|
Май, 2023
Дэтхэнэми зыхещIэ Хэкум зэрыщыщыр
2023-05-21
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Псыхуабэ щригъэкIуэкIа Лъэпкъ зэхущытыкIыныгъэхэмкIэ Советым и зэIущIэм икIи абы кърикIуахэм щытепсэлъыхьыжащ социальнэ сетхэм щиIэ и официальнэ каналым:
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Iэтащхьэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр
2023-05-21
- Си лъахэгъу лъапIэхэ!
- Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м дэ ди щыгъуэ махуэщ: Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я фэеплъ махуэщ.
- Ди щхьэр яхудогъэщхъ гущIэгъуншэ, лъыгъажэшхуэ зауэм зи гъащIэр къызэпиуда псоми я фэеплъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Дэтхэнэ адыгэри къыхузоджэ
2023-05-21
- Лъэпкъ къэс и махуэгъэпсым зы махуэ хэтщ, ар игу къыщыкIкIэ, гупсысэ куухэм хишэу, и щхьэрэ и жылэрэ къыхуихьахэр зэригъэгъэзахуэу, тхыдэм хихьэжа къэхъугъэм кърикIуахэм дерс къыхригъэхыу. Накъыгъэм и 21-р адыгэхэм я дежкIэ апхуэдэ зы махуэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум дегупсысу
2023-05-21
- Илъэси 159-рэ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, пащтыхьыдзэм Къуэбыдэ деж иужьрей топыр щигъэуауэ щытащ, адыгэщIыр къызэризэуам, илъэсищэм нэблагъэкIэ екIуэкIа лъыгъажэр зэрыувыIам и щыхьэту. А зауэр тхыдэм къыхэнами, абы кърикIуа Iуэхугъуэхэр щIэблэм гъэсэпэтхыдэ яхуэхъупхъэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
И хъыбарыр кIыхьщ икIи гуузщ
2023-05-21
- IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ КъардэнгъущI Зырамыку 1979 гъэм къыдигъэкIа «Адыгэ уэрэдыжьхэр» тхылъым ущрохьэлIэ «Лабэдэсхэм я гъыбзэ» хъыбарым и зы къэIуэтэкIэм. КъардэнгъущIым абы лъабжьэ хуищIа тхыгъэхэми нэгъуэщIхэми Интернетым дыщылъыхъуащ. ДызрихьэлIам я нэхъыбэр лъабжьэ куу зиIэу къэтлъытащ. А псоми я гугъу дымыщIми, КъардэнгъущIым ейм ехьэлIам, зымащIэкIэ ар абы къыщхьэщыкIми, зэрыхъукIэ кIэщIу дытепсэлъыхьынщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Адыгэм и гъащIэр Хэкужьым епхащ
2023-05-21
- Сыт хуэдэ лъэпкъри къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм щриплъэжкIэ, и гумрэ и псэмрэ нэхъ дыхьа, е нэхъ игу къеуа, зэман ипэкIэ иIа псэукIэм зезыгъэхъуэжа напэкIуэцIхэр къыхелъагъукIыж. Апхуэдэщ адыгэ лъэпкъымкIэ илъэс къэс хэдгъэунэхукI накъыгъэм и 21-р, ди гупсысэхэм къыхэна лъэхъэнэ къииныр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2023-05-21
- ХэкIыпIэхэр агъэфедэхэзэ IэпыIэгъу афэхъух
- ЖъоныгъуакIэм и 21-р шъыгъо-шIэжь мафэу щыт. Илъэси 159-кIэ узэкIэIэбэжьымэ, Кавказ заом ыпкъ къикIыкIэ тилъэпкъэгъу нэбгырэ мин пчъагъэхэм яхэгъэгу абгынагъ. Ащ фэдиз уахътэм IэкIыб хъугъэ адыгэхэм къагъэзэжьыныр лъэпкъ гупшысэу зыдаIыгъыгъ. 1998-рэ илъэсым ар къадэхъугъ ыкIи жъугъэу къэкIожьынхэу рагъэжьагъ. Ахэр Адыгэ Республикэм зихэку къэзыгъэзэжьыгъэхэр щыIэныгъэм хэгъэгъозэжьыгъэнхэмкIэ и Гупчэ апэ еуалIэх. Ащ ипащэу ГъукIэлI Асхьад тилъэпкъэгъухэм алъэныкъокIэ зэшIуахырэм фэгъэхьыгъэу гущыIэгъу тыфэхъугъ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2023-05-21
- Псыжьыщхьэ къыщыхута шапсыгъ къуэпс
- ЛIыщIыгъуэкIэ екIуэкIа зауэм и джэрпэджэжхэр зылъэмыIэса лъэпкъи, лIакъуи, Тхьэм ирещIи, Кавказ щIыналъэм къинакъым. А лъапсэрых зауэм и лъэужь фэеплъ къыщIэнахэм ящыщу адыгэ лIакъуэ куэдым къащIэна унагъуэцIэхэм Псыжь и сэмэгурабгъум адыгэхэм щызэрагъэпэщыжа къуажэхэм нэхъ ущрехьэлIэ. А унагъуэцIэхэр зезыхьэу щыта лIакъуэхэр Кавказ зауэм ипэкIэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэр иджы зэрыс хэгъэгум пэжыжьэу псэуащ. АтIэ, а къуажэхэм дэсщ Вапсынэ, Iэгуей, Мамхэгъ, Хьэтыкъуей, КIэмрыгу, Убых, Натхъуэ адыгэ лIакъуэцIэхэм къатехъукIа унэцIэхэр зезыхьэ адыгэхэмрэ абазэхэмрэ. Апхуэдэу Шапсыгъ уэркъышхуэ Абатэхэ я унэцIэр жылэ фIэщыгъэцIэу зезыхьэ Абатэ-Хьэблэ (Эрсакон) къуажэр Инжыджышхуэ псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм и бжьэпэм къыщыхутащ. АтIэ сытым къихьа ахэр шапсыгъ лIакъуэм пэжыжьэ, илъэс щэ бжыгъэкIэ нэгъуэщI адыгэ лIакъуэхэр щыпсэуа щIы кIапэм?
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Ди адэжьхэр щIэзэуар щIэблэм я мамырыгъэрщ
2023-05-21
- Сыт Кавказ зауэр къэхъеиным щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Дауэ зэрызиубгъуар? Сыт хуэдэу ди лъэпкъыр абы къызэрыхэщыр? А псом теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБКъУ-м этнологиемрэ КъБР-м ис лъэпкъхэм я тхыдэмкIэ, журналистикэмкIэ кафедрэм и унафэщI ТекIуий Мадинэ. Абы и псалъэм щIэдзапIэ хуэхъуащ зауэм ипэжыпIэкIэ узэреджэн хуей фIэщыгъэм теухуа гупсысэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Зауэжьым дызэрызэбгридзар
2023-05-21
- Хьэтхэм къатехъукIыжауэ, адыгэ лъэпкъ уардэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэмрэ Джылахъстэнеймрэ я зэхуакум дэлъ щIыналъэм къэралыгъуэшхуэу щыпсэуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. Адыгэ лъэпкъым и процент 95-р Урыс-Кавказ зауэжьым ихьауэ щытащ, зэтраукIами псэууэ къэнахэм ящыщ куэд дыдэ Хэкум залымыгъэкIэ ирашами. Абы и пэ къихуэу Адыгэ Хэкум цIыху мелуани 2 щыпсэуащ. 1763 — 1864 гъэхэм къриубыдэу ди лъэпэгъу мелуан 1,5-рэ яукIащ, ирашащ е емынэмрэ таломрэ яхьащ. Гуауэ зэрытщыхъущи, ираша адыгэр псори Тыркум нэсакъым: гъуэгу тету уз зэрыцIалэхэр къахыхьэри, абы илIыкIащ, тенджызым щIилъэфа кхъухьхэм исахэри мин бжыгъэкIэщ къызэрабжыр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Шэрджэс пщащэ Жаннет
2023-05-21
- (Хъыбар)
- Урыс-Кавказ зауэм и гуащIэгъуэт, бийм гущIэгъуншэу адыгэ къуажэхэр ягъэсырт. Апхуэдэ Iуэхухэм ящыщ зым полковник Малышевскэм и Iэблэм фочышэ къытохуэ. Гупым къахэуэр илъэс 12-м ит адыгэ хъыджэбз цIыкIут. Абы пкIэунэм зыщигъэпщкIуауэ дамэдазэ гуэрым къыдэукIырт. Хъыджэбз цIыкIум шэхэр къыхуишийуэ къыбгъэдэст илъэсипщIым ит и дэлъхур. Ахэр зылъэгъуа полковникым унафэ ещI тIури псэууэ къаубыдыну. ЩIалэ цIыкIур, губгъуэ бжэным хуэдэу, зы унащхьэм илъым, адрейм лъэурэ яIэщIэкIри щIэпхъуэжащ, ауэ и шыпхъур къаубыдащ. Ар мэз джэдум хуэдэу емылыджт, яIэщIэкIыжыну хэту зауэлIхэм ядэфыщIейрт. Джанэ щыгъыр, уигъэгужьейуэ лъы защIэт, хъыджэбзым уIэгъэ телъу къахуэгъуэтакъым (уIэгъэ хъуа гуэрым дэIэпыкъуауэ хуагъэфэщащ). Полковникым и унафэкIэ хъыджэбз цIыкIур япэ щIыкIэ къутырым яшащ, итIанэ, полковникым и щхьэгъусэр арэзы хъумэ, пщащэ тхьэIухудыр пхъууэ къащтэну я унэ ишащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
НэгъуэщIынэкIэ срегъэплъ
2023-05-21
- ЛIэщIыгъуэ псокIэ екIуэкIа Кавказ зауэжьым кърикIуа лъапсэрыхым зэи зыкIи пхуэмыгъэнщIыжыну жыхуаIэм хуэдэу игъэмэщIат ди лъэпкъыр — цIыхуипщIым щыщу бгъур а зауэм ихьащ, КIахэм щыпсэу адыгэ лъэпкъ зыбжанэ дэкIуэдыпащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жылагъуэ
Лъэхъэнэ хьэлъэм пхрыкIыфахэр
2023-05-21
- Сыт хуэдэ лъэпкъми иIащ зэман гугъухэр, шынагъуэхэр. Ауэ абыхэм пхрыкIыфам дунейм увыпIэ щхьэхуэ щигъуэтащ. Ди лъэпкъым ихъумащ и Адыгэ Хабзэр, Адыгэбзэр, Адыгагъэр икIи дэтхэнэ ди япэ ита нэхъыжь зым дежкIи лъапIэщ ахэр. Адыгэр тенджыз ФIыцIэм щызэпрашым и гугъакъым абы и лъахэ илъагъужыну. АрщхьэкIэ лъэпкъ уардэм и щIэблэр абыи къызэпрыкIыжыфащ, и Хэкум и фэеплъу ихъума хъугъуэфIыгъуэхэри (адыгэ хьэпшыпхэр) къызэпришыжыфащ. Апхуэдэхэм ящыщщ республикэм къэзыгъэзэжауэ илъэс куэд щIауэ щыпсэу, «Адыгэ унэ» тыкуэныр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Адыгэ бзылъхугъэщ фэрэкIым япэу текIуар
2023-05-21
- «Сыт хуэдиз фIыщIэ хуэтщIын хуей дэ япэу фэрэкI зыхэзылъхьэну тегушхуауэ щыта адыгэ бзылъхугъэм! Сыт хуэдиз сабий ажалым и Iэ щIыIэм къыIэщIиха абы и Iэмалым! Дуней псом абы хуищIа Iуэхутхьэбзэм хуэфэщэн зы ордени щыIэкъым!» Франджы усакIуэ, тхакIуэ, гупсысакIуэ Гельвеций Клод итхауэ щыта мы псалъэхэр тетщ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыщ Хьэбэз къуажэм дэт зы фэеплъым. Ар дуней псом япэ дыдэу фэрэкI узым щытекIуауэ щыта адыгэ бзылъхугъэм ейщ!
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|