ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2018

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Iэ тридзащ пенсэм щагъакIуэ ныбжьым нэблэгъахэм ират къэрал дэIэпыкъуныгъэм теухуа законым

2018-10-02

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Iэ тридзащ «Пенсэ ныбжьым нэблэгъахэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэрыратым и IуэхукIэ» законым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Республикэм и щхьэхуитыныгъэр зэрызригъэгъуэтрэ илъэс 25-рэ зэрырикъумкIэ Хаджимбэ Раульрэ Абхъазым и цIыхубэмрэ ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек

2018-10-02

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Хаджимбэ Раульрэ Абхъазым и цIыхубэмрэ ехъуэхъуащ республикэм и щхьэхуитыныгъэр зэрызригъэгъуэтрэ илъэс 25-рэ зэрырикъумкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Прохоренкэ Александр и цIэр фIащ

2018-10-02

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэубзыху органым и зэIущIэм Парламентым и депутатхэм щыдаIыгъащ республикэм хиубыдэ къуршхэм ящыщ зым Урысейм и ЛIыхъужь Прохоренкэ Александр и цIэр фIэщыным теухуауэ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа жэрдэмыр. Щыгур Осетие Ищхъэрэм деж иIэ гъунапкъэм хуозэ.
  • Лейтенант нэхъыжь Прохоренкэ Александр къулыкъу ищIэу щыхэкIуэдащ Сирие Хьэрып Республикэм, Пальмирэ къалэр хуит къэщIыжыным теухуа зауэр щекIуэкIым.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ Правительствэмрэ
  • я пресс-IуэхущIапIэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щхьэгъэпсо Сэфарбий ягъэуващ «ЩхъуантIэхэр» урысейпсо щIыуэпс партым и унафэщIым и къуэдзэу

2018-10-02

  • «ЩхъуантIэхэр» урысейпсо щIыуэпс партым и Iэтащхьэхэм я унафэкIэ «ЩхъуантIэхэр» урысейпсо щIыуэпс партым и щIыналъэ Советым и унафэщI, КъБР-м и Парламентым мэкъумэш политикэмкIэ, щIыуэпсымкIэ, щIым и хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэсэбэпынымрэ щIы зэхущытыкIэхэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэм и къуэдзэ, КъБР-м и Парламентым щыIэ «ЩхъуантIэхэр» фракцэм и пашэ, биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий партым и унафэщIым и къуэдзэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэмкIэ ягъэуващ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

2018-10-02

  • ИугъащIэ Апсным!
  •  Абхъаз.Абхъазым и Президент Хаджимбэ Рауль иригъэблэгъащ Приднестровье Молдавие Республикэм къикIа, ПМР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщI Щербэ Александр зи пашэ гупыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

Мы махуэхэм

2018-10-02

  • Жэпуэгъуэм и 2, гъубж
  • Залымыгъэ мылэжьыным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2007 гъэм къищта унафэмкIэ ягъэуващ, Индием и лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм и пашэу щыта Ганди Махатмэ къыщалъхуа махуэм трагъахуэри.
  • СНГ-м хыхьэ къэралхэм щагъэлъапIэ цIыхухэм профтехщIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэр

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щомахуэ Руслан и текIуэныгъэ

2018-10-02

  • ФокIадэм и 25-28-хэм Москва щызэхэтащ хабзэ хъуауэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ Кардиологхэм я урысей лъэпкъ конгресс. Абы хыхьэу ирагъэкIуэкIа Урысей щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ дохутыр-кардиолог, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, Налшык къалэ дэт Центральнэ поликлиникэм и лэжьакIуэ Щомахуэ Руслан.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Росгвардием  Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм и унафэщI полковник  Васильев Сергей

2018-10-02

  • Росгвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм и унафэщIу ягъэуващ полицэм и полковник Васильев Сергей Станислав и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

IэщIагъэм трагъэгушхуэ

2018-10-02

  • Туризмэм и дунейпсо махуэр, фокIадэм и 27-р, гукъинэжу, гъэщIэгъуэну щагъэлъэпIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЕджапIэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, а махуэм университетым кърагъэблэгъащ республикэм и курыт школхэм я класс нэхъыжьхэм щеджэ ныбжьыщIэхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр

ИугъащIэ Адыгэ фащэм и махуэм!

2018-10-02

  • Адыгэ фащэм и махуэр ягъэлъапIэу «Си Лашынкъей — си унэ, си псэ» фIэщыгъэм щIэту зэныбжьэгъугъэм и дунейпсо фестиваль фокIадэм и 30-м екIуэкIащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр теухуат Тохъутэмыщей жылэр къызэрыунэхурэ илъэс 600 зэрырикъум. А IуэхугъуитIыр адыгэ ныпыр лъагэу зыфIэдза Лашынкъей бгыщхьэм и деж Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Мы зэхыхьэм кърихьэлIат Шэшэным, Ингушым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Абхъазым, Осетием, нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Уэрэд щIаусщ

2018-10-02

  • Иджыблагъэ зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуа тхакIуэ, критик, егъэджакIуэ Iэзэ Къэжэр Хьэмид къыщалъхуа бжьыхьэр езым и гъащIэм хуэдэу къулейщ, зэмыфэгъущ, гъэщIэгъуэнщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Шэрджэс Мухьэмэд: Сызэплъу хъуам  нэ лейкIэщ сызэреплъыр

2018-10-02

  • Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, Кавказым и Академием и действительнэ член-академик, Урысей Артиадэм тIэунейрэ и лауреат, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и режиссёр къудамэм и унафэщI Шэрджэс Мухьэмэд «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм къытхуеблэгъащ. Ди псэлъэгъум къыджиIахэм фыщыдогъэгъуазэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ФIыгъуэ мылъытэ

2018-10-02

  • Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, лъэпкъ пшыналъэр хъумэнымрэ ар егъэфIэкIуэнымрэ зи гуащIэ хэзылъхьэ пшынауэ, уэрэдус, макъамэтх Iэзэ Лосэн Тимур иужь илъэсхэм къигъэлъэгъуащ зэфIэкI куэд зэрыбгъэдэлъыр, гу къабзэкIэ зыпэрыт щэнхабзэ IэнатIэм и псэ емыблэжу зэрызригъэужьыр, щIалэгъуалэр зэпымыууэ зэрытригъэгушхуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

ЕхъулIэныгъэхэм Нэзрэн щыпащэ

2018-10-02

  • «Ангушт» (Нэзрэн) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 1:1 (0:0). Нэзрэн. Аушевым и цIэкIэ щыIэ стадион. ФокIадэм и 30-м. ЦIыхуи 150-рэ еплъащ.
  •  

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Жэпуэгъуэм екIуэкIыну зэIущIэхэр

2018-10-02

  • Урысей Федерацэм и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гуп
  •  
  • ЕпщыкIузанэ джэгугъуэ
  • Жэпуэгъуэм и 5
  • (мэрем)
  • «Краснодар-3» (Краснодар) — «Динамо-Ставрополь» (Ставрополь) «Академия» (Дон ус Ростов) — «Спартак-Владикавказ» (Владикавказ) «Урожай» (Краснодар) — «Дружба» (Мейкъуапэ)
  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) — «Черноморец» (Новороссийск) — «Ангушт» (Нэзрэн)
  • «Легион Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — СКА (Дон ус Ростов)
  • «Волгарь» (Астрахань) — «Чайка» (Песчанокопское)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

« Раньше