ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Январь, 2019

Москва щызэIуощIэ

2019-01-31

  • Дыгъуасэ «Урысей зэкъуэт» партым и лэжьапIэ унэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэ, партым и Совет нэхъыщхьэм и секретарь Турчак Андрейрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

2019-01-31

  • Бжьахъуэхэр зэгуохьэ
  • Адыгей.Республикэм  къыщызэрагъэпэщащ «Бжьахъуэхэм я урысей лъэпкъ зэгухьэныгъэ» жылагъуэ организацэм  и щIыналъэ къудамэ. Адыгэ Республикэм Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, абы къызэщIеубыдэ бжьахъуэ 70.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

Шы гъэсэкIэм теухуа тхылъ

2019-01-31

  • Ди щIэджыкIакIуэхэм нэхъ пасэу и гугъу фхуэтщIат Артамоновэ (Къуныжь) Лидиерэ Евдокимов Александррэ зэдатха «Спортым хэт шыр зэрагъасэр» («Учебник по выездке спортивной лошади») тхылъым. Сыт хуэдэ тхылъи зыIэрыбгъэхьэну Iэмал къозыт интернет тыкуэнхэм я фIыгъэкIэ иджы ар къытIэрыхьащи, дигу къинэжахэмкIэ дывдогуашэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Нобэ

2019-01-31

  • Фаджэ (проказа) узыфэр зыпкърытхэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
  • ДыщэкIым и дунейпсо махуэщ
  • 1714 гъэм Санкт-Петербург и Гъэмахуэ уардэунэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къыщызэрагъэпэщащ «Пащтыхьым и лэжьапIэ пэш» — Кунсткамерэр. Ар иужькIэ Урысейм щыяпэ музей ящIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дунейм щынэхъ лъэщу къалъытэ

2019-01-31

  • «Brand Finance» дунейпсо рейтинг агентствэм игъэхьэзыращ 2018 гъэм ипкъ иткIэ бренд пашэхэм я щытыкIэр. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, Урысейм и ХъумапIэ банкым и зэфIэкIым и индексыр пункт 90-м икIри 93-м нэсащ — ар дунейм и банк бренд нэхъ лъэщ дыдэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

Къэрал гулъытэ зыгъуэтахэр

2019-01-31

  • Мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м илъэс 95-рэ ирикъунущ «Адыгэ псалъэм» и япэ номерыр ду-нейм къызэрытехьэрэ. Абы лъандэрэ гъащIэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм декIуу, зыIууэ лъэпощхьэпохэр къызэранэкIыфу къогъуэгурыкIуэ адыгэбзэкIэ ди республикэм къыщыдэкI газет закъуэм и лэжьакIуэхэр. ЦIыхуищэхэм я гуащIэ хэлъщ «Адыгэ псалъэм» нобэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щапхъэ  зытетхыу  щыта  нэхъыжьыфI

2019-01-31

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и япэ номерыр къызэрыдэкIрэ илъэс 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу» рубрикэр нобэ къызэIудох ди лъэпкъ журналистикэм зиужьыным хэлъхьэныгъэ къызэрымыкIуэ хуэзыщIа Мырзэкъан Суфян Жамболэт и къуэм теухуа тхыгъэкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ГъащIэр  анэмэт  зыхуащI

2019-01-31

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ    и дохутыр, Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и отличник, Зеикъуэ дэт район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ КIуэкIуэ Миланэ  (Светланэ) Мухьэмэд и пхъур жылагъуэм зи пщIэр щылъагэ бзылъхугъэ щыпкъэщ. Илъэс 45-м щIигъуауэ зыхэт гупми, жыпIэнурамэ, къэзыцIыху дэтхэнэми псалъэ гуапэ куэд хужаIэ абы. ЦIыхум фIыуэ укъалъагъуныр, узыхэтым уи зэфIэкIыр къалъытэныр, дауи, насыпщ. Сыт а насыпыр КIуэкIуэм къыхуэзыхьар жыпIэмэ, шэч хэмылъу, и дуней тетыкIэ дахэрщ, и лэжьыгъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэрщ, щхьэхрэ езэшрэ имыщIэу и мурадхэр зэрызригъэхъулIэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Налшык къалэ хасэр зэхуос

2019-01-31

  • ЩIышылэм и 29-м Печатым и унэм щекIуэкIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къудамэмрэ КъАХ-м и хасащхьэмрэ я зэIущIэ.Ар теухуауэ щытащ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэмрэ абы и къуэдзэмрэ хэхыным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

ЩIэныгъэлI цIэрыIуэхэр

2019-01-31

ЗэфIэкI ин иIэу къегъэлъагъуэ Къармэхьэблэ щыщ Абыдэ Мусэ Тажудин и къуэм. Ар академие зыбжанэм хэтщ, медицинэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-01-31

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, мазаем и 4
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Усыгъэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 6.40 КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Алим и гуфIэгъуэ пшыхь (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.20 «Къэбэрдей-Балъкъэрым и дыщэ вагъуэхэр». Михайленкэ Василий (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIалэгъуалэ

2019-01-31

  • ХъуэпсапIэхэр  нахуапIэ  мэхъу
  • «Гуащэнэ. Пащтыхь Гуащэм къикIуа гъуэгуанэр» фильм кIэщIыр 2018 гъэм дунейм къытехьащ. Ар зи IэдакъэщIэкIыр ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым хореографиемкIэ и къудамэм и студент, режиссурэм дихьэх, 2018 гъэм екIуэкIа «Королева Кавказа» зэпе-уэм и къызэгъэпэщакIуэ Къамбий Амирщ. Ар фильмым и продюсерщ, сценаристщ икIи режиссёрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Афиян  псынщIэ»  щыIэкъым

2019-01-31

  • Къэрал зыбжанэм я щIэныгъэ центрхэм я къэхутэныгъэщIэр сэбэп яхуэхъунущ щIэпыр «Афиян псынщIэу» икIи ар тутыным хуэдэу ящэми хъуну жызыIэхэм япэщIэтхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Краснодар  хъарзынэу  зыкъыщагъэлъагъуэ

2019-01-31

  • Краснодар къалэм щекIуэкIащ бжымрэ дискымрэ жыжьэу дзынымкIэ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм я чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Абы хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ Налшык дэт СШОР №1-м и спортсменхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Щэнейрэ чемпион

2019-01-31

  • Нижегородскэ областым хыхьэ Кстовэ къалэм щекIуэкIащ Iэпщэрыбанэ зэзауэхэм Урысейм и Лъэпкъ гвардием и къэралпсо чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, спортым щIыхь зиIэ и мастер Беслъэней Нурмухьэмэд.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

« Раньше