ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Профессор Къумахуэ Мухьэдин и щIыхькIэ

2018-10-20

  • ЩIэныгъэлI гъуэзэджэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къумахуэ Мухьэдин Iэбубэчыр и къуэр илъэс 90 зэрырикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща дунейпсо щIэныгъэ конференцыр дыгъуасэ щекIуэкIащ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым.

  • ЗэIущIэм кърихьэлIат КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ ШэнтIыкъу Иринэ, Тыркум, Швецием, Абхъазым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ Республикэм, Москва къалэм къикIа щIэныгъэрылажьэхэмрэ аспирантхэмрэ. Апхуэдэу зэIущIэм къеблэгъат про- фессор цIэрыIуэм и пхъур, и Iыхьлыхэр.
  • Пленарнэ зэIущIэр къызэIуихащ институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт. Ар кIэщIу къытеувыIащ Къумахуэ Мухьэдин и Iэужьыр зэрыкупщIафIэм, бзэ щIэныгъэмрэ лъэпкъ щIэнгъуазэмрэ абы хэлъхьэныгъэу хуищIар зыхуэдизым.
  • Апхуэдэу утыкум къыщыпсэлъащ Швецием щыщ Лунд къалэм дэт университетым и профессор Вамлинг Каринэ. Абы игу къигъэкIыжащ Къумахуэм дригъэкIуэкIа лэжьыгъэ купщIафIэр икIи институтым тыгъэ къыхуищIащ щIэныгъэрылажьэхэм я къэхутэныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа тхылъ зыбжанэ.
  • Министр Къумахуэ Мухьэдин, щIэныгъэ лэжьакIуэхэу БищIо Борис, Улаков Махъты, Габуниа Зинаидэ, Берсыр Батырбий, Иуан Зэуал сымэ тепсэлъыхьащ Мухьэдин и IэдакъэщIэкIхэм бзэм и нобэрей щытыкIэм и мызакъуэу, абы къикIуа гъуэгуанэри, къыпэплъэри къызэрыщыгъэлъэгъуам. Абыхэм къыхагъэщащ Къумахуэр сыт и лъэныкъуэкIи цIыху зэпIэзэрыту, лэжьыгъэм хуэIэижьу зэрыщытар.
  • Пленарнэ зэIущIэм и ужькIэ конференцым и лэжьыгъэм щыпащащ гуп хэхахэм. Абыхэм ди республикэм и щIэныгъэрылажьэхэмрэ хьэщIэхэм-рэ щызэпкърахащ: кавказыбзэхэм я зэхэлъыкIэмрэ къакIуа гъуэгуанэмрэ, иджырей бзэ политикэмрэ абы и лъэныкъуэкIэ къекIуэкI зэгурымыIуэныгъэхэмрэ, пэщIэдзэ, курыт еджапIэхэм лъэпкъыбзэхэр зэрыщрагъэдж тхылъхэм я зэхэлъыкIэхэр, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и лексикэр, синтаксисыр джыным теухуа бгъэдыхьэкIэщIэхэр, кавказыбзэхэмрэ тхыдэмрэ зэрызэпхар, нэгъуэщIхэри.
  •  Конференцыр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ убгъуа ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
  • ЩОДЖЭН Iэминат.