ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ШынагъуэншагъэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ и органхэм я унафэщIхэм я советым и зэIущIэр Налшык щекIуэкIащ. Абы хэтащ Матовников Александррэ КIуэкIуэ Казбекрэ

2018-10-20

  • Дыгъуасэ Налшык щекIуэкIащ ШынагъуэншагъэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм Кавказ Ищхъэрэм щыIэ и органхэм я унафэщIхэм я советым и зэIущIэ. Абы хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Матовников Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ.

  • ЗэIущIэм щIидзэным ипэ къихуэу абы хэтахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ «ЩIыхьым и мыужьыхыж мафIэм», Совет Союзым и ЛIыхъужьхэмрэ ЩIыхь орденым и нагъыщэ псори зратахэмрэ я фэеплъым, Керчь къыщыхъуа гузэвэгъуэм хиубыдэу илъэс 400-м и щIыхькIэ Налшык щыIэ утым къыщызэрагъэпэща мемориалым.
  • ЗэIущIэм къэкIуахэм фIэхъус псалъэхэмкIэ захуигъэзащ Матовников Александр.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэр зэIущIэр щрагъэкIуэкIын папщIэ къызэрыхахам къыхэкIыу ШынагъуэншагъэмкIэ федеральнэ къулыкъущIа- пIэм и унафэщIхэм фIыщIэ яхуи- щIащ икIи къыхигъэщащ республикэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм куэд зэрыхащIыхьар.