|
Октябрь, 2018
Мамырыгъэм зи гъащIэр щIэзытахэр ягу къагъэкIыж
2018-10-16
- Хабзэхъумэхэм я
- ЩIыхь аллеем
-
- Жэпуэгъуэм и 13-м Къэбэрдей-Балъкъэрым ягу къыщагъэкIыжащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу ди лъахэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным зи гъащIэр щIэзытахэр. Налшык щекIуэкIащ фэеплъ пэкIу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
НыбжьыщIэхэм я Олимп чемпион Тембот Ахьмэдхъан
2018-10-16
- Аргентинэм и къалащхьэ Буэнос-Айрес мы махуэхэм щокIуэкI НыбжьыщIэ Олимп Джэгухэр. Вэсэмахуэ абы дыщэ медалыр къыщихьащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щыщ Тембот Ахьмэдхъан.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ
Нобэрэ пщэдейрэ
2018-10-16
- Жэпуэгъуэм и 16, гъубж
- Ерыскъым и дунейпсо махуэщ
- ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэщ
- Анестезием и дунейпсо махуэщ
- IуэхущIапIэм и унафэщIым и махуэщ
- Армением и прессэм и махуэщ
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Санкт-Петербургрэ Налшыкрэ зэпещIэ
2018-10-16
- Нобэ щыщIэдзауэ Налшыкрэ Санкт-Петербургрэ уэгу транспортым зэпищIэнущ. «Нордавиа» авиакомпанием ар кхъухьлъатэкIэ къызэригъэпэщащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Банкым и унафэщIыр ягъэкъуаншэ
2018-10-16
- ХьэгъэщагъэкIэ сом мелуан 660-м нэблагъэ зыIэригъэхьауэ коммерцэ банкым и правленэм и унафэщIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэкъуаншэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэнжал зауэм и хъыбархэр
2018-10-16
- «Абы (тырку сулътIаным) Кърымым иутIыпщащ хъаныщIэ Долэт-Джэрий, псалъэ къыхэмыкIыу Урысейм гурыIуэн, мамырыгъэр яхъумэн хуейуэ унафэ хуищIри. ЩIыпIэм щынэсам Долэт тхьэусыхэрт ипэ ита унафэщIым тэтэр мин 30 шэрджэсхэм акъыл хэмылъу пэщIигъэувэу (дапщэщ?) зэрыригъэукIам щхьэкIэ». МащIэщ щыгъуазэр Къэнжал зауэм ехьэлIа мы псалъэхэм, ар зейри куэдым ящIэркъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
ЩIэныгъэлIым и лъэужьыр
2018-10-16
-
- Ди республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм ящыщщ педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, ЩIДАА-м и академик Темрокъуэ Индырбий Хьэжумар и къуэр. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм зи зэфIэкI къыщызыгъэлъэгъуа IэщIагъэлIыр ящыщт Хэку зауэшхуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ зезыхьэу хэта адыгэлIхэм, 115-нэ шуудзэм и тхыдэм теухуауэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъахэм. Псэужамэ, жэпуэгъуэм и 11-м ар илъэси 100 ирикъунут .
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Борей Рауф куэд хузэфIокI
2018-10-16
- ЩIДАА-м и академик, географие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Борей Рауф и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 85-рэ ирокъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
Ноби зи хъыбар яIуатэ
2018-10-16
- Ныбжьэгъу, ныбжь гъусэ — аращ гъащIэм щынэхъ щхьэпэ дыдэм адыгэр зэреджэр. Насып зиIэ цIыхурщ апхуэдэр гъащIэ гъусэ зыхуищIри. Дзыхь зэбгъэзу, чэнджэщэгъу пэжу, зэи къызэромыижынур пщIэуэ, илъэс 60-кIэ уздекIуэкIар щыпIэщIэкIам деж, уцIы- хухъуми, нэпсыр ухуей-ухуэмейми къыпфIыщIокI, уигури къогъыкI.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
Темыркъан Юрий и илъэс
2018-10-16
Дирижёр Темыркъан Юрийрэ сурэтыщI Шемякин (Къардэн) Михаилрэ. 1997 гъэ
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
Юбилей къыдэкIыгъуэ
2018-10-16
- «Iуащхьэмахуэ» журналым и зи чэзу юбилей къыдэкIыгъуэр къытIэрыхьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Лъэпкъым и набдзэ Нало Заур ягу къагъэкIыж
2018-10-16
- Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм жэпуэгъуэм и 5-м фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Кавказ филологиемрэ этнокультурологиемрэ хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа IэщIагъэлIхэм ящыщ зы, усакIуэ, IуэрыIуатэдж, литературэ критик, зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ гъуэзэджэ Нало Заур къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъум. Зэхыхьэр къызэгъэпэщыным я гуащIэрэ мылъкурэ халъхьащ «Нарт Хэку», «Хабзэ» щIалэгъуалэ хасэхэм, КъБР-м и Парламентым и депутат Iэпщэ Заур, «Печатный двор» IуэхущIапIэр зыгъэлажьэ Шумахуэ Залым, БизнесымкIэ институтым и унафэщIу щыта Хъурей Феликс, «Синдика» IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Къанокъуэ Арсен, хьэрычэтыщIэ Быф Анатолэ, «Эль» шхапIэм и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Заур сымэ, нэгъуэщIхэми. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гумэ Маринэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр
Мыкъуэжь (Бицу) КIулэ Мурат и пхъур нобэ къыщалъхуа махуэщ, и ныбжьыр илъэс 90 ирокъу!
2018-10-16
- Ди анэ лъапIэ, ди анэшхуэ Iущабэ, ди гуапэу дынохъуэхъу укъыщалъхуа махуэмкIэ! Ди гъащIэр тхуэбгъэнэхуу, тхуэбгъэхуабэу, чэнджэщэгъуфIу укъыддогъуэгурыкIуэри, нобэ узэрыщытым кIэрымыхуу мы дуней дахэм утетыну ди гуапэщ. Узыншагъэрэ гуфIэгъуэрэ ущымыщIэу, уи бынхэмрэ абыхэм къащIэхъуэ щIэблэмрэ я насып ухэплъэу, дэрэжэгъуэу къуатым уи гур хигъахъуэрэ жьыщхьэ махуэу Тхьэм куэдрэ, куэдрэ ди япэ уригъэт!
- Уи бынхэу Мыкъуэжьхэ Анатолэ, Людэ, Арсен,
- уи къуэрылъхухэу Ланэрэ Залинэрэ, уи малъхъэ Мурат.
-
- P.S. Зи гъащIэ псор щIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ тезыухуа, «ЦIыхубэм щIэныгъэ етынымкIэ отличник», «ЕгъэджакIуэ нэхъыжь» цIэ лъапIэхэр хуэфащэ дыдэу зыфIаща КIулэ теухуа тхыгъэ ди газетым и къыдэкIыгъуэ гъунэгъухэм ящыщ зым тетынущ.
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
Жэуап псынщIэ
2018-10-16
- «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Дружба» (Мейкъуапэ) — 5:1 (2:1). Налшык. «Спартак» стадион. Жэпуэгъуэм и 14-м. ЦIыхуи 120-рэ еплъащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Футбол
|