ЦIыхухэр къызэрырашэкI автомобиль транспортым и лэжьэкIэм, республикэм и гъуэгухэм я щытыкIэм гулъытэ хэха хуащIынущ
2019-02-05
- КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и унафэщIхэмрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ кърихьэлIэу иригъэкIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ «ЦIыхухэмрэ абыхэм яIыгъ хьэлъэхэмрэ автомобиль транспортымкIэ, къалэхэм щызекIуэ электрическэ транспортымкIэ къыщешэкIыныр Урысей Федерацэм къыщызэгъэпэщыным, Урысей Федерацэм и закон акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» Федеральнэ законым тету ди деж цIыхухэр пассажир транспортымкIэ къызэрыщрашэкIым хуэгъэза кIэлъыплъыныгъэр гъэткIииным.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм ФизкультурэмкIэ, спортымкIэ, туризмэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Дегтярёв Михаил хуэзащ
2019-02-05
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек республи- кэм и Правительствэм и Унэм щыхуэзащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм ФизкультурэмкIэ, спортымкIэ, туризмэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Дегтярёв Михаил.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
КъБР-м и Тхылъ плъыжьымрэ нэгъуэщI Iуэхухэмрэ
2019-02-05
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм депутатхэр Iуэхугъуэ 40-м щIигъум щытепсэлъыхьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым
Мэлбахъуэ Елбэрд и щIыхькIэ
2019-02-05
- 2019 гъэм мазаем и 6-м Мэлбахъуэ Т. Къу. и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм щекIуэкIынущ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэлбахъуэ Елбэрд Тимборэ и къуэр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум теухуа юбилей зэхыхьэ.
- ЗэIущIэмщIидзэнущсыхьэт 16.00-м
Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ
2019-02-05
Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ Iэзэ Ташло Алий и унагъуэр и гъусэу. 2000 гъэ. Сурэтыр Толгуров Камал трихащ.
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2019-02-05
- Атлетикэ псынщIэ
- МетритIыр къыфIэIуэхужкъым
- Ди лъахэгъу Ласицкене (Кучинэ) Марие мы гъэм япэу дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щыхэтащ Германием и Котбус къалэм щекIуэкIа «Internationales Springer-Meeting Cottbus» зэпеуэм. Абы, дауи, ар щытекIуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым фрегъэблагъэ
2019-02-05
- Мазаем и 8-м — Гецадзе А. и «Си адэшхуэм къызэришэжар» теплъэгъуитIу зэхэт гушыIэ пьесэм къытращIыкIа спектаклым.
- Мазаем и 17-м — Ольмезов Мурадин и «Унэ лъапIэ» пьесэр и лъабжьэу ягъэува, теплъэгъуитIу зэхэт драмэм.
- Мазаем и 25-м — Аппаев Билал и «ТхьэIухудхэр зэрадыгъур» пьесэм тету ящIа, теплъэгъуитIу зэхэт гушыIэ спектаклым.
- Спектаклхэм щыщIидзэр сыхьэт 19-рщ.
- УпщIэ зиIэхэр фыщIэупщIэ хъунущ мы телефонхэмкIэ:42-64-94, 42-33-89.
Зыхыхьэхэр: ХъыбарегъащIэ