ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Адыгэ псалъэр» адыгэ унагъуэ псоми ирырехьэ!

2018-10-20

  • ПщIэ зыхуэтщI ди щIэджыкIакIуэхэ!
  • ФокIадэм и 1-м щIидзауэ КъБР-м Пощт зэпыщIэныгъэхэмкIэ и управленэм ирегъэкIуэкI 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ трегъэдзэным теухуа лэжьыгъэр.

  • Газетхэм ящыщу «Адыгэ псалъэм» и закъуэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым ди анэдэлъхубзэкIэ къыщыдэкIыр. ДызэригугъэмкIи, ар яIэрыхьэн хуейщ дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми.
  • ГъэщIэгъуэн куэд къивгъуэтэнущ ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм — политикэ, экономикэ, щэнхабзэ, гъуазджэ, спорт хъыбарыщIэхэр, ди тхыдэм, ди хабзэ-бзыпхъэхэм ятеухуа тхыгъэхэр, нэгъуэщI куэди.
  • Газетым Iэ щытевдзэ хъунущ КъБР-м и пощт IуэхущIапIэхэм.
  • «Адыгэ псалъэм» и Iэ тедзапщIэр илъэс ныкъуэм сом 612-рэ кIэпIейкIэ 78-рэ хъууэ аращ.