Абазэ Руслан Исмел и къуэр
2018-10-20
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 80-м иту 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 19-м дунейм ехыжащ республикэм и къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист, Урысей Федерацэм и прокуратурэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, юстицэмкIэ 2-нэ класс зиIэ къэрал советник Абазэ Руслан Исмел и къуэр.
- Абазэ Руслан Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ Тэрч районым хыхьэ Плановскэ къуажэм 1939 гъэм къыщалъхуащ.
- Курыт школыр къиуха нэужь 1957 гъэм Шэшэн-Ингуш АССР-м щыщ Сунжэ районым хыхьэ Асиновскэ станицэм дэт консерв заводым рабочэу щылэжьащ, иужькIэ Плановскэ къуажэм щыIа «Вторая пятилетка» колхозым хэтащ.
- 1959 гъэм ар киномеханикхэр щагъэхьэзыру Батайск дэт школым щIэтIысхьэри, ар къиуха нэужь Тэрч райисполкомым щэнхабзэмкIэ и къудамэм и киномеханикыу лэжьащ.
- Совет Армэм къулыкъу щищIэу къигъэзэжа нэужь 1965 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм щыщIэдзауэ связымкIэ энерго-техникэ узелым и Тэрч къудамэм и монтёру щытащ.
- 1966 гъэм Абазэ Р. И. Ростов дэт къэрал университетым и юридическэ факультетым щIэтIысхьащ. Университетыр къиуха нэужь Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и прокуратурэм къулыкъу щищIэу хуежьащ икIи Налшык къалэм и прокуратурэм и стажёрым щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуро-рым нэсащ. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ а IэнатIэм щыIута зэманым Абазэ Руслан куэд хищIыхьащ законыр гъэбыдэным, правовой IэнатIэр егъэфIэкIуэным.
- 1998 гъэм щегъэжьауэ 2003 гъэм нэсыху Абазэ Руслан Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ШынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретару щытащ.
- Абы и IэкIуэлъакIуагъымрэ щIэныгъэмрэ адэкIи сэбэп хъуащ. 2003 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм Абазэ Руслан КъБР-м и Парламентым и депутату хахащ икIи комитет нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зым — ЗаконодательствэмкIэ, къэрал ухуэкIэмкIэ, щIыпIэ унафэр зегъэкIуэным пыщIа IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщIу ягъэуващ. КъБР-м и Парламентым щыхэта зэманым ар КъБР-м и Конституцэм и проектыр гъэхьэзырыным елэжьащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законодательствэр егъэфIэкIуэнымкIэ куэд зэфIигъэкIащ.
- Зигъэпсэхуну тIысыжа нэужьи абы и жыджэрагъым кIэрыхуакъым. Абазэ Руслан Прокуратурэм и ветеранхэмрэ пенсионерхэмрэ я урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и къуэдзэу щытащ. Апхуэдэу республикэм и Жылагъуэ палатэм и япэ хэхыгъуэм хэтащ икIи КъБР-м и жылагъуэ-политикэ Iуэхухэм жыджэ-ру хэлэжьыхьащ.
- Абазэ Руслан и фIыщIэр къэралым игъэкIуэдакъым. Абы къратащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр, «Урысей Федерацэм и прокуратурэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» бгъэхэIу дамыгъэр, «Законым зэрыхуэпэжым папщIэ» дамыгъэм и япэ нагъыщэр, «Руденкэ и медалыр», апхуэдэу «Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и юрист», «Тэрч къалэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэхэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэжхэм ящыщ зым, пщIэрэ пэжыгъэрэ зыхэлъа цIыхум, ныбжьэгъу нэсым и фэеплъыр дэ зэи тщыгъупщэнкъым.
- КIуэкIуэ К. В., Егоровэ Т. Б., Мусуков А. ТI., Канунников В. А.,
- Къуэдзокъуэ М. М., АфэщIагъуэ М. Хь., Аттаев Ж. Ж., Беднев Ю. Ф.,
- Беппаев С. У., Берд Хь. А., Бечелов. И. Б., Бозий Н. М.,
- Бэлэтокъуэ В. Хь., Геккиев З. Д., Геляхов А. С., Говоров С. А.,
- Губин Г. С., Дадэ М. А., Жанатаев С. А., Жаным Р. М.,
- Жариков О. О., Жыджэт А. А., Залиханов М. Ч.,
- Зумакулов Б. М., Къалэ З. А., Канунников А. Д., Къардэн М. Н.,
- Къэрмокъуэ Хь. М., КIэрэф М. А., Чэт Ю. М., Клевцов М. М.,
- Къудали М. Хь., Мер Ю. Хъ., Мэлбахъуэ Б. Хь.,
- Мамхэгъ А. Ш., Маслов Н. А., Мовсисян Г. О.,
- Нэхущ З. А., Пэнагуэ М. А., Сыжажэ В. Хъу.,
- Сэхъу В. Къ., Сэхъурокъуэ Хь. Хь., Тау П. Къ.,
- Тату К. Б., Ульбашев М. М., Устэ В. Хъ., Федченкэ Л. М.,
- Хъурей Ф. А., Хьэжу В. Ш., Хьэщхъуэжь А. Б.,
- ХьэфIыцIэ М. М., Шэшэн А. А.,
- Шыхъуэбахъуэ М. Хь., Шурдым Ю. Хь.