УасэкIэ дыкъикIуэтакъым
2019-05-09
- Нобэ догъэлъапIэ ди гуфIэгъуэ нэхъ ин дыдэр — ТекIуэныгъэм и махуэр. Хэку зауэшхуэр цIыхум и тхыдэм щынэхъ ин дыдэу икIи щынэхъ гущIэгъуншэу щытащ…
- 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэти 4-м нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэр тенджыз ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Баренц тенджызым нэсыху ди къэралым и гъунапкъэхэм къыщебгъэрыкIуащ дивизэ 200-м щIигъу къарукIэ. Гитлер СССР-м къытеуащ щэхурыпхъуэу. КъухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ совет къалэхэмрэ къуажэхэмрэ пIалъэ кIэщI дыдэм зэхакъутащ икIи яубыдащ. Мы зэманым куэд тражыIыхь цIыху мелуани 3,5-рэ зыхэт советыдзэм апхуэдэ къыщIигъэхъуам и щхьэусыгъуэхэм. Псом япэ ирагъэщыр СССР-м и унафэщIхэр зэрыбэлэрыгъарщ. НаIуэу зэрыщытщи, къэралитIым зыр адрейм темыуэным теухуа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIат. Пэжщ, Сталиным къыгурыIуэрт абы ущыгугъ зэрымыхъунур, ауэ и фIэщ хъуртэкъым Германиер фронтитIым щызэуэным тегушхуэну (наIуэу зэрыщытщи, а зэманым нацистхэр езауэрт Инджылызым).
- Совет Союзым къытеуар фашист Германием и закъуэкъым. Абы къыдэщIащ Италиер, Венгриер, Румыниер, Финляндиер. СССР-м и бийуэ къэуващ Словакиемрэ Хорватиемри. Хэбгъэзыхьмэ, зауэм фэрыщIыгъэкIэ хэмыхьа Испаниеми зэрыпхъуакIуэхэм гъусэ яхуищIащ «Дивизие щIыху». Абыхэм ядэщIыгъуащ Франджым, Голландием, Норвегием, Швецием, нэгъуэщI къэралхэм я легионхэри. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, зэрыщыту иджырей Евросоюзыр. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым украин националистхэм СС-м и «Галичина» дивизэр къызэрызэрагъэпэщар, апхуэдэу СС-м и латыш дивизитIрэ зы эстон дивизэрэ къызэрыкIуари.
- Мис апхуэдэ къару зэщIэгъэуIуам пэщIэувэн хуей хъуащ а зэманым цIыху бжыгъэкIэ куэд мыхъуу щыта СССР-р.
- Абы щыгъуэми нацистхэм къалэну зыхуагъэувыжат Iэмал зэриIэкIэ совет цIыхухэм я бжыгъэр ягъэмэщIэну. Сытри къагъэсэбэпырт. Рейхсфюрер Гиммлер унафэ ищIауэ щытащ: «Дэ блэкIа илъэс 600 нэужьым РейхыщIэ зэфIыдогъэувэж. Мы Iуэхум гущIэгъу лъэпкъ хэлъын хуейкъым. Фэ гущIэгъуншагъэкIэ зыми фигъэкъуэншэнукъым».
- Зэ еплъыгъуэкIэ хьэIуцыдзхэм я мурадыр къайхъулIэ хуэдэт. Зауэм хуэмыхьэзыр ди сэлэтхэр къикIуэтырт. Бийр къэкIуатэрт псынщIэ дыдэу — зы махуэм километри 100 къызэпичырт. ПIалъэ кIэщIым абыхэм яубыдащ СССР-м и щIыналъэшхуэ, совет къалэу 1710-рэ, къуажэу мин 70 зэхакъутащ.
- АрщхьэкIэ гузэвэгъуэшхуэ хэхуа ди цIыхухэм зыкъащIэжащ. КъуэкIыпIэм ягъэIэпхъуа заводхэмрэ фабрикэхэмрэ псынщIэ дыдэу зауэм хуэлэжьэн щIадзащ. 1942 гъэм белджылы хъуакIэт Совет Союзыр бийм экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэрытекIуар. Абы и ужькIэ, зэгурыIуэгъуэщи, езы ТекIуэныгъэ Инри къэкIуащ.
- СССР-м езым и щIыналъэм и мызакъуэу Европэ псор фашистхэм я бжьым къыщIигъэкIыжащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджы ар ягу къагъэкIыжыну хуейкъым хуит къащIыжа къэралхэм я правительствэ- хэм. Хэбгъэзыхьмэ, псори зэрахъуэкIыну хущIокъу. Псом хуэмыдэу дызэгуэзыгъэпыр абыхэм ди къэралым щыпсэу гуп языныкъуэхэри зэрадежьурщ. Ауэ абыхэм зыри къайхъулIэнукъым.
- Мы зэманым зэрыжаIэщи, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ ди цIыху мелуан 26-м щIигъу. Абыхэм я нэхъыбэр нэмыцэхэм яубыдауэ щыта щIыналъэхэм щыпсэу цIыху мамырхэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ящыщу дэтхэнэ ещанэри лажьэншэу яукIащ. Дэ мы тхыгъэ кIэщIым щхьэтечу и гугъу щытщIыркъым Хэку зауэшхуэр зэрекIуэкIамрэ Берлин къызэращтамрэ. Абы куэд тражыIыхьащ. Нэхъыщхьэр совет зауэлIхэмрэ тылым щылэжьа ди цIыхухэмрэ зихуэдэ щымыIэ лIыгъэрэ бэшэчагърэ къызэрагъэлъэгъуар зыщыдмыгъэгъупщэнырщ. Ди ТекIуэныгъэм дыщытепсэлъыхьын хуейри накъыгъэм и 9-м и закъуэкъым, ар сыт щыгъуи ди гущIагъщIэлъу щытыпхъэщ.
- Шал Мухьэмэд.