Жыжьэ къыщожьэ
2019-12-07
- Дыгъэгъазэм и 9-р Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэщ
- Зи гугъу тщIы махуэшхуэр УФ-м и Къэрал Думэм къыщищтар 2007 гъэм щIышылэм и 26-рщ. Абы и унафэм къыщыгъэлъэгъуат: «Дэ ди япэ итахэм я фэеплъыр дгъэлъапIэ къудейкъым, атIэ Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу, Урысей Федерацэм и ЛIыхъужьхэу, Георгий Щихъым и орденымрэ ЩIыхь орденымрэ зыхуагъэфэщахэу мы зэманым псэухэми я пщIэр къыдоIэт». 2007 гъэм мазаем и 28-м Президент Путин Владимир Iэ тридза иужь, Федеральнэ законым къару игъуэтащ.
-
- ЗЭ ЕПЛЪЫГЪУЭКIЭ ныбжьышхуэ иIэ хуэдэкъым, арщхьэкIэ а гуфIэгъуэм и лъабжьэр жыжьэ къыщожьэ. 1769 гъэм урысей пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм игъэуващ империем и дамыгъэ нэхъыщхьэр — Георгий Щихъым и орденыр. АбыкIэ ягъэпажэрт лIыгъэшхуэ зезыхьа зауэлIхэр. Орденым нагъыщиплI иIэт.
- 1917 гъэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэм иужькIэ махуэшхуэри орденри щыIэжакъым. Иджы, мис, ди гъащIэм къыхыхьэжащ. Ар ди дежкIэ хуабжьу гуапэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэхэм яхэтщ а дамыгъэ лъапIэр зыхуагъэфэща куэд.
- ТхыдэмкIэ щыдгъэзэжакIэ, я цIэ къитIуэнщ абыхэм ящыщ зыбжанэм, Урысей къэралыгъуэр зэфIэгъэувэным къыпхуэмылъытэн хуэдиз хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм. Мыбдежым а псоми я гугъу щытхуэщIынкъым, ауэ къыхэдгъэщхьэхукIынщ япэ урысей генералиссимус Черкасский Михаил, император Пётр Езанэр нэгъуэщI къэралхэм щыкIуэкIэ езым и пIэкIэ къигъанэу щытар, Черкасскэхэ Иванрэ Яковрэ, Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и къулыкъур зыIыгъахэр, дзэзешэ цIэрыIуэхэр — Ушаков Фёдор, адмиралыр, тенджыз зэхэуэ 38-м щытекIуар, полковник хахуэ ХьэтIэхъущокъуэ Исмел-Псыгъуэ, генерал-майорхэу Анзор Мудар, Хьэгъундокъуэ Едыдж, Бекович-Черкасский Тембот, генерал-лейтенант Уэлэгъей Сергей, Георгий сэлэт жорхэм я кавалерхэу Бицу Ахьмэд, Джэтауэ Уэлий, Къуэгъулъкъуэ Мысост, ХьэпцIэ Берд, Анзор Пщымахуэ, Астемыр Дэхъушокъуэ, Ахъуэхъу Кушбий, Бэждыгъу ТIитIэ, Джэрым Мусэ, Дыкъуэ Хьэзешэ, Инарокъуэ Алий, Тхьэзэплъ Исмэхьил, Хьэмыкъуэ Зэчрей, Тамбий Исмэхьил, Байзэт-Джэрий СулътIан, ПэщIэшхуэ Увжыкъуэ, Къэблахъуэ Джэмалбий, Щхьэлахъуэ Рэмэзан сымэ.
- СССР-м и лъэхъэнэм нэхъ пщIэшхуэ дыдэ зыпылъу щытащ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. Псори зэхэту Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр фIащащ цIыху мин 12-рэ 772-м.
- 1992 гъэ лъандэрэ ди къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэщ «Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. АбыкIэ ягъэпажэ я пщэ далъхьа къалэнхэр щагъэзащIэм хахуагъэ зезыхьахэр. Апхуэдэу къагъэщIэрэщIэжащ Георгий Щихъым и орденри. Урысей Федерацэм щыяпэу а дамыгъэр 2008 гъэм генерал-полковник Макаров Сергей иратауэ щытащ.
- ИЛЪЭС къэс дыгъэгъазэ мазэм Кремлым и Георгий пэшым щрагъэблагъэ Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я ЛIыхъужьхэр, апхуэдэуи ЩIыхь орденымрэ Георгий Щихъым и орденымрэ зыхуагъэфэщахэр. Езыгъэблагъэр Урысей Федерацэм и Президент, УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда я Къарухэм я УнафэщI нэхъыщхьэ Путин Владимирщ.
- ГуфIэгъуэр Iэтауэ къэрал псом щагъэлъапIэ. Абы егъэщIылIа зэхуэсхэр щокIуэкI дзэ-хэкупсэ клуб зэмылIэужьыгъуэхэм, щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэм. Махуэшхуэр ягъэдахэ абы и щIыхькIэ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щат концертхэм.
-
- ШАЛ Мухьэмэд.