ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2023

IэмалыщIэхэм трагъащIэу

2023-05-04

  • «Кавказым инвестицэхэмкIэ и япэ гъэлъэгъуэныгъэ» зыфIаща зэхыхьэшхуэу Ставрополь крайм и Минводы къалэм щекIуэкIым хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгухэм я адрей Iэтащхьэхэр, къэралхэм я зэдай компаниехэм, щIалэгъуалэ, щIэныгъэ зэгухьэныгъэхэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Си хабзэубзыху жэрдэм» зэпеуэм  къыщыхэжаныкIахэр ягъэлъапIэ

2023-05-04

  • КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ къыщызэщIакъуэжащ «Си хабзэубзыху жэрдэм» урысейпсо щIалэгъуалэ зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм кърикIуар. ЗэIущIэм хэтащ щIалэгъуалэм я лэжьыгъэхэр къэзыпщыта депутатхэр: КъБР-м и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, зыужьыныгъэмрэ хьэрычэт IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Iэпщэ Заур, Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ комитетым и унафэщI Кривко Михаил, Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен, абы и къуэдзэ Безгодькэ Владимир, ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэ зыужьыныгъэмкIэ, хъыбарегъащIэ политикэмкIэ комитетым и унафэщI Къумал Заурбэч, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ комитетым хэт Пщыбий Светланэ сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

ФIым, дахагъэм къыхуреджэ

2023-05-04

  • ЩIэблэм ядэлэжьэным епха IэщIагъэхэр къыхэзых дэтхэнэми и гумрэ и псэмрэ и лэжьыгъэм етауэ щытын хуейщ. КъызэрыслъытэмкIэ, апхуэдэ IэщIагъэхэм я нэхъыщхьэщ егъэджакIуэр, сыту жыпIэмэ школым щекIуа-лIэ илъэсхэм къриубыдэу сабийм еубзыху и дуней еплъыкIэхэм, Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм, гупсысэхэм я нэхъыбапIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

ЩIэныгъэм хэлъхьэныгъэ  хуэзыщIахэр

2023-05-04

  • «ЩIэныгъэ къэхутэныгъэхэмрэ щымыIауэ къагупсыса IэрыкIхэмрэ я дуней телъыджэ» зыфIаща Iуэху Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ ЩIэныгъэ библиотекэм техникэ литературэмкIэ и къудамэм щрагъэкIуэкIащ. Ар ирагъэхьэлIащ ЩIэныгъэмрэ технологиемрэ я махуэ щыIэ зэрыхъурэ илъэсипщI зэрырикъур, апхуэдэуи ЦIыхум езым и губзыгъагъэкIэ къигъэщIыфым и дунейпсо махуэр (мэлыжьыхьым и 26-р) щагъэлъапIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЗэIущIэхэр

Мейкъуапэ щыщ ПэтIуащIэ Феликс

2023-05-04

  • Адыгэ дунейм щыцIэрыIуэ, адыгэ хъэтI зиIэ сурэтыщI цIэрыIуэ ПэтIуащIэ Феликс мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс    75-рэ ирокъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЦIыхухэр  зыщымыгъуазэ  пьесэ

2023-05-04

  • Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Ар теухуат КъБКъУ-м и филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, доцент Абазэ Албэчрэ студенткэ Ерыжокъуэ Азидэрэ зэдатха «Зарамук Кардангушев. Неизвестная пьеса «Андемиркан (Рождение и юность)» тхылъым (къыщыдэкIар Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэращ). Ар теухуащ КъардэнгъущI Зырамыку и гъащIэм, и гуащIэм, абы и IэдакъэщIэкI Iэрытхыу архивым къыщагъуэтыжа пьесэм. Тхыгъэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

2023-05-04

  • Дыжьынымрэ домбеякъымрэ къахь
  • Челябинск къалэм урысейпсо зэхьэзэхуэ дзюдомкIэ щекIуэкIащ, илъэс 18 нэхърэ мынэхъыжь щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хэту. Ар и фэеплъу щытащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Федоров Юрий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

ТекIуар  адэкIэ  мэкIуатэ

2023-05-04

  • Налшык къалэ дэт «Гладиатор» спорткомплексым мэлыжьыхьым и 29 — 30-хэм щекlуэкlащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм я спортсмен ныбжьыщIэхэм тхэквондомкlэ я зэпеуэ (ВТФ).

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт