ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Сочэ-2019»: КIуэкIуэ К. В. хэтащ «ХьэщIагъэм  и экономикэ: нобэрэпщэдейрэ» сессием

2019-02-16

  • Урысейм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ Урысей инвестицэ зэхуэсышхуэм хиубыдэу ирагъэкIуэкIащ «ХьэщIагъэм и экономикэ: нобэрэ пщэдейрэ» сессиер. Абы хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр, КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, къэралым и щIыналъэхэм я унафэщIхэр.

  • Сессием утыку къыщрахьащ 2035 гъэм нэсыху Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэм туризмэм зыщегъэужьынымкIэ стратегием и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр. Федеральнэ, щIыналъэ экспертхэр зыдигъэIэпыкъуурэ, ар зэхилъхьащ Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министерствэм.
  • Сессиер къыщызэIуихым УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей жиIащ Кавказ Ищхъэрэм къакIуэ туристхэм я бжыгъэм зэпымыууэ зэрыхэхъуэр. Къапщтэмэ, 2018 гъэм и закъуэ «Эльбрус», «Архъыз», «Ведучи» курортхэм цIыху мин 640-м щIигъум зыщагъэпсэхуащ. КъызэралъытэмкIэ, 2025 гъэм ирихьэлIэу Кавказ Ищхъэрэм гъэ къэс турист мелуан 1,6-м нэблагъэ къэкIуэнущ.
  • «Кавказ Ищхъэрэм щIыпIэ дахэхэр щыкуэдщ, дунейм и щытыкIэр сытым дежи фIыщ. Ауэ туризмэм зегъэужьынымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэр хьэщIагъэшхуэ зыхэлъ цIыхухэрщ. А псоми къыдахьэх Урысейм, нэгъуэщI къэралхэм къикIыу Кавказым къакIуэ туристхэр. Езы къэралми, къэралым и унафэм щIэмыт IэнатIэхэми я къару зэхэлъым и фIыщIэкIэ Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэхэм зэпымыууэ заужьынущ», — къыхигъэщхьэхукIащ министрым.
  • Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым туризмэм зыщегъэужьыным хуэунэтIауэ Урысейм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министерствэм зэхилъхьа стратегиер зэрагъэзэщIэнум и фIыщIэкIэ иджыпсту щыIэ курортхэм нэрылъагъуу заужьынущ, апхуэдэу курортыщIэхэр къызэIуахынущ. Чеботарёв С. В. зэрыжиIамкIэ, 2025 гъэм нэсыху лыжэкIэ къыщажыхь гъуэгуу аргуэру километр 80-м щIигъу ягъэхьэзырынущ, бгыхэм зэрыдэкIуей кIапсэ гъуэгуу 30 хуэдиз яукъуэдиинущ. КъызэрабжамкIэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым туризмэмкIэ и IэнатIэм хиубыдэу лэжьэну дэтхэнэ зы цIыхуми къыдэIэпыкъун папщIэ адрей IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм цIыхуи 5-м лэжьапIэ щратын хуей хъунущ.
  • НэгъуэщI къэралхэм щыIэ турист IуэхущIапIэхэм я щапхъэм тету Кавказ Ищхъэрэм туризмэмкIэ и зэфIэкIхэр хэIущIыIу щIын, зэрыщыту езы щIыналъэми абы щылажьэ зыгъэпсэхупIэ хэхахэми я цIэр гъэIун зэрыхуейр сессием хэтахэм зэдэарэзыуэ къагъэлъэгъуащ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.