ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2018

ШынагъуэншагъэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ и органхэм я унафэщIхэм я советым и зэIущIэр Налшык щекIуэкIащ. Абы хэтащ Матовников Александррэ КIуэкIуэ Казбекрэ

2018-10-20

  • Дыгъуасэ Налшык щекIуэкIащ ШынагъуэншагъэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэм щыIэ и органхэм я унафэщIхэм я советым и зэIущIэ. Абы хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Матовников Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Голодец Ольгэрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ

2018-10-20

  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ республикэм щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьынымкIэ хэкIыпIэхэм, УФ-м и Президентым «2024 гъэм нэсыху Урысей Федерацэм зегъэужьыным пыщIа лъэпкъ мурадхэмрэ стратегие къалэнхэмрэ я Iуэхухэмрэ къыдигъэкIа указыщIэм ипкъ иткIэ ягъэхьэзыра «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр зэрыхэтым.
  • Апхуэдэу къаIэтащ ди щIыналъэм и турист-рекреацэ комплексым зыщIэгъэкъуэным ехьэлIа Iуэхухэри.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

КъБКъУ-м и бжэхэр къыхузэIуах

2018-10-20

  • Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыфIхэм. Абы щIэс студентищэхэм щIэныгъэ куу зэрырагъэгъуэтыным хущIокъу егъэджакIуэхэр, IэщIагъэлIхэр. Университетым иIэ къудамэхэмрэ абы щызэфIах егъэджэныгъэ унэтIыныгъэхэмрэ мы махуэхэм щыгъуазэ хуащI республикэм и курыт школхэм я класс нэхъыжьхэм щеджэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Пыхусыхум фыхуэсакъ!

2018-10-20

  • Пыхусыхум ехьэлIа вакцинацэр ди республикэм и щIыналъэ псоми щокIуэкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

«Адыгэ псалъэр» адыгэ унагъуэ псоми ирырехьэ!

2018-10-20

  • ПщIэ зыхуэтщI ди щIэджыкIакIуэхэ!
  • ФокIадэм и 1-м щIидзауэ КъБР-м Пощт зэпыщIэныгъэхэмкIэ и управленэм ирегъэкIуэкI 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ трегъэдзэным теухуа лэжьыгъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Профессор Къумахуэ Мухьэдин и щIыхькIэ

2018-10-20

  • ЩIэныгъэлI гъуэзэджэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къумахуэ Мухьэдин Iэбубэчыр и къуэр илъэс 90 зэрырикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща дунейпсо щIэныгъэ конференцыр дыгъуасэ щекIуэкIащ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомолым и тхыдэ

2018-10-20

  • Иджыблагъэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм дунейм къыщытехьащ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн. Лениным и цIэр зезыхьэ союзпсо комму- нист щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр (ВЛКСМ) илъэси 100 зэрырикъум теухуа «История комсомола Кабардино-Балкарии» тхылъыр Зумакулов Борисрэ Мэрзей Залымджэрийрэ зэхагъэуващ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Абазэ Руслан Исмел и къуэр

2018-10-20

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 80-м иту 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 19-м дунейм ехыжащ республикэм и къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист, Урысей Федерацэм и прокуратурэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, юстицэмкIэ 2-нэ класс зиIэ къэрал советник Абазэ Руслан Исмел и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Быгуэ Динэ и ехъулIэныгъэ

2018-10-20

  • Нобэ фэдгъэцIыхуну дыхуейщ «Мисс Калининград-2018», «Жемчужина России-2018» зэпеуэхэм щытекIуа ди лъэпкъэгъу пщащэ тхьэIухуд Быгуэ Динэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Мы махуэхэм

2018-10-20

  • Жэпуэгъуэм и 20, щэбэт
  • Статистикэм и дунейпсо махуэщ
  • Авиадиспетчерым и дунейпсо махуэщ
  • ПщафIэм и дунейпсо махуэщ
  • Дзэ связистым и махуэщ
  • Сербием щагъэлъапIэ Белград къалэр хуит къыщащIыжа махуэр. 1944 гъэм советыдзэхэмрэ Югославием и партизанхэмрэ Белград къалэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Тхьэмокъуэ Ланэ и зэфIэкI

2018-10-20

  • Дэтхэнэ IэщIагъэми цIыхур егъэдахэ, зэфIэкIрэ егугъуныгъэрэ хэлъу и лэжьыгъэр ирихьэкIмэ. Ауэ псом хуэмыдэу гугъущ, жэуаплыныгъэшхуи зыпылъщ дохутыр IэнатIэр. А лэжьыгъэ мытыншым илъэс куэд лъандэрэ пэрытщ Тхьэмокъуэ Ланэ Владимир и пхъур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2018-10-20

  • ГъэщIэгъуэнщ
  • Алыфбейм и къежьэкIар
  • ЯпэщIыкIэ псалъэхэр, пычыгъуэхэр къызэрыкI сурэт цIыкIухэр къагупсысащ. Нэхъ кIасэIуэу Финикий сондэджэрхэм хьэрф языныкъуэхэр кърагъэжьащ, ауэ ахэр хьэрф дэкIуашэт. ИтIанэ ди эрэм и пэкIэ IX — VIII лIэщIыгъуэхэм пасэрей алыджхэм хьэрфзешэхэри кърагъэжьащ икIи абыхэм я тхыбзэр «альфэрэ» «бетэу» зэхэтт. Урысхэм я деж ар къэсащ икIи славяныбзэкIэ «аз» «бука» хъуащ, абыи къытекIащ «азбука» псалъэр.
  • Дунейм тет лъэпкъхэм я нэхъыбэм езым я алыфбей къагупсысакъым, нэгъуэщIхэм яйхэр къагъэсэбэпауэ аращ. Дэри, адыгэхэри, урыс алфавитым нобэ дытету аращ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

ЦIыху Iэпкълъэпкъым и щэхухэр

2018-10-20

  • ЦIыху Iэпкълъэпкъым нэхъ телъыджэ щIыуэпсым къигъэщIакъым. Абы и лъынтхуэ километр бжыгъэхэр зэхэмызэрыхьу зэрылажьэр, псантхуэхэм къалэну ягъэзащIэр, лъым зэрызигъэкъэбзэжымрэ вирусхэм зэрезауэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхум и щхьэкуцIым ихъумэф информацэм хуэдиз зезыгъакIуэ компьютер нобэр къыздэсым къызэрамыгъэщIыфари. ЩхьэкIуцIым и зэфIэкI псом щыщу проценти 5 фIэкI цIыхум къызэримыгъэсэбэпыр къэплъытэмэ, ущIоупщIэ: сыт хуэдизт цIыхум лъэкIынур, абы и щхьэр проценти 100-кIэ лажьэу щытатэмэ?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха