КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек: Гулъытэ нэхъыщхьэ зыхуэщIыпхъэр цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ
2018-10-04
- КIуэкIуэ Казбек ТАСС хъыбарегъащIэ
- агентствэм и упщIэхэм жэуап яритащ
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэс къэс цIыху мин бжыгъэхэм, «Iуащхьэмахуэ» курортым къакIуэхэм, зыщагъэпсэху щIыпIэщ, къыщрахьэлIэ хадэхэкIхэмкIэ, пхъэщхьэмыщхьэхэмкIэ, щагъэхьэзыр ерыскъыхэмкIэ цIэрыIуэ хъуащ. Абы къыдэкIуэуи, щIыналъэм иIэщ экономикэм зэрызебгъэужьыну Iэмал куэд. Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыналъэхэми хуэдэу, ахэр нэсу къэгъэсэбэпыныр къэралым гулъытэшхуэ зыхуищIхэм ящыщщ. ЩIыналъэм и Iэтащхьэу щыта КIуэкIуэ Юрий 2018 гъэм фокIадэм и 26-м УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и советым лэжьапIэ кIуащ, УФ-м и Президент Путин Владимир и УказкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ игъэзэщIэну и пщэ ирилъхьащ илъэс 45-рэ зи ныбжь, республикэм и мызакъуэу, УФ-м и Президентым и Администрацэми къулыкъу зэхуэмыдэхэм щыпэрытауэ лэжьыгъэ и пIалъэ зыщIэ КIуэкIуэ Казбек — республикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерий и къуэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм