ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Абы   нэхъыщхьэ  щыIэкъым

2018-10-13

  • 2005 гъэм  жэпуэгъуэм и 13 — 14-хэм  Налшык къыщыхъуахэм ятеухуауэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм ящыщ куэдым зэи ящыгъупщэжынукъым а махуитIыр. Пэжщ, ахэр дыгъэпсу, уи гур хьэуа къабзэм зыIэпишэу щытащ, арщхьэкIэ дэрэжэгъуэ псори пIэпигъэхурт адэкIэ-мыдэкIэ къыщылъалъэ автоматышэхэм. Щыхьэрыр Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хыхьэжа хуэдэт.

  • Дэ, сыт щыгъуи хуэдэу, ди лэжьапIэм и чэзум декIуэлIат. ЗанщIэу зэхыдох къэхъуар: боевикхэр щыхьэрым и хабзэхъумэ IэнатIэхэм ятеуащ. Зэхэтха къудейкъым, атIэ зэхэуэхэр ди нэхэмкIи тлъэгъуащ: Печатым и унэм и щхьэгъубжэхэм уакъыдэплъмэ, плъагъурт Абхъазым и утыкум и адрей лъэныкъуэмкIэ Iут мэз гуэрэн цIыкIум зэрыщызэзауэр. Лениным и проспектыр зэхуащIат, цIыхуи автомашини ирамыгъакIуэу. Уэрамым дэт цIыхухэр псынщIэу «Оазис» тыкуэнышхуэмкIэ зэрыхьащ, нэхъ жыджэрхэр нэхъ лъэрымыхьхэм ядэIэпыкъуу. Ауэрэ къэтщIащ зэхэуэхэр Налшык и щIыпIэ зыбжанэм зэрыщекIуэкIыр.
  • Сытыт атIэ лъыгъажэр къызыхэкIар? Ар, дауи, щхьэтечу къыщыдгурыIуар иужькIэщ: ислъамым и унэтIыныгъэ ткIийм тетхэр хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм IэщэкIэ ятеуат, иужьрейхэм муслъымэн диныр хаутэу къалъытэри. АрщхьэкIэ апхуэдиз къаугъэшхуэ абы къыщIикIын щыIакъым. Пэжщ, иужькIэ сэтей къэхъуауэ щытащ языныкъуэ хабзэхъумэхэм мыбдеж зэрыщрагъэлеяр. Ауэ ар мамыру бгъэзэкIуэж хъуну Iуэхут…
  • Дауи, апхуэдэ мыарэзыныгъэр ди республикэми нэгъуэщI щIыналъэхэми къыщызыгъэсэбэпыну хуейхэр къыкъуэкIащ: апхуэдэ Iэмал абыхэм благъэкIынт?! ЩIалэхэр къызэщIагъэстащ. Ахэр IэщэкIэ зэщIаузэдэн папщIэ ахъши къыкъуэкIащ. Мис аращ а зи гугъу тщIыж махуитIым къэхъуахэр къызыхэкIар.
  • … Печатым и унэм и ебгъуанэ къатым дытетт, щхьэгъубжэхэмкIэ дыкъыдэплъу. Нэхъ жыжьэIуэ хъуами, шэ фий макъхэр зэхэтхырт. Зыгуэрым къыджиIащ щхьэгъубжэхэм дыIутыну зэрышынагъуэр. АрщхьэкIэ къытфIэIуэхуакъым, иужькIэ белджылы хъуащ ар ипэжыпIэкIэ шынагъуэу зэрыщытар. «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редакцэм и секретариатым и щхьэгъу-
  • бжэм дэкIри, автоматышэ бжэблыпкъым пхыкIат. Секретариатым щIэса ди ныбжьэгъужь Мечиев Хьэдис лажьэ екIакъым. АрщхьэкIэ лъэныкъуитIми щымыщ цIыху зыбжанэ хэкIуэдащ а махуитIым. Дэ и гугъу тщIыххэнкъым милицэм и лэжьакIуэхэу хабзэр яхъумэу зи псэр зытахэм я бжыгъэм. Дауи, фIы щIахакъым къатеуахэм. Апхуэдэу зэрыщытынури гурыIуэгъуэт. Иджыри къэс гъущыжыркъым фIы зигу имылъхэм ягъэжакъуэу хэкIуэда абыхэм я адэ-анэхэм щIагъэж нэпсыр.
  • А махуитIым Налшык щекIуэкIахэр дуней псом щызэлъащIысащ. ЩIыпIэ-щIыпIэхэм къипсэлъыкIырт къэпIейтея ди лъэпкъэгъухэр. СурэтыщIхэу Шемякин (Къардэн) Михаилрэ КIыщ Мухьэдин- рэ США-мрэ Испанием- рэ къипсэлъыкIащ гузавэу.
  • БлэкIар блэкIащ. Дэ къытхуэнэжыр абы дерс къыхэтхынырщ икIи, апхуэдэ дяпэкIэ къэмыхъун папщIэ тхузэфIэкI псори длэжьынырщ. ИкIэм-икIэжым иужьрей удыныр икIи нэхъ хьэлъэр зытехуэр езы лъэпкъырщ.
  • Дэ сыт щыгъуи дыхущIэкъун хуейщ дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным. Абы нэхъыщхьэ щыIэкъым.
  • ШАЛ Мухьэмэд.