ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Февраль, 2019

Къалэн хьэлъэ зи фэ дэкIахэр

2019-02-19

  • Советыдзэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мазаем и 15-м
  • илъэс 30 ирикъуащ
  • Афган зауэм совет сэлэт мелуан ныкъуэ хэтащ, цIыху мин 14-м щIигъу абы хэкIуэдащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу афган зауэм щыIащ 1860-рэ, 55-м къагъэзэжакъым. Ягъуэта уIэгъэхэмрэ фэбжьхэмрэ къыхэкIыу а зауэм и ветеран 300-м щIигъу дунейм ехыжащ. Ди лъахэгъухэу щым къыхуагъэфэщащ Бэракъ Плъыжьым и орден, «Хахуа-гъэм папщIэ» медалыр къратащ цIыху 870-м, «Дзэ щIыхьым папщIэ» медалхэр — зауэлI-афган 907-м.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

2019-02-19

  • Сом меларди 2,6-рэ трагъэкIуэдэнущ
  • Къэрэшей-Шэрджэс. «Архъыз» курортымрэ Кислые псы къыщIэжыпIэмрэ зэпызыщIэ гъуэгур 2021 гъэм яухыну я мурадщ КъШР-м и унафэщIхэм. Республикэм туризмэмкIэ, курортхэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и министр Ерчэн Анзор зэрыжиIамкIэ, абы текIуэдэнущ сом меларди 2,6-рэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

Аргудан къуажэм дащIыхьа сабий садыр мыгувэу къызэIуахынущ

2019-02-19

  • Сабийуэ 160-рэ зэкIуэлIэну а IуэхущIапIэр зыхуей хуагъэзащ, иджыпсту пщIантIэмрэ абы къе-дза щIыналъэхэмрэ зэIузэпэщ ящI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-02-19

  • Мазаем и 19, гъубж
  •   Джейхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
  •  1855 гъэм синоптикхэм я япэ картэр дунейм къытехьащ. Ар ищIат Париж дэт обсерваторием и унафэщI, Нептун планетэр зэрыщыIэр къэзыхута астроном Леверье Урбен.
  •  1878 гъэм макъ зытх Iэмэпсымэ къызэригупсысам щыхьэт техъуэ патент иратащ США-м щыщ физик Эдисон Томас.
  •  1921 гъэм Профсоюз зэгухьэныгъэхэм я союзпсо совет нэхъыщхьэм къыдигъэкI «Труд» газетым и япэ номерыр дунейм къытехьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Гуртуев Сэлихь илъэс 80 зэрырикъуар ягъэлъэпIащ

2019-02-19

  • Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм гуфIэгъуэ пшыхь щекIуэкIащ КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ, Тбилиси къалэм щIыхь зиIэ и цIыху, литературэ саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэр зрата, Кавказым и тхакIуэхэм я клубым щIыхь зиIэ и президент Гуртуев Сэлихь и ныбжьыр илъэс 80 зэрырикъуам теухуауэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Гуапэу ди гум къинащ

2019-02-19

  • Джэлэс Таужид ящыщщ адыгэ газетым нэхъыбэрэ щылэжьахэм, ар егъэфIэкIуэным, узэщIыным зи акъыл, зи къару хуэзыгъэлэжьахэм. А IэнатIэм ар пэрытащ илъэс плIыщIым щIигъукIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэхъугъэр, къэхъукъащIэхэр, цIыху гъащIэр

2019-02-19

  • Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэр зи лъабжьэ лэжьыгъэхэм я зы Iыхьэ къызэIузыхыу убж хъуну IэдакъэщIэкI гъэщIэгъуэн. Джатэ Руслан, Бжьахъуэ Ранетэ, КъуэщIысокъуэ Iэсият сымэ ягъэхьэзыра, «Зольская земля: события, судьбы, свершения» зыфIаща тхылъ-сурэтылъэр А4 жыпхъэм итщ, напэкIуэцI 480-рэ мэхъу, Дзэлыкъуэ районым иужьрей илъэсищэм къриубыдэу къыщыхъуахэр къызэщIекъуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

«Къыптехуэр щIэи, зэрыхъу ирехъу»

2019-02-19

  • УэрэджыIакIуэ Щауэ Тимур нэхъ гъунэгъуу фыдогъэцIыху
  • ДжэгуакIуэр щэнхабзэм и жьантIэдэсу къалъытэ. Абы IэщIэлъ Iэмэпсымэм зэманым зыдихъуэжу щытми, и къалэныр нэпцIым зытригъэуа «пэжыфэр» къытрилъэфынращи, ар къызэхъулIэрщ ипэжыпIэкIэ а IэщIагъэм къыхуигъэщIар. Нобэ нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну ди мурад Щауэ Тимури усакIуэу зыкъимылъытэжу жеIэ, Урысейм къызэрыщацIыхур зытегъэпсам техуэ и уэрэд шэрыуэхэмкIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIэныгъэ псоми я лъабжьэр зи гъуазэ

2019-02-19

  • Философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор КъуэщIысокъуэ Роберт и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 60 ирикъуащ. «Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етын и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща КъуэщIысокъуэм илъэс 37-м щIигъуауэ гудзакъэ иIэу и къалэнхэр егъэзащIэ. Кандидат лэжьыгъэмрэ доктор диссертацэмрэ илъэсищ фIэкIа ямызэхуакуу пхигъэкIат КъуэщIысокъуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

Я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъагъуэ

2019-02-19

  • КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ къыдаIыгъыу КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм иригъэкIуэкI «Ди Iуэху еплъыкIэхэмкIэ адыгэбзэкIэ дызохъуажэ» зэпеуэр Аруан къуажэм дэт курыт еджапIэм щрагъэжьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр

НэхъыфIхэр ягъэпажэ

2019-02-19

  • Граждан авиацэр сытым дежи щытащ икIи щытщ Урысей Федерацэм и транспорт системэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэу. НобэкIэ ар унэтIыныгъэ, кхъухьлъатэ зэмылIэужьыгъуэ куэд зиIэ, къалэнышхуэ зыбгъэдэлъ IэнатIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гъунэгъухэр бжыгъэшхуэкIэ хагъащIэ

2019-02-19

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым 2018-2019 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм зыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» япэ зыгъэсэгъуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщрихьэлIэри, къыкIэлъыкIуэр Кисловодск (Нартсанэ) къыщыпищэну ежьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынухэр

2019-02-19

  • Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и зэхьэзэхуэ. Урысейпсо зэпеуэм и кIэух зэIущIэм хэтынухэр къыщыхахым кърихьэлIат КИФЩI-м и щIыналъэ псоми къикIа спортсмен 300-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр