ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Пыхусыхум фыхуэсакъ!

2018-10-20

  • Пыхусыхум ехьэлIа вакцинацэр ди республикэм и щIыналъэ псоми щокIуэкI.

  • СПИД-мрэ уз зэрыцIалэхэмрэ пэщIэтынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Иуан Маринэ къызэджиIамкIэ, нэгъуэщI къэралыгъуэхэм щагъэхьэзыра вакцинэ щыIэнукъым, цIыхур зыщыгугъын хуейр Урысейм и хъущхъуэхэрщ. Зэман ипэкIэ Франджым къыщыщIагъэкIа «Ваксигрипп»-м хуэдэу ди къэралым кърашар мин 200 къудейти, ар псынщIэу ящащ. Абы и пIэм Урысейм и «Ультрикс» вакцинэр къиуващ.
  • «Мы IуэхумкIэ дызыпыщIауэ щыт къэралхэм, зэрыгурыIуэгъуэщи, фейдэ лъэпкъ ямыIэу къалъытащ. Абы къыхыхьэжащ иджыпсту щыIэ санкцэхэри, ауэ ди вакцинэхэр абыхэм ейхэм нэхърэ зыкIи нэхъ Iейкъым. ЦIыхум я узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо организацэм и нэ-Iэм щIэту пыхусыху вирусым и антигенхэм илъэс къэс захъуэж икIи ахэр дэни щызэхуэдэщ, зэрызэщхьэщыкIышхуэ щымыIэу. Вакцинэр зыхевгъэIун хуейщ иджы къыщыщIэдзауэ щэкIуэгъуэ мазэр иухыху», — жиIащ Иуаным.
  • Шэрэдж Дисэ.