|  | Октябрь, 2018
            Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр  пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ  К. В.2018-10-06 
              
                ЕгъэджакIуэм и махуэмт еухуа и хъуэхъуПщIэ зыхуэтщI егъэджакIуэхэ!Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фи IэщIагъэм епха махуэмкIэ — ЕгъэджакIуэм и махуэмкIэ! Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу 
            Адыгэ Республикэр къыщызэрагъэпэщам и махуэмкIэ КIуэкIуэ Казбек  КъумпIыл Мурат йохъуэхъу2018-10-06 
              
                «Лъэпкъ куэду зэхэт Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэмрэ сэрэ къыдбгъэдэкIыу гуапэу дынывохъуэхъу Уэри, Адыгейм щыпсэу псоми фи махуэшхуэм — Республикэр къыщызэрагъэпэщам и махуэмкIэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу 
            Гъагъэ, ефIакIуэ, Адыгэ хэку!2018-10-06 
              
                Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 27-рэ жэпуэгъуэм и 5-м ирикъуащ. Ди къуэш республикэм ар махуитху хъуауэ щагъэлъапIэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            
            2018-10-06 
              
                Къэбэрдей-Балъкъэрым и Илъэсыр Къэрэшей-Шэрджэсым,Къэрэшей-Шэрджэсым и Илъэсыр Къэбэрдей-БалъкъэрымщегъэкIуэкIыным теухуауэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэми Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэмрэ зэрызэдэлажьэм адэкIи зегъэужьын мурадкIэ унафэ сощI: 
                2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Илъэсыр Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэрэшей-Шэрджэсым и Илъэсыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щегъэкIуэкIын.Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм къалэн щыщIын: 
                Къэбэрдей-Балъкъэрым и Илъэсыр Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэрэшей-Шэрджэсым и Илъэсыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щегъэкIуэкIыным зыхуэгъэхьэзырынымрэ ар къызэгъэпэщынымрэ зи пщэ дэлъыну къызэгъэпэщакIуэ гуп иубзыхуну;къызэгъэпэщакIуэ гупым и лэжьыгъэм сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн хуэхъуну. 
                Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. 
                
                 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ2018 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м№150-УГ  Зыхыхьэхэр: Указ 
            2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ  Къэрэшей-Шэрджэсымрэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэбакъуэхэр ячынущ зэкъуэш республикэхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмрэ адэкIи ягъэбыдэн папщIэ2018-10-06 
              
                Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIам КIуэкIуэ Казбекрэ Темрезов Рашидрэ Iэ щIадзащ 2019 гъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэу Къэрэшей-Шэрджэ- сым зэрыщыIэнумрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и гъэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщаубзыхунумрэ теухуа унафэхэм. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Дыгъуасэ 
            ТекIуэныгъэм  и  лIэщIыгъуэ  плIанэ2018-10-06 
              
                Куржы-абхъаз зауэм Абхъазым Текlуэныгъэр къызэрыщихьрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур lэтауэ Сыхъум щагъэлъэпlащ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            КъыхэтхыкIыныгъэм  пожьэ2018-10-06 
              
                Жэпуэгъуэм и 1-м Урысей Федерацэм щрагъэжьащ цIыхухэр къыхэтхыкIыныр. СтатистикэмкIэ къэрал управленэм Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ округым щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Гъащтэ Аурикэ иригъэкIуэкIащ абы теухуа зэIущIэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Къэрал  гулъытэ2018-10-06 
              
                Ди республикэм щыщу лэжьыгъэм фэбжь хэзыха цIыхуи 8-м Социальнэ страхованэмкIэ фондым и мылъкукIэ къащэхуа «Лада-Гранта» автомобилхэр тыгъэ хуащIащ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Ди  къэкIуэнур  зыщ2018-10-06 
              
                Дызэрыщыгъуазэщи, Адыгэхэм я махуэм пыщIа гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр ди республикэм и жылагъуэхэм фокIадэм и 20-м щекIуэкIащ. Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Жэмтхьэлэ къуажэми яIэтыну къагъэлъэгъуар а махуэрат. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Израилым  адыгэхэр  щагъэлъапIэ2018-10-06 
              
                Зи IэщIагъэкIэ архитектор, мы зэманым пенсэм щыс Хьэтыкъуей Исуф Тель-Авив иджыблагъэ журтыбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Дыгъуасэ, нобэ, пщэдей: Израилым щыпсэу адыгэхэмрэ дуней псом щикъухьа ди лъэпкъэгъухэмрэ» тхылъыр. Абы хагъэхьащ 2005-2013 гъэхэм КъБР-м и Iэтащхьэу щыта, политик цIэрыIуэ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэ, ФедерацэмкIэ Советым Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэм и къуэдзэ, ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсен и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа напэкIуэцIитI. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ 
            Мы махуэхэм2018-10-06 
              
                Жэпуэгъуэм и 6, щэбэтУщыпсэуну къезэгъ щIыпIэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщАрхитектурэм и дунейпсо махуэщАшхабад къалэм (Тыркумэн) 1948 гъэм щIыр щыщыхъеям хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж махуэщ. А гузэвэгъуэм хэкIуэдауэ щытащ цIыху мини 176-рэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            «Спартак-Налшык» — «Биолог-Новокубанск»  (Прогресс) — 2:32018-10-06 
              
                Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ дыгъуэпшыхь Налшык щызэхэта зэIущIэр апхуэдэу иухащ. Ди щIалэхэм ящыщу топхэр дагъэкIащ Бацэ Къантемыррэ Мэшыкъуэ Ислъамрэ.«Спартак-Налшыкымрэ» «Биолог-Новокубанск»-мрэ зэрызэпэщIэтамрэ зи чэзу джэгугъуэм иужькIэ турнир таблицэм игъуэта теплъэмрэ ятеухуа тхыгъэ ди газетым тетынущ.Хьэтау Ислъам. Зыхыхьэхэр: Футбол 
            Дым  Iэдэм  Гъэфар и къуэр2018-10-06 
              
                
 ТхакIуэ, журналист, япэ лъэпкъ типографием, адыгэ газетым я къызэгъэпэщакIуэ Дым Iэдэм Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кушмэзыкъуей къуажэм 1878 гъэм къыщалъхуащ. Бахъсэн дэт мыдрисэм щеджащ. А еджапIэрщ Елбэд Хьэсэн, Къатхъэн Назир, Фэнзий Мэжид, республикэм и щэнхабзэм, щIэныгъэм зи цIэр фIыкIэ къыхэна нэгъуэщI куэдми иужькIэ къаухауэ щытар.
 Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Цагъуэ  Нурий  Айтэч  и  къуэр2018-10-06 
              
                Дэтхэнэ лъэпкъми лъэхъэнэ гуэрым къыгуроIуэж зыхэт кIыфIыгъэр гъэкIуэдын зэрыхуейр, зэрылъэпкъ щхьэхуэр зыхещIэж, гъунэгъухэм, нэгъуэщIхэм ядоплъейри, щапхъэ ятрихыу щIедзэ. Ар гупсысэ зыщымыгъуазэхэм, Iуэху еплъыкIэщIэхэм къахуоуш. Адыгэхэр апхуэдэ щытыкIэ щиувар епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и кIэух, епщыкIубгъуанэм и пэщIэдзэхэрщ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Хэха 
            Зыгъэпсэхугъуэ махуэм2018-10-06 
              
                
 Пшыхь
Дэтхэнэ зыриАдыгэхэм я махуэм, Адыгэ фащэм и махуэм теухуа пшыхьхэр, хабзэ зэрыхъуащи, республикэм и курыт школхэм щрагъэкIуэкI. А Iуэхугъуэхэм ехьэлIа зэхыхьэхэр фокIадэм и 17 — 28 махуэхэм Налшык и еджапIэхэми щызэхэтащ. Абы и къызэгъэпэщакIуэщ къалэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и методист нэхъыщхьэ ЛIыIэщын Людмилэ. Псоми еджэн… Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис |