ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Быгуэ Динэ и ехъулIэныгъэ

2018-10-20

  • Нобэ фэдгъэцIыхуну дыхуейщ «Мисс Калининград-2018», «Жемчужина России-2018» зэпеуэхэм щытекIуа ди лъэпкъэгъу пщащэ тхьэIухуд Быгуэ Динэ.

  • Динэ къыщалъхуари къыщы- хъуари Калининградщ, абы и анэр лъэпкъкIэ урысщ, и адэр адыгэщ. «СыкъызыхэкIам щыщIэупщIэм деж, сыт щыгъуи си гуапэу жызоIэ сызэрыадыгэр. Си лъэпкъыр соцIыху, адэжь лъахэр фIыуэ солъагъу», — жеIэ Динэ.
  • Динэ и адэ Быгуэ Ахьмэдщ Калининград япэ кинокомпание къыщызэIузыхар. ИджыкIэ ар «Запад- фильм» кинокомпанием и генеральнэ унафэщIщ, «Калининград фильм»-м и продюсерщ, «Федерация традиционного и спортивного ушу» IуэхущIапIэм Калининград щиIэ къудамэм и унафэщIщ.
  • Ди лъэпкъэгъу пщащэм жеIэ тхьэIухудхэм я зэпеуэхэм хэтыну зэи щIэхъуэпсу зэрыщымытар. Динэ и ныбжьэгъу хъыджэбзым апхуэдэ зэрыщыIэнур къыщищIэм, куэдрэ къелъэIуащ и Iуэху зэрыхъум еплъыну, арэзы хъухуи кIэрыкIакъым. Абы жеIэ зэпеуэм щыхыхьами текIуэныгъэм зэремыгупсысар, ауэ ищIэн хуейуэ къыхуагъэув псори пылъхьэншэу игъэзащIэрт.
  • «Мисс Калининград» зэпеуэм пашэныгъэр щиубыда иужь ар «Жемчужина России» зэхьэзэхуэм хагъэхьати, абы и къэпщытакIуэ гупым хэтахэри итхьэкъуащ адыгэ хъыджэбзым. «А зэпеуэм и фIыгъэкIэ Карелие Республикэ дахэм сыщыIащ, ди къэралым и щIыпIэ куэдым къикIа хъыджэбз тхьэIухудхэр зэзгъэцIыхуащ, иджы сэ къалэ къэс си шыпхъу дэсу къызолъытэ. Зыр адрейм щхьэкIэ дыгузавэу, къайхъулIэмэ ди гуапэу дыкъыздекIуэкIащ, зэгурымыIуэ, зэхуэгубжьа къытхэкIакъым. ЖысIэну сыхуейщ ди зэпеуэр гъэпцIагъэ хэмылъу зэрыщытар», — къыддогуашэ Динэ.
  • Хъыджэбзыр курыт еджапIэм щыщIэсым дзэ дохутыр хъуну щIэхъуэпсами, адэ-анэм япхъу закъуэр къалэшхуэм еджапIэ ягъэкIуэн шынэри, Калининград дэт университетым физическэ гъэсэныгъэмкIэ и къудамэм щIагъэтIысхьат. Къыхэгъэщыпхъэщ Динэ зэрысабийрэ спортыр фIыуэ илъагъуу, илъэситI ныбжьым зэритрэ спортзалым яшэу зэрыщытар. Ди лъэпкъэгъу пщащэр зэрытхьэIухудым, зэрыакъылыфIэм къищынэмыщIауэ, спортымкIи ехъулIэныгъэ лъагэхэр иIэщ. Ар ушумкIэ дунейпсо, европэ зэпеуэхэм блэнейрэ чемпион щыхъуащ. ИджыкIэ ар я къалэм фIыуэ къыщацIыху, фитнес- тренеру мэлажьэ.
  • Быгуэ Динэ хъуэпсапIэ и куэдщ, абы мурадрэ къалэну зыхуигъэувыжри мащIэкъым, ауэ хьэкъыр зыщ — апхуэдэ утыку ихьэкIэ дахэ зиIэ адыгэ пщащэр и мурадхэм хуэщхьэхынукъым. ДяпэкIи и цIэр фIыкIэ зэхэтхыну ди гуапэщ. Тхьэм хущIигъэхьэ!
  • Тау Алёнэ.