Тхьэмокъуэ Ланэ и зэфIэкI
2018-10-20
- Дэтхэнэ IэщIагъэми цIыхур егъэдахэ, зэфIэкIрэ егугъуныгъэрэ хэлъу и лэжьыгъэр ирихьэкIмэ. Ауэ псом хуэмыдэу гугъущ, жэуаплыныгъэшхуи зыпылъщ дохутыр IэнатIэр. А лэжьыгъэ мытыншым илъэс куэд лъандэрэ пэрытщ Тхьэмокъуэ Ланэ Владимир и пхъур.
- Ар Пирогов Н. И. и цIэр зэрихьэу Москва дэт лъэпкъ медико-хирургие центрым и поликлиникэ нэхъыщхьэм и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIу илъэс IэджэкIэ лэжьащ. А зэманым Ланэ къалащхьэм и медицинэ IэнатIэм и лэжьакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ хъуащ.
- Дагъуэншэу и IэнатIэр зэрырихьэкIым папщIэ 2009 гъэм Тхьэмокъуэ Ланэ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхылъыр, Москва къалэр илъэс 805-рэ зэрырикъур щагъэлъапIэ гъэм а пIалъэм и IуэхукIэ къыдагъэкIа медалыр къыхуагъэфэщащ икIи абы щIыгъу удостоверенэм Iэ щIидзауэ щытащ УФ-м и Президент Ельцин Борис.
- И ныбжьыр зыгъэпсэхугъуэм нэсами, Тхьэмокъуэ Ланэ нобэми и IэнатIэ мытыншыр ирехьэкI. Ар Москва къалэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и департаментым и поликлиникэ №2-м и дохутырщ.
- Иджыблагъэ и юбилейр щигъэлъапIэм Тхьэмокъуэ Ланэ къратащ КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъыр. Дэри а лэжьакIуэ емызэшым, унагъуэ дахэм хэс щхьэгъусэ, анэ гуапэм дохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ насыпрэ иIэну, пщIэшхуэ зыпылъ и IэщIагъэм иджыри куэдрэ ирилэжьэну.
- И Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ.