Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К.В. Хэкум и хъумакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу
2019-02-23
- Хэку зауэшхуэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда къарухэм я ветеранхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Дзэ къулыкъущIэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
- Мы махуэм дэ догъэлъапIэ Хэкур хъумэным зи гъащIэр хуэзыгъэпсахэр, Урысейм и зыхъумэжыныгъэр, абы и щхьэхуитыныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэзыгъэпэщхэр, ди цIыхухэм я мамыр гъащIэр зыхъумэхэр. Махуэшхуэм ехьэлIа псалъэ нэхъ гуапэ дыдэхэр дэ яхудогъазэ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу ди къэралым и лIыхъужьыгъэ тхыдэм напэкIуэцI гъуэзэджэхэр къыхэзынахэм. Дэ ди къалэнщ ди адэхэмрэ ди адэшхуэхэмрэ зэрахьа лIыгъэр зыщыдмыгъэгъупщэну, урысей зауэлIхэм я хабзэ лъапIэхэр — хэкур фIыуэ лъагъуныр, къалэным хуэпэжыныр, пщIэр, щIыхьыр тхъумэну икIи къытщIэувэ щIэблэр абыхэм яхуэдгъэсэну.
- Си гуапэу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, насып, ефIэкIуэныгъэ фиIэну.
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм