщ.
- Дэтхэнэри цIыху пэжу щытыным хущIокъу, ауэ куэдым къайхъулIэркъым.
- ЛIэныгъэм Iейуэ хэлъри? Уэ дунейм утокIыжри, фIыуэ плъагъу псори къонэ.
- Лъэпощхьэпохэм щышынэ лъагъуныгъэр лъагъуныгъэкъым.
- Гуапагъэр — зи лейри зэран мыхъу хьэлщ.
- ГушыIэныр зыхэвмын. ЦIыхум дежкIэ гушыIэр зыхуэдэр розэм къыпих мэ гуакIуэрщ.
- Делэращ псори ищIэу жызыIэфынур.
- ГъащIэм нэхъ Iейуэ хэлъхэм ящыщщ пщIар зэпхъуэкIыжыну Iэмал ущимыIэр.
- ЦIыхум пщIэ яхуэпщIыным къикIыр уи щхьэм пщIэ хуэпщIыжынырщ.
- Шхыныгъуэхэр
- Нартыху хьэжыгъэ губорэ
- Нартыху хьэжыгъэр псы къэкъуалъэкIэ е шэкIэ япщ, шыгъу е фошыгъу хэлъу, тIэкIу ягъэупщIыIури, гуэдз хьэжыгъэ щIапщэ. И щхьэр трапIэри, IэфI къыщIыхьэн щхьэкIэ, щIыIапIэм сыхьэти 6-8-кIэ ягъэув. Тхьэвыр шэкIэ япщамэ, зэрыщагъэтыр сыхьэтитIщ. ИтIанэ я Iэр псы щIыIэм хащIэурэ хупцIынэм мэжаджэм нэхърэ нэхъ цIыкIуу, пIащIэу Iыхьэхэр къыхащIыкI, сантиметритI-щы я Iувагъыурэ. Тхъу зыщыхуа тебэм иралъхьэри, жьэгукIэ е хьэкулъэкIэ ягъажьэ дакъикъэ 35-кIэ. Губорэр хьэкулъэм илъ гъущI хъарым теплъхьэури бгъажьэ хъунущ зэбгъэдзэкIыурэ. Губорэ жьар тебэм кърахыжри, псы щIыIэ тIэкIу щахуэ, щIауфэри щабэ хъун щхьэкIэ щагъэтщ. ЗэмыкIуэкIыу куэдрэ щылъщ. Къалмыкъ шей, шэ, шатэ, шху дашх.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): нартыху хьэжыгъэу — г 400, гуэдз хьэжыгъэу — г 50, псыуэ е шэуэ — г 250-рэ, шыгъуу, тхъууэ — узыхуейм хуэдиз.
- ТхьэмщIыгъу гъэбэкхъа
- Шыуаным е тебэм тхъу е щэ гъэвэжа иралъхьэри къагъэплъ градуси 120-130-рэ хъуху, абы бжьын упщIэ- та халъхьэ, зэIащIэурэ дакъикъи 3-4-кIэ ягъэлыбжьэри, цIыкIу-цIыкIуу упщIэта (г 10-12) тхьэмщIыгъур халъ- хьэ. МафIэр ин ящIри, зэIащIэурэ тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. ИтIанэ шыгъу, шыбжий плъыжь сыр уба, псы щIыIэ щIакIэ, и щхьэр трапIэри хьэзыр хъуху, дакъикъэ 15-17-кIэ, ягъэбэкхъ. Хьэзыр хъуа шхыны- гъуэм джэдгын уба траудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъэ зыплIытхукIэ щагъэт. Пщтыру Iэнэм трагъэувэ. Дашх чыржын, пIастэ, хьэлIамэ, мырамысэ хуабэ, щIакхъуэ.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): тхьэмщIыгъуу — г 300, тхъууэ е щэ гъэвэжауэ — г 150-рэ, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 50, псы щIыIэу — г 150-рэ, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- Псалъэ шэрыуэхэр
- КъыфIэдзэ си бзэгум
- И хьэсэпэ здынэс ищIэжыркъым.
- «И лъэкIыныгъэр зыхуэдизыр ищIэжыркъым» жыхуиIэщ. Жылагъуэм щигъэзащIэ къалэным хуэмыфащэу щытым, зи мыIуэху хэIэбэм теухуауэ къапсэлъ.
- КъызэрызащамкIэ узощэж.
- Зэрызэхэсха дыдэм хуэ-дэу бжызоIэж. ЖаIэр зэрыпэжымкIэ шэсыпIэ щимыувэм деж къапсэлъ.
- КIапсэр и псыгъуапIэм щызэпоч.
- Зи Iуэху мыхъум нэхъ Iеиж къыщыхукъуэкIым деж къапсэлъ хабзэщ.
- И щхьэр пкъуэлъу и лъэр пкъуокI.
- ПэжкIэ къыббгъэдэмытыну цIыхум хужаIэ.
- Къэзыдыгъур зы гуэныхьщи, зыфIадыгъур гуэныхьищэщ.
- Зыгуэр зыфIадыгъуам куэдым шэч зэрахуищIым, зэратрилъхьэм — «я гуэныхь къазэрытрихым» — щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ хабзэщ.
- КъыфIэдзэ си бзэгум.
- Хъуэжэ и махуэр къызыхуэкIуам — къыжьэдэкIа псалъэм и зэранкIэ щытыкIэ гугъу иувам гушыIэ щIыкIэу жиIэ хабзэщ.
- МафIэ здэщымыIэм Iугъуэ щыуркъым.
- Псори зыгуэрым къыхокI. Нэхъ щыжаIэр зи пэжыпIэ дыдэр мыбелджылы хъыбар, псалъэмакъ гуэрхэр щызэрахьэм дежщ.
- Щауэ Къэлидар.
- Ар пэжщ
- Мыр гъащIэщ
- ЛIы гуэрым шы закъуэ иIэти, дэкIри кIуэдащ.
- — Дауэ ухъуну иджы уи шыр уимыIэжу? — къыхуэгузэващ гъунэгъухэр.
- — Алыхьращ зыщIэр а къэхъуар Iейми фIыми,- жиIэщ, и Iэр иридзыхри, ежьэжащ лIыр.
- МахуитI докIри, шым къегъэзэж зы гуартэ и гъусэу.
- — Сыту уехъулIа, мылъкушхуэ уиIэщ иджы! — жаIащ гъунэгъухэм.
- — Абы фIы кърикIуэнрэ къримыкIуэнрэ Алыхьырщ зыщIэр, — абы къыфIигъэкIакъым аргуэру лIым.
- ЛIым и къуэр шыхэм я зым тетIысхьэну иужь ихьэри, мо шы мыгъасэм къриутIыпщхьэхри, щIакъуэ ищIащ.
- — Ау-уей, уи щIалэ закъуэр щIакъуэ хъуащ,- жаIащ гъунэгъухэм.
- — Абы кърикIуэнур Алыхьырщ зыщIэр. Аращ гъащIэр,- жиIащ лIым.
- Зэман кIэщI дэкIри, зауэ къэхъеящ, щIалэщIэу къуажэ цIыкIум дэсыр дашащ, лIым и щIалэ щIакъуэр къагъанэри.
- — Дэ ди къуэхэр тлъагъужыни дымылъагъужыни, уэ уи къуэр зыщIыпIи яшакъым — сыту уехъулIа! — жаIащ аргуэру гъунэгъухэм.
- — Абы кърикIуэнури Алыхьым ещIэ! МыргъащIэщ! — жиIащлIым.
- Хъыбар
- Гъэунэхуныгъэ
- Я псэр зы чысэм илъщ жыхуаIэм хуэдэу зэныбжьэгъуитI псэурт. Зэгъусэу лажьэрт, загъэпсэхурт, я гуфIэгъуи гуауи зэдагуэшырт, зэмычэнджэщауэ зы Iуэхуи пэрыувэртэкъым. Зэи зыми илъэгъуатэкъым ахэр зэфIэнауэ, зызэхуагъэгусауэ е я макъ зрагъэIэтауэ зэпсалъэу. ЗэныбжьэгъуитIым я хъыбарыр нэсащ ахэр щыпсэу къэралыгъуэм и пащтыхьым и деж. Пащтыхьым и ныбжьыр хэкIуэта пэтми, игъащIэм иIатэкъым ныбжьэгъу, и фIэщ хъуртэкъым апхуэдэ ныбжьэгъугъэ щыIэуи. Абы унафэ ищIащ зэныбжьэгъуитIыр къыхуашэу и пащхьэм кърагъэувэну.
- — Фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр зэрыжаIэм хуэ- дэу быдэ, хьэмэрэ хъыбару къекIуэкIхэр пцIы? ПцIыуэ щытмэ, ар зыIуэтахэм я щхьэр пыслъэнущ, — яжриIащ пащтыхьым щIалитIым.
- — Дызэныбжьэгъущ, — къатащ жэуап.
- — Ар хьэкъ къысщыфщIыну фыхьэзыр?
- — Ныбжьэгъугъэр гъэунэхун хуейуэ къэтлъытэркъым.
- — АбыкIэ фэ зыри къывэупщIакъым, — жиIащ пащтыхьым, — сэ сыхуейщ фызгъэунэхуну. Фэ езыхэм къывгурымыIуэж щхьэкIэ, «ныбжьэгъугъэ нэскIэ» фызэджэр нэкъыфIэщIу къыщIидзыжыну къысщохъу. Ауэ щыхъукIи, сэ згъэщIэгъуэнут икIи си гуапи хъунут зи гугъу фщIы ныбжьэгъугъэ къабзэр мы ду-ней щIэщIыIум тету къыщIэкIамэ…
- Ар жиIэри, унафэ ищIащ щIалитIыр щIыунэ зырызым щIадзэну. ЩIыунэхэр щIыIэт, псыIэт, зы нэхуи димыдзу кIыфIт, дзыгъуэхэр щызежэрт. ЗэныбжьэгъуитIыр зэпсэлъэфыртэкъым икIи зэрыщIэртэкъым. ХъумакIуэхэм унафэ хуащIащ гъэрхэр ямыгъэшхэну. ЩIалэхэм жраIащ япэу гущIэгъу щIэлъэIур къаутIыпщыжыну, ауэ и ныбжьэгъум хьэзаб тралъхьэу ягъэлIэну.
- Мазэ псокIэ щаIыгъащ зэныбжьэгъуитIыр щIыунэ зырызым. Дэни щызэхэпхыр абыхэм я хъыбарырт. ЩIалитIыр гущIэгъум щIэлъэIуакъым. ТIури щIыунэхэм къыщIахыжащ я псэр пыт къудейрэ замыгъэхъеижыфу. Дохутыр нэхъыфIу щыIэхэр къашэри щIалэхэм ирагъэIэзащ. Псэлъэфын хуэдэу зыкърагъэщIэжа нэужь, аргуэру пащтыхьым и пащхьэм ирашащ ахэр.
- — ЛIыхъужьхэр! — Iэтауэ жиIащ пащтыхьым зэныбжьэгъуитIыр къызэрилъагъуу, — сэ фIыщIэ фхузощI фэ сывгъэлъэгъуа щапхъэм щхьэкIэ, хьэзаб зэрыфтезгъэлъам папщIи къысхуэвгъэгъуну сыныволъэIу. Иджы сэ хьэкъыу спхыкIащ ныбжьэгъугъэ нэс зэрыщыIэр.
- — УщыгъуэзэнкIэ Iэмал иIэкъым ныбжьэгъугъэ нэс щыIэрэ щымыIэрэ, — жиIащ щIалитIым я зым.
- — Ар дауэ? — жиIащ пащтыхьым. — Фэ фхэлъа лIыгъэмрэ ерыщагъымрэ щыхьэт куэд дыдэ иIэщ. ТIум язри фепцIыжакъым ныбжьэгъум, зы псалъэ закъуэм фи хьэзабым кIэ иритыфын пэтми.
- — Ущоуэ! — жаIащ зэныбжьэгъухэм. — Дэ дгъэпэжар щхьэж ди гупсысэкIэщ. Ар мыхъуамэ, япэ дыдэу хьэзаб къыщыттеплъхьа махуэм дызэпцIыжынут. ГъащIэм и пэж гуауэр зыхэлъыр аращ — щхьэж ди гупсысэщ, ахъумэ ныбжьэгъукъым дызыхуэпэжыр, гугъуехьхэм дащытекIуэкIэ.
- — Ара зэрыщытыр?! — нэхъри игъэщIэгъуащ пащтыхьым. — Ауэ щыхъукIи, фэ фызэныбжьэгъуу зывобжыж! Ар дауэ къызгурывгъэIуэну? Сыт ныбжьэгъугъэ нэсыр зищIысыр?
- — Уигупсысэзэтехуэнырщ…
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:1. ЩIым гъуэ куу къыщизытIыкIыу щыпсэу, хьэпIацIэхэр зи шхыныгъуэ псэущхьэ цIыкIу. 3. Ди зэманым щIагъуэу зэрамыхьэж цIыхухъу вакъэ пIащIэ, лъахъстэным къыхэщIыкIауэ. 6. Балъкъэрыр нэхъыбэу, адыгэр нэхъ мащIэIуэу щыпсэу къуажэ, Бахъсэн районым щыщу. 7. Дунейр … къызэрыхъуу, цIыхур уэрамым куэду къыдыхьащ. 9. Нало Заур и япэ IэщIагъэр. 10. Iуэху щIэнкIэ хуэмыху, течыгъуей. 14. ЩIалэм … уэрэд къреш. 15. Дохутырхэм хущхъуэ, еIуящIэхэм афиян къызыхах къэкIы-гъэ. 17. Кхъухьлъатэзехуэу Хэку зауэшхуэм хэта, Совет Союзым и ЛIыхъужь. 18. Мэлищэ … хъуркъым. 23. Шыуанышхуэ. 24. ГушыIэр … и щIасэщ. 28. «Ныкъусаныгъэ», «сэкъат» псалъэхэр нэгъуэщIу зэрыжаIэ. 30. Пхъэ сахуэ. 31. Машинэм, шыгум, лъакъуэрыгъажэм я зы Iыхьэ. 32. Адыгэ макъамэ Iэмэпсымэ. 33. Жыг къудамэр траупщIыкIа нэужь пхъэм къытенэ IэпапIэ. 34. «ФIыцIэ» псалъэм и пIэкIэ ари къагъэсэбэп.
- Къехыу:1. Гъэм и зэман. 2. ЦIыху къарууфIэ. Е щыхь пIащэ. 3. Аушыджэр къыщыхъуа къэбэрдей усакIуэ. 4. Зы бзэкIэ тхар нэгъуэщIыбзэкIэ зэзыдзэкI цIыху. 5. Шым и жэкIэ. 8. … къытетIысхьэмэ, и хулъэр йопкI. 11. Бжэгъу кIыхь, и зы кIапэ лъэныкъуэм фIэгъэнапIэ иIэу. 12. Хъарбыз … е къэб … 13. Пщэ гъум. 16. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ театрым и джэгуакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист … Борис. 19. ШколакIуэ цIыкIухэм къуалэбзу … ящIащ. 20. Мэлым къытращыкIа цы щабэ. Е … бостей. 21. Псалъэ дахэм … гъуэмбым къреш. 22. Iэпслъэпсым щыщ. 25. Зи гур иуда, гукъыдэж зимыIэ цIыху. 26. ЩыхупIэ, нэпкъ лъагэ. 27. Пхъэм къыхэщIыкIа бжэмышх цIыкIу. 29. Республикэм, къэралым я блэкIа зэманыр. 31. Хьэкъущыкъу.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Мазаем и 9-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:3. КIэн. 7. Джанэ. 8. ТIыхъужь. 9. Курыбэ. 10. Балэ. 12. Хьэсы. 14. Шхуэ. 15. Гудзэ. 16. Фоч. 18.Щомыщ. 20. Мысыр. 21. Iупэлэ. 24. Къурашэ. 25. Фасикъ. 27. Рим. 29. Хьэм. 30. Ефэ. 31. Сэмб. 33. Берд. 35. Гъаблэ. 36. Шыхъуэ. 37. Сытхъу. 39. Дей.
- Къехыу: 1. Удж. 2. Анэл. 3. КIэрашэ. 4. Нэбгъэф. 5. Мыщэ. 6. Кхъужь. 11. Акъбащ. 13. Сабыр. 15. Гуимэ. 17. Чысэ. 19. Щапхъэ. 20. Мылыф. 22. Джаур. 23. Псым. 24. КъуанщIэ. 26. Къэлэр. 28. Мелард. 29. Хьэулей. 32. Мыхъур. 34. Ерыщ. 36. Шху. 38. Хъун.