ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2018

Путин Владимир Iэ щIидзащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным и IуэхукIэ» Указым

2018-10-18

  • Жэпуэгъуэм и 16-м Урысейм и Президент Путин Владимир Iэ щIидзащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэилъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным и IуэхукIэ» Указым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэрэ пщэдейрэ

2018-10-18

  • Жэпуэгъуэм и 18, махуэку
  • Азербайджаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
  • 1867 гъэм Аляскэ хытIыгуныкъуэр США-м зэрыращам теухуа дэфтэрхэр зэIэпахащ. Жэпуэгъуэм и 18-м илъэс къэс а къэралым щагъэлъапIэ Аляскэм и махуэр.
  • 1723 гъэм Пётр Езанэм Кронштадт быдапIэм и лъабжьэр игъэтIылъащ.
  • 1918 гъэм Чехословакие республикэр къызэрагъэпэщащ.
  • 1921 гъэм Кърым АССР-р Урысейм хыхьэу къызэрызэрагъэпэщым теухуа декретыр къыдэкIащ. 1945 гъэм автономиер Кърым область хъуащ, 1954 гъэм Кърымыр Украинэм хагъэхьащ. Абы и автономиер 1991 гъэм зэфIагъэувэжащ, 2014 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыщыщIэдзауэ УФ-м и щIыналъэ хъужащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мамырыгъэр нэхъапэщ

2018-10-18

  • ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм и курыт еджапIэ №1-м жэпуэгъуэм и 12-м къыщызэIуахащ зи къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэда лIыхъужьищым — Абыкъуэ Вячеслав, Аулъэ Анзор, Джэдгъэф Ахьмэд — я фэеплъ пхъэбгъухэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

И фэеплъ вагъуэр куэдрэ иреблэ

2018-10-18

  • Ди гум, ди псэм япэгъунэгъу цIыху дунейм ехыжыху, ди гъащIэр нэхъ нэд, купщIэншэ хъу къытфIощI. Абыхэм я псэм дэщIыгъуу лIэныгъэм тIэщIех ди дунейр зыгъэIэфI Iуэхугъуэхэм — узыншагъэм, насыпым, гукъыдэжым, дэрэжэгъуэм — ящыщ Iыхьэ гуэрхэр. ТфIокIуэд е нэхъ щэху, хьэлъэ мэхъу гъащIэр тхуэзыгъэдахэ макъамэр. «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм ди дежкIэ апхуэдэу хьэлъэу къыщIэкIащ фIыуэ тлъагъу ди лэжьэгъу IэкIуэлъакIуэ, нэмрэ псэмрэ хуэтхь ди ныбжьэгъу пэж, газетым жэуап зыхь и секретару щыта Гъурыжь Мадинэ 2016 гъэм и накъыгъэм дунейм зэрехыжар. Псэужамэ, абы и ныбжьыр нобэ илъэс 50 (аркъудейт!) ирикъунут…

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэбзэм и гупсэхэр

2018-10-18

  • ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм илъэс зыбжанэ хъуауэ иригъэкIуэкI «Адыгэбзэм и гупсэхэр» пшыхьыр Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щызэхэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Маэстро

2018-10-18

  • Дуней псом щыцIэрыIуэ ди лъэпкъэгъу, дирижёр Iэзэ Темыркъан Юрий теухуауэ псалъэ дахэ куэд жаIащ, абы и цIэр щIыпIэ зыбжанэм щаIэтащ. Абыхэм ящыщщ пианист, музыкэм и тхыдэр зыдж Бялик Михаил и «Волшебная палочка» тхыгъэр. «Сэ Темыркъан Юрий сригъэджащ, аращ зи фIыгъэр Европэм щынэхъыфIу ялъытэ Мариинскэ оперэ театрым и дирижёр нэхъыщхьэу, художественнэ унафэщIу сызэрагъэувар», — жеIэ осетин щIалэ, музыкант Iэзэ Гергиев Валерий. Ди лъэпкъэгъум и гъащIэмрэ и зэфIэкIымрэ къыщызэщIэкъуауэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэ-мэд къыдигъэкIа тхылъыр сыт и уасэ?!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2018-10-18

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, жэпуэгъуэм и 22
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр» (12+)
  • 6.40 «ЦIыхубэ зэчиифIэхэр». Жангоразовэ Малика (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.00 «ХьэрычэтыщIэм и алыфбей» (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр» (12+)
  • 8.15 «Рицэ щаусахэр». Япэ абхъаз-адыгэ литературэ фестивалыр. Ещанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Къущхьэ Надим: Хэкур сыт? Хэкур цIыхуу исхэращ

2018-10-18

  • Къущхьэ Надим ди лъэпкъэгъу куэдым къацIыху, фIыуэ ялъагъу. Ар егъэджакIуэщ, усакIуэщ, журналистщ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэщ. Сирием щекIуэкIа зауэр къэхъеин ипэкIэ Адыгэ Хасэм и унафэщIу лэжьащ. Ар псоми зэрацIыхур гущабэрэ хьэлэлу, адыгэ Iуэхум гууз-лыуз иIэу бгъэдэтущ. ГъащIэ зыгъэунэхуа тхьэмадэр 2013 гъэм и унагъуэр щIыгъуу Сирием къиIэпхъукIыжри, Хэкум къитIысхьэжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дюма Александр и «Кавказ» тхылъым адыгэхэр къызэрыхэщыр

2018-10-18

  • Тхылъ еджэми емыджэми зэхимыхыпIэ иIэкъым Дюма Александр и цIэр. Абы и романхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIам къыщымынэу, фильму ягъэувыжащ. Хэт зымыцIыхур Дюма и лIыхъужьхэу Д’Артаньян, граф Монте-Кристо сымэ? Ауэ куэд щымыгъуэзэнкIи хъунущ франджы тхакIуэр Кавказым зэрыщыIамрэ и нэгу щIэкIахэр тхылъу къызэрыдигъэкIыжамрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

2018-10-18

Адыгэ хьэщIэщым. Сурэтыр Лонгворт Джон ищIащ. 1838 гъэ

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

Пэжымрэ пцIымрэ

2018-10-18

  • Украинэм и премьер-министру щыта Азаров Николай «Аргументы и факты» газетым и пресс-центрым щытепсэлъыхьащ езым и къэралым щыщыIэ щытыкIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

«КъэщIэрейхэр»

2018-10-18

  • Иджыблагъэ УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм къыщахутащ США-м и долларыр 2035 гъэр къэсыхукIэ (!) Урысейм зэрыщызекIуэну щIыкIэр. Абы и IэщIагъэлIхэм къалъытэ а зэманым ар сом 73,9-рэ и уасэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

ЩIыпIэ телъыджэ

2018-10-18

Вьетнамым щIыпIэ телъыджэхэр щыгъунэжщ. Ауэ абыхэм йофIэкI Далат къалэм къегъэщIылIар. Мыбы нэр пIэпызых псыкъелъэхэр щыкуэдщ. Абыхэм ящыщщ Понгур жыхуаIэр. Мы псыкъелъэм метри 100 и бгъуагъщ, метр 40 и лъагагъщ. Ар зыхэхуэж гуэл цIыкIур къеухъуреихь гектар 25-рэ зи инагъ мэз Iувым.

 

Зыхыхьэхэр: Махуэку

«Автозапчасть»-р  аргуэру чемпионщ

2018-10-18

  • Зэхьэзэхуэр иухыным иджыри джэгугъуищ къэнэжауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2018 гъэм и чемпионыр наIуэ хъуащ. Нэгъаби хуэдэу, ар Бахъсэн и «Авто-запчасть»-ращ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Япэ увыпIэу тIу

2018-10-18

  • Иджыблагъэ Ереван (Армение) щекIуэкIащ тхэквондомкIэ европэ зэпеуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы хэтащ икIи япэ увыпIэу тIу къыщихьащ Урысей Лъэпкъ гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэ Щоджэн Мурат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

« Раньше