Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2018-10-20
- ГъэщIэгъуэнщ
- Алыфбейм и къежьэкIар
- ЯпэщIыкIэ псалъэхэр, пычыгъуэхэр къызэрыкI сурэт цIыкIухэр къагупсысащ. Нэхъ кIасэIуэу Финикий сондэджэрхэм хьэрф языныкъуэхэр кърагъэжьащ, ауэ ахэр хьэрф дэкIуашэт. ИтIанэ ди эрэм и пэкIэ IX — VIII лIэщIыгъуэхэм пасэрей алыджхэм хьэрфзешэхэри кърагъэжьащ икIи абыхэм я тхыбзэр «альфэрэ» «бетэу» зэхэтт. Урысхэм я деж ар къэсащ икIи славяныбзэкIэ «аз» «бука» хъуащ, абыи къытекIащ «азбука» псалъэр.
- Дунейм тет лъэпкъхэм я нэхъыбэм езым я алыфбей къагупсысакъым, нэгъуэщIхэм яйхэр къагъэсэбэпауэ аращ. Дэри, адыгэхэри, урыс алфавитым нобэ дытету аращ.
- ЩIакхъуэ етIуанэу ябж
- КIэртIофыр къыщежьауэ къалъытэр Эквадорымрэ Перумрэщ. ХVI лIэщIыгъуэм и пэхэм а къэкIыгъэ хьэлэмэтыр абыхэм кърашри, Испанием къашащ, итIанэ Европэ псом лъэIэсащ, фIыуэ ялъагъуу, егугъуу ящIэуи щIадзащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Урысейми къэсащ. Ауэ, пэжщ, абы щыгъуэ щыIа кIэртIофымрэ нобэ къэдгъэкIымрэ зэщхьыжкъым: сортыщIэ куэд къагъэхъуащ, нэхъ бэви хъууэ, щIыпIэ нэхъ щIыIэхэри езэгъыу.
- КIэртIофыр Урысей Федерацэм и щIыпIэ куэдым фIыуэ щохъу. Ар иджы щIакхъуэ етIуанэуи ябж.
- Иордание
- Пащтыхьгуащэрадыгэхэм я хьэщIэщ
- Иорданием и пащтыхьгуащэ Рания гулъытэрэ гуапагърэ зыхэлъ бзылъхугъэщ. Абы фIэфIщ къэралым ис цIыхухэм яхыхьэну, епсэлъэну, я гурыгъу-гурыщIэхэр зригъащIэурэ ядэIэпыкъуну.
- Пащтыхь гуащэр иджыблагъэ щыIащ Адыгэ щэнхабзэмкIэ дунейпсо академиеу Иорданием щылажьэм. ЩIыналъэм щыхэхэс шэрджэсхэм я тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр зэрахъумэж Iэмалхэр зригъэлъагъун, лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыхуэдэр зригъэщIэн мурадкIэ, я адэжь щIэинхэр щахъумэ академием кIуауэ арат Рания.
- Адыгэ щэнхабзэ академиер зыгъэлажьэ Хъуажь Лейлэ, абы и дэIэпыкъуэгъу Хьэтх Инал сымэ, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм яхуэзащ пащтыхь гуащэр икIи езыр зыщIэупщIахэм я жэуапу Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм жаIащ Iэмал зэрагъуэткIэ, щIэблэм анэдэлъхубзэр, лъэпкъ IэщIагъэхэр, я адэжьхэм зэрахьа хабзэхэр зэрырагъэщIэным иужь зэритыр, «Бгырыс бынхэр» ансамбль лъэщ зэраIэр.
- КъэфакIуэ гупым хэт пщащэхэм хьэщIэ лъапIэм жраIэжащ Хьэтх Инал и нэIэм щIэту зэрызагъасэр, хамэ къэралхэм къыщызэрагъэпэщ фестиваль зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыхэтыр, апхуэдэу Израилым и Кфар-Камэ жылэм щыпсэу адыгэхэм я дежи, Мейкъуапэ иджыблагъэ щекIуэкIа Адыгэ щэнхабзэм-кIэ VIII дунейпсо фестивалми зэрызыкъыщагъэлъэгъуар.
- Хъуажь Лейлэрэ Хьэтх Иналрэ академием и къалэн нэхъыщхьэхэмрэ нобэ и Iуэху зыIутымрэ пащтыхь гуащэм хуаIуэта нэужь, адыгэхэм къазэрыхыхьар игу къинэжын хуэдэу бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ хьэпшып Рания тыгъэ хуащIащ икIи адыгэ пшыналъэмрэ бэрэбан макъымрэ щIэту «Бгырыс бынхэр» ансамблым хэтхэр дахэу къэфащ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.
- ГушыIэхэр
- ТIури илъэс 80 ирокъу
- Зи ныбжь хэкIуэта бзылъхугъэр дохутырым деж щIыхьащ:
- — Илъэс дапщэ ухъурэ, нанэ?
- — Илъэс 80.
- — Сыт укъыхэзыгъэзыхьыр?
- — Си лъакъуэ ижьыр Iейуэ къызоузри, схуеплъ.
- — Сеплъащ, ауэ зыри и лажьэ хуэдэкъым, ныбжьыр зэрыхэкIуэтам щхьэкIэ узу хузогъэфащэ.
- — АтIэ, щхьэ лъакъуэ сэмэгур мыузрэ? Ари ирикъуащ илъэс 80!
- Махуэу згъуэтакъым
- Пщыхьэщхьэм Хъуэжэ и шыдыжьыр имыгъуэтыжу къыдыхьэжащ. Жэщыбгым нэсауэ, пщIантIэм Iэуэлъауэ гуэр къыщыIуащ.
- — Си шыдыжьыр къэкIуэжауэ къыщIэкIынщи, щIэзгъэхьэжынщ, — жиIэри Хъуэжэ унэм къыщIэкIащ.
- Iэуэлъауэр къыздиIукIыр шыдыр здэщыт хабзэмкIэти, абыкIэ кIуащ. ДыгъуакIуэхэр шыдым лъыхъуэу абы щIэту щилъагъум:
- — Сэ махуэу сылъыхъуэри, згъуэтыжакъым. Фэ жэщу вгъуэтын фи гугъэрэ а си шыдыжьыр? — жиIэри Хъуэжэ унэм щIыхьэжащ.
- Шхыныгъуэхэр
- КIэртIоф лэкъум
- КIэртIоф укъэбза псы щIыIэкIэ ятхьэщIри лыхьэжым щIагъэкI, тепщэчышхуэм иралъхьэри шыгъу, джэдыкIэ цIынэ халъхьэ, пщагъэр псы хуабэкIэ зэхащIэ, гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIа халъхьэри тхьэвым хуэдэу япщ. Ар зэрылъ тепщэчым хьэжыгъэ траудэри, къэтэджын щхьэкIэ зы сыхьэт-сыхьэтрэ ныкъуэкIэ хуабапIэм ягъэув. Тхьэв тэджар чыржыным хуэдэу пIащIэ хъурей цIыкIуурэ ящI, тебэм ит тхъу къэплъам халъхьэ, зэрагъэдзэкIыурэ тхъуэплъ хъуху ягъажьэ. Шатэ тракIэри яшх. Шэ щIыIи удефэ хъунущ. Мыр гъатхэм нэхъ ящIрейуэ щытащ.
- Халъхьэхэр (цIыхуищ Iыхьэ): кIэртIоф укъэбзауэ — г 500, псы хуабэу — г 30, гуэдз хьэжыгъэу — г 200, пщагъэу — г 20, джэдыкIэу — г 20, тхъууэ — г 100, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
- ШэкIэ щIа хугу хьэнтхъупс IэфI
- Хугу лъэсар шыгъу зыхэдза псы къэкъуалъэм хакIутэ, зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр щабэ ящIри, дакъикъи 10-12 хуэдизкIэ ягъавэ шыуаныщхьэр тепIауэ, зэзэмызи тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ шэ гъэпщта щIакIэ, фошыгъу халъхьэри зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. МафIэр щабэ ящIри, зэзэмызэ зэIащIэурэ хьэзыр хъуху ягъавэ. Iэнэм фалъэм иту пщтыру трагъэувэ, тхъуцIынэ халъхьэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): псыуэ — г 200, хугуу — г 50, шэуэ — г 450-рэ, фошыгъуу — г 15, тхъуцIынэу — г 25-рэ, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- Псалъэжьхэр
- Бзу кхъуей
- Дыжэф пцIанэ хъуркъым.
- ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи умыщIэр IэфIщ.
- ЛэжьэнкIэ уашхэщ, шхэнкIэ дыгъужьщ.
- ЛIы и къуэгъурэ вы и гъуррэ.
- Хуэмыху и Iуэху блэкIыркъым.
- Бзу кхъуей фIэкIа ямыIэ щыIэкъым.
- Хэкужьыхьэ лъэщщ.
- Джатэрыпщ нэхърэ пщы Iущабэ.
- Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащIэрэ.
- Дзэм иуфэкъа лъахэрэ мацIэр зыпхыкIа хадэрэ.
- ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым.
- Хъыбар
- Ныбжьэгъу пэжым шэч къытрахьэркъым
- Цезарь и дзыхь иригъэзу зы цIыху закъуэт иIэр, арат абы и ныбжьэгъури. Ар икIи и дохутырт. Сымаджэ къэхъуа нэужь, абы и IэкIэ къримытауэ зы хущхъуи пхуефэнутэкъым.
- Зэгуэрым Цезарь, и щхьэ и жагъуэу здыхэлъым, и унэцIэр кIэщIэмыту зыгуэрым тхыгъэ къыхуигъэхьащ: «Уи ныбжьэгъу нэхъ гъунэгъу дыдэм — уи дохутырым — щышынэ. Абы уигъэлIэну хуейщ!»
- Куэд дэмыкIыу дохутырыр къыщIыхьащ Цезарь и деж. ИкIи зэпиплъыхьри, псы хущхъуэ гуэр IэщIигъэуващ. Цезарь къыхуагъэхьа тхыгъэр доху- тырым IэщIилъхьэри, ар абы еджэху, езыр псы хущхъуэм къримынэIауэ ефащ.
- Дохутырым илъагъур и фIэщ хъуртэкъым:
- — Си пащтыхь, мы къыпхуатхам иужькIэ сэ уэста хущхъуэм дзыхь пщIыуэ дауэ уефа?
- Цезарь зэпIэзэрыту жэуап къитащ:
- — УлIэмэ нэхъыфIщ, уи ныбжьэгъу пэжым шэч хуэпщI нэхърэ!
- ЗэвгъащIэ
- Жьы хъуа псалъэхэр
- Хьэлыуэ Iэпищ. ФэрэкI къызэуза сабийр хъужа иужькIэ, хьэлIамэ хуагъавэрт, сабийм и Iэпищыр тедзауэ гъунэгъухэм хуахьырт, я сабийр зэрыхъужам иджы укъыкIэлъыкIуэ зэрыхъунум и щыхьэту.
- Гъуэгудэгъазэ. Мыр адыгэхэм хьэщIэм хуащI пщIэм, кIэлъызэрахьэу щыта хабзэхэм ящыщ зыщ. Къуажэм дэкIыу гъуэгу техьам, хьэщIэ къакIуэу илъагъумэ, къигъэзэжырти къуажэм нэс къигъэблагъэрт, хьэщIэм хуит къищIыжмэ, и гъуэгум пищэжырт.
- Гущэкъуибзэ. Адыгэхэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ зы жэщым жылэм къыдалъхуа щIалэ цIыкIумрэ хъыджэбз цIыкIумрэ я гущэкъу зэхурабзэу. Ахэр бэлигъ хъуа иужькIэ унагъуэ хъун хуейуэ арат.
- ГъукIакъуэ Инал.
- Чэнджэщхэр
- Гъуаплъэ хьэкъущыкъукIэ тхъу зэрахьэркъым
- ДжэдыкIэ ивыкIар псынщIэу псы щIыIэм хэплъхьэмэ, и фэр текIыгъуафIэ мэхъу.
- Тхьэв япщам и щхьэм Iэмал имыIэу хьэжыгъэ траудэ е щэкI трапхъуэ. Апхуэдэу умыщIмэ, тхьэвыр къэтэджыгъуей мэхъу, и щхьэри тогъукI.
- Пщагъэр псы хуабэпцIкIэ зэIах, хуабагъыр градус 27-32-рэ хъууэ. Псы щIыIэкIэ пщагъэр ягъэткIумэ, тхьэвыр тэджыгъуей мэхъу, псывэIуэ ящIмэ — пщагъэр хэкIуэдэнущ.
- Гъуаплъэ хьэкъущыкъукIэ тхъур зэрахьэркъым, абы ар щIэх щызэIохьэри.
- Хьэжыгъэр (нартыху хьэжыгъэри, гуэдз хьэжыгъэри, нэгъуэщIхэри) шхыныгъуэ къыхащIыкIын и пэ къихуэу, Iэмал имыIэу кхъузанэкIэ яухуэнщI, жьы щIихун щхьэкIэ.
- ГъэшхэкIхэр нэхъ куэдрэ зэIыхьэркъым, зэрыт хьэкъущыкъур бинткIэ щхьэщыпхыкIауэ щIыIапIэ щыбгъэувмэ.
- Къэбыр щагъавэкIэ псы куэд щIакIэмэ, цIынэ мэхъу, и IэфIри щIех.
- КIэртIоф укъэбзар псы щIыIэм хэлъмэ, фIыцIэ хъуркъым.
- КIэртIоф пIастэ ящIыну кIэртIоф гъэвар бэлагъкIэ яуб. Иджы нэхъыбэм кIэртIоф гъэвар лыхьэжым щIагъэкI хъуащ. Ар нэхъ псынщIэу зэфIэкI щхьэкIэ, абы кIэртIоф пIастэр фIыцIэ ещI икIи витамин С-р егъэкIуэд.
- ДжэдыкIэр щаудэкIэ, ар зракъутэр хьэкъущыкъу лащ.
- Нартыху хьэжыгъэр куэдрэ щылъмэ, дыдж къыщIохьэ икIи хьэпIацIэ хещIэ.
- Къубатий Борис.
- Интернетым дыкъыщоджэ
- Зи унэ зимыIэж мелардырыбжэ
- Ар Duty Free тыкуэнышхуэхэр къызэзыгъэпэщаращ. Иджыпсту и ныбжьыр илъэс 87-м щIигъуащ, доллар меларди 7,5-рэ и уасэ мылъку бгъэдэлъщ. Ауэ щыхъукIи, зы машини иIэкъым, кхъухьлъатэ щитIысхьэкIэ эконом-классыр къыхех, фэтэрыпщIэ зыщIит унэ щIэсу аращ. Фини Чакрльз (Чак) — аращ абы и цIэ-унэцIэр, доллар 15 зи уасэ Iэпщэ сыхьэтщ илъыр. Къыщалъхуа и хэкум, Ирландием, америкэ турист гуэру щагугъэщ, и зыхуэпэкIэр апхуэдизкIэ къызэрыгуэкIщи. Ресторанхэм щIыхьэнукъым, шхапIэ цIыкIу игъуэту; дэрбзэр Iэзэ къилъыхъуэркъым, тыкуэн цIыкIу щыIэу, метрокIэ е таксикIэ къикIухьу аращ.
- Зы центми щысхь лIыжь къузгъун гуэру уигугъэнт, иужьрей илъэс 30-м къриубыдэу псапащIэ Iуэхум доллар меларди 6 химылъхьатэмэ. А ахъшэр текIуэдащ США-м, Вьетнамым, Австралием, Африкэ Ипщэм, Ирландием, Бермуд хытIыгум щыIэ, жьы хъуахэр щапIыж унэхэм щыпсэухэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщыным, щIэныгъэр, егъэджэныгъэр, узыншагъэр хъумэныр егъэфIэкIуэным. Ар иджыри къэувыIэну зигъэхьэзырыркъым икIи и мурадщ и ахъшэр псори псапащIэ Iуэхухэм хилъхьэну.
- Фини Чак а ищIэм папщIэ щIыхь къилъыхъуэркъым. Къилэжьа доллар мелардхэр щигуэшкIэ, зыми гу къылъимытэмэ, къытемыпсэлъыхьмэ нэхъ къещтэ. Ипэ илъэс 15-м ар ибзыщIыфат, ауэ и псапащIэ Iуэхухэм хуабжьу заубгъури «къыщIагъэщащ». 2012 гъэр къэсыху абы интервьюи 5 итауэ аращ.
- Чак цIыху къызэрымыкIуэщ. ХьэрычэтыщIэ Iуэху цIыкIу иригъажьэри, цIыху 200 щылажьэ компаниехэр къэрал 27-м къыщызэIуихащ. Абы и мылъкур псынщIэ дыдэу багъуэрт, ауэ ахъшэу къыхэхъуэр езым къызэригъэпэща The Atlantic Philanthropies псапащIэ фондым кIуэрт. Апхуэдэурэ абы и IэнатIэм зиужьащ, къыхэхъуэри нэхъыбэ хъууэрэ къекIуэкIащ.
- «Сэ хьэкъ сщыхъуащ къэблэжьа ахъшэр зыгуэрым ептрэ сэбэпынагъ пылъу къызэригъэсэбэпыр, псалъэм папщIэ, сымаджэщ зэриухуэр, плъагъуным гур зэригъэзагъэр. Ар куэдкIэ нэхъыфIкъэ, банкым хэплъхьэрэ багъуэу хэлъ нэхърэ», — жеIэ Фини.
- Къэбарт Мирэ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:3. Къэралым и щIыналъэм и щIэдзапIэ е щиух щIыпIэ. 5. … гъуэншэджрэ. 7. ДжэдыкIэ … Е жыг … 9. … къэпщIауэ, школ пщIантIэм сабийхэр щызэрызохьэ. 10. УэршэрынкIэ ирикъуа нэужь, щIалэхэр зэбгрыкIыжащ, щхьэж и … бжэн лъакъуэу. 11. Абхъазым и цIэр зэрихьэу Налшык щыIэ утыкушхуэм щэбэт, тхьэмахуэ махуэхэм щызэхыхьэ бэзэр. 12. … фIэфIыр нэм фIэдахэщ. 15. ПщIийр къызыпыкIэ жыг. 17. Танэ мэжэлIам и … макъ къэIуащ. 18. Нартыху хъумапIэ. 20. Жасыр етхуанэ … щIыгъуэщ. 21. Къамэ, джатэ, … 22. Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ щIалэ бжьыфIэ, къудан. 25. Башкирием я къалащхьэ. 26. ТхьэкIумэкIыхьым фIыуэ илъагъу хадэхэкI. 30. Дзапэ … 33. Малъхъэрэ … 34. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 35. Пасэрей адыгэ хъыбарегъащIэ. 36. УэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист. 37. Теунэ Хьэчим, Сокъур Мусэбий, ХьэкIуащэ Андрей, Къэ-жэр Пётр сымэ я къуажэ. 39. Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэта адыгэ офицер, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 40. Адыгэ композитор цIэрыIуэ Балэ … 42. Ямыупсу щхьэкум къранэу щыта щхьэц Iэрамэ. 44. ЩIы къиуда. 46. Гъэмахуэм шым, Iэщым якIэрыхъыжьэ бадзэшхуэ. 47. Къэрал думэм и депутат ди лъэпкъэгъу. 48. Яхуэмылажьэ бжьэхъушхуэ.
- Къехыу:1. «Ленэ дахэкIей», «Лэскэн хъыджэбз», «Нусэ», «Бдзэжьеящэ» икIи нэгъуэщI уэрэд цIэрыIуэхэр зыгъэзащIэу щыта уэрэджыIакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист. 2. ЦIыху мелуан 80-м нэс щыпсэу муслъымэн къэрал. 4. … и къуэ нарт лIыхъужь Щэуей. 6. Илъэс 17 фIэкI имыныбжьу, ЩоджэнцIыкIу Алий Тыркум щитха усэ цIэрыIуэ. 8. Блэм, дзыгъуэм, шындырхъуом я хэщIапIэ. 13. Нартхэм я фадэр абы къыхащIыкIырт. 14. ЩIылъэ мэракIуэ лIэужьыгъуэ. 15. Куэд зи фэ дэзыгъэхуэф цIыху. 16. ТхъуцIынэ щIэпхумэ ар къонэ. 17. Аргъуей зэзрэ … кхъуейрэ. 19. Рифмэрэ ритмкIэ къулей литературэ тхыгъэ. 23. Джэдкъаз. 24. Жьэгу натIэм хэщIыхьа тегъэувапIэ. 27. Губгъуэ джэдкъаз пIащэ, лъатэу. 28. Гум щIэщIа шитIым я зым … къищтауэ яхуекъуркъым. 29. Лы лей зытелъ цIыху. 30. Уэшх къемышхыу зэман кIыхь щыдих лъэхъэнэ. 31. «Бгы лъапэхэм …» — КIыщокъуэ Алим и поэмэ. 32. Европэмрэ Азиемрэ я зэхуакум дэт бгышхуэ. 38. Зи нэхэр куууэ ис цIыху. 40. … — махуэми и маршынэ къу-тар зэригъэпэщыжащ. 41. Ди гъунэгъу лIыжьым … хъарзынэ къигъэщIащ. 43. ШхэныIэ … 45. КъэкIыгъэхэм лъапсэрыхыр къахуэзыгъакIуэ хьэпIацIэ къэзылъэтыхь.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Жэпуэгъуэм и 6-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:3. Алжир. 5. Щынэр. 8. Сурэ. 9. КIэпхъ. 10. Алъп. 11. Щыкъун. 13. Саут. 16. Лъей. 17. Шэ. 18. Удж. 19. Жэп. 23. Гуэдз. 24. Бжьы. 25. Пыл. 28. Хэку. 30. КIэ. 31. ГъущI. 33. Быж. 34. Пощт. 36. ГупкIэ. 37. Ефэ. 38. Уагъэ. 40. Къады. 42. Пшынэ. 43. Ныбгъуэ.
- Къехыу:1. Блэр. 2. Iэзэ. 4. Роман. 5. Щхьэпс. 6. Псырылъэ. 7. ПхъэIэпэ. 11. Щай. 12. Къуэш. 14. Абдж. 15. Таж. 20. Гудзэ. 21. Яжьэ. 22. Гъупщ. 26. Яхэгуауэ. 27. БжэIумых. 29. Курп. 30. КIыщ. 32. ЩIэп. 33. Бгъэ. 35. Теунэ. 36. Гуэбэн. 39. Гъашэ. 41. Абгъуэ.