ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2018

Мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ

2018-10-13

  • ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
  • Фи IэщIагъэм теухуа махуэшхуэмкIэ — Мэкъумэш хозяйствэмрэ мэкъумэшхэкIхэм елэжь промышленностым и лэжьакIуэхэмрэ я махуэмкIэ сынывохъуэхъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Абы   нэхъыщхьэ  щыIэкъым

2018-10-13

  • 2005 гъэм  жэпуэгъуэм и 13 — 14-хэм  Налшык къыщыхъуахэм ятеухуауэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм ящыщ куэдым зэи ящыгъупщэжынукъым а махуитIыр. Пэжщ, ахэр дыгъэпсу, уи гур хьэуа къабзэм зыIэпишэу щытащ, арщхьэкIэ дэрэжэгъуэ псори пIэпигъэхурт адэкIэ-мыдэкIэ къыщылъалъэ автоматышэхэм. Щыхьэрыр Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хыхьэжа хуэдэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ

Къэшэж Иннэ  и фэеплъ диIэкъым

2018-10-13

  • Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ етIанэгъэ, 2019 гъэм мазаем и 12-м, илъэс 75-рэ ирикъунущ. Зыми шэч къытрихьэу къыщIэкIынукъым абы и фэеп-лъыр тхъумэну зэрыхуэфащэм. Нобэр къыздэсым Налшык къалэм абы и цIэр зезыхьэ уэрами IуэхущIапIи щыIэкъым. Абы мыпхуэдэ гупсысэхэм сыхуишащ. Нэгумэ Шорэ и цIэр зезыхьэ уэрамым, КъБКъУ-м пэгъунэгъу жыг хадэм (Республикэ клиникэ сымаджэщым хуэкIуэм) абы и цIэр фIэтщ щхьэ мыхъурэ? КъищынэмыщIауэ, КъБКъУ-м хуэзанщIэу щыт жыг хадэ зыгъэпсэхупIэри абы къезэгъыу къысщохъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГукъэкIыжхэр

Мы махуэхэм

2018-10-13

  • Жэпуэгъуэм и 13,щэбэт
  • Дуней къэхъукъащIэ шынагъуэхэм къашэ гузэвэгъуэхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ.
  • Астрономием и дунейпсо махуэщ
  • Армением щагъэлъапIэ зэдзэкIакIуэм и махуэр.
  • Азербайджаным щагъэлъапIэ гъущI гъуэгу лэжьакIуэм и махуэр.
  • 1792 гъэм Вашингтон ухуэн щыщIа-дзащ США-м и президентым и хэщIапIэр.
  • 1827 гъэм урысей дзэ флотым и гидрографие къулыкъур къызэрагъэпэщащ.
  • 1883 гъэм Петербург къыщызэрагъэпэщащ Театрым и лэжьакIуэхэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Хытхьэрыкъуэм»  дызэхеуIухь

2018-10-13

  • «Чайка» (Песчанокопское) — «Спартак-Налшык» (Налшык) — 5:0 (3:0). Песчанокопское. Чайкэ И. и цIэр зезыхьэ стадион. Жэпуэгъуэм и 10-м. ЦIыху 1200-рэ еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Анэдэлъхубзэм  хуэсакъ адыгэ унагъуэ

2018-10-13

  • Иужьрей зэманым куэдрэ урихьэлIэ хъуащ зи анэдэлъхубзэкIэ мыпсалъэ, ар къызыгурымыIуэххэ цIыхухэм. Ауэ ди гуапэ мэхъу зи лъахэ имысыж, анэдэлъхубзэр щамыдж къалэм щыпсэу унагъуэхэм я бынхэм адыгэбзэр щагъэбзэрабзэм деж. Иджыпсту зи гугъу фхуэтщIыну УнэлIокъуэхэ Альбердрэ ФатIимэтрэ я унагъуэр зэраухуэрэ илъэс тIощIым нэблэгъащ, илъэс 17 хъуауэ Москва дэсщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

Илъэс  тхущI  ирокъу

2018-10-13

  • Налшык дэт сабий стадионым Iэтауэ щагъэлъэпIащ регби спорт лIэужьыгъуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым «къызэрыкIуэрэ» илъэс 50 зэрыщрикъур. ЗэIущIэр къызэрагъэпэщат КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм, Урысейм и ФАС-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м регбимкIэ и союзым, ДЮСШ №4, къалэ администрацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ, щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и къудамэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

ТекIуэныгъэмрэ Щхьэхуитыныгъэмрэ я махуэ лъапIэ

2018-10-13

  • Абхъаз Республикэм и Текlуэныгъэмрэ Щхьэхуитыныгъэмрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур фокIадэм и 30-м Сыхъум дахэу щагъэлъэпIащ. Абхъазхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гуфIэгъуэм фIы дыдэу зыхуагъэхьэзырат, къищынэмыщIауэ, махуэ зыбжанэ и пэкIэ щIадзэри, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд я лъахэм щрагъэкIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2018-10-13

  • Интернетым дыкъыщоджэ
  • ЕгъэджакIуэмрэ щIалэ цIыкIумрэ
  • Гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжри, класс унафэщIыр щIыхьащ 6-нэ класс хъуа цIыкIухэр зыщIэс пэшым. Дэтхэнэми я нэгу зырызэ иплъа егъэджакIуэр сабийхэм ехъуэхъури, псори зэхуэдэу фIыуэ зэрилъагъур жиIащ. Ар пцIыт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, фэджэладжэу хуэпарэ зызэкIуэцIигъэпщхьауэ иужь партэм дэс щIалэ цIыкIур фIыуэ илъагъуртэкъым абы.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис