Зэкъуэтыныгъэм гугъапIэфI къыдет
2020-09-01
- Езым и къэралыгъуэ иIэжыну щIэмыхъуэпс зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ Бгырыс автономнэ республикэм щыхэтам къыщыщIедзэ а хъуэпсапIэр. ЛъэпкъитIым ящыщу адыгэхэм япэу къагъэлъэгъуащ къэралыгъуэ щхьэхуэу щытыну зэрыхуейр. Къэбэрдей большевикхэм я Iэтащхьэ Къалмыкъ БетIал я па-шэу, адыгэхэм къагъэуващ Бгырыс автономнэ республикэм къыхэкIыжыным и Iуэхур. Ар ядиIыгъащ а зэманым Налшык зыщызыгъэпсэхуа Сталин Иосиф.
- Апхуэдэ щIыкIэкIэ, 1921 гъэм фокIадэм и 1-м РСФСР-м и ВЦИК-м и декреткIэ Къэбэрдей автоном-нэ областыр къызэрагъэпэщащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым и мазаем апхуэдэ дыдэу балъкъэрхэри зи гугъу тщIы республикэм къыхэкIыжащ икIи ди щIыналъэр Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ область хъуащ, я къалащхьэри я дамыгъэри зыуэ.
- Тхыдэм къигъэлъэгъуащ дяпэ итахэм яча лъэбакъуэм мыхьэнэшхуэ иIэу зэрыщытар. Щхьэхуэ хъуа щIыналъэр зыужьыныгъэм и гъуэгум лъэщу теуващ. Ди областым, 1936 гъэм и ужькIэ республикэ хъуам, щаухуащ Кавказ Ищхъэрэ псом къыпэхъун имыт IуэхущIапIэ инхэр — Налшык лы комбинатыр, чырбыш заводыр, нэгъуэщIхэри. Социалист ухуэныгъэм къыщихьа ехъулIэныгъэшхуэхэм я фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр автономнэ областым 1931 гъэм Ленин орденыр япэу къратащ, 1957 гъэм етIуанэу къыхуагъэфэщащ а дамыгъэ лъапIэр. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ езыхэм я хабзэубзыху, гъэзэщIакIуэ органхэр зиIэ къэралыгъуэ зэрыхъуарщ.
- Куэдт а лъэхъэнэм лъэпкъитIым Iэмалу къахукъуэкIар. Ди япэ итахэм зэман кIэщIым къриубыдэу яхузэфIэкIащ щIэныгъэншагъэр ягъэкIуэдын. АдыгэбзэкIэ дунейм къытехьэу хуежьащ тхылъхэмрэ газетхэмрэ. Дуней псом адыгэу тетыр зыгъэгушхуэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къэунэхуащ, Бахъсэн ГЭС-р яухуащ. ЕужьэрэкIыу зызыужь лъахэр иджы КъБАССР-у зэрахъуэкIащ, абы къыхэкIыуи я хуитыныгъэхэр нэхъыбэ хъуащ.
- Апхуэдэу екIуэкIыурэ, къэралым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал суверенитетым и декларацэр къащтащ 1991 гъэм икIи ди хэкур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ хъуащ. 1997 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэр щIэуэ къащтащ икIи абы щIигъэбыдащ, зыужьыныгъэм и демократие гъуэгур къыхахри, Урысей Федерацэ зэкъуэтым хэту, зыужьыныгъэр я плъапIэу псэуну зэрамурадыр. Сыт и лъэныкъуэкIи зэпэлъыта къэрал лъэпкъ политикэ егъэкIуэкIынращ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зытетыр.
- Нобэ зи нып, гимн, Конституцэ, Iэтащхьэ, Парламент, Правительствэ зиIэж ди лъахэ дахэр Урысей Федерацэм и субъект нэхъыфIу зызыужьхэм ящыщу къогъуэгурыкIуэ. Ди республикэ унафэщIхэр пылъщ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, узыншагъэм щыкIэлъыплъ медицинэ IэнатIэм зегъэужьыным, хьэрычэтыщIэхэмрэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъун мылъку къахузэщIэгъэуIуэным, лъэпкъхэм я хабзэмрэ лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ зэхэтыкIэ екIумрэ хъумэным, проектышхуэхэр гъэзэщIэным. Мэкъумэш IэнатIэми зиужь зэпытщ — IуэхущIапIэхэр къызэрагъэпэщ, щыIэхэр ирагъэфIакIуэ. Мыхьэнэшхуэ ират фейдэ къызыпэкIуэ инвестицэ проектхэм. Экономикэ, туризм, спорт, егъэджэныгъэ, нэгъуэщI IэнатIэхэм зэманым декIуу заужь, технологиещIэхэр къыщагъэсэбэп. Ди къалэхэмрэ къуажэхэмрэ махуэ къэс гъуэгущIэхэр, школхэр, сабий IыгъыпIэхэр, спорт IуэхущIапIэхэр, поликлиникэхэр, сымаджэщхэр къыщызэIуах. Нэхъыщхьэращи, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмрэ мамырыгъэмрэ гъэбыдэным, дин зэ-хуэмыдэхэр зезыхьэхэр зэгурыгъэIуэным теухуауэ куэд дыдэ щалэжь.
- Ди лъахэм и щыIэкIэ-псэукIэр нобэ куэдым я дежкIэ щапхъэщ. Тхыдэ къулей зиIэ, цIыху цIэрыIуэ куэдым я адэжь хэку Къэбэрдей-Балъкъэрым хэлъхьэныгъэ инхэр хуищI зэпытщ къэралым и тхыдэми, щэнхабзэми. Ар лъэпкъищэм нэблагъэм я хэкужьщ. Адыгэ, балъкъэр, урыс, нэгъуэщI лъэпкъ зэхэгъэж къемыкIуэкIыу, республикэм нобэ шэщIауэ зеужь, зрихьэлIэ лъэпощхьэпохэр къызэринэкIыу.
- Дуней псор щытыкIэ гугъу щихуа ди лъэхъэнэм гугъапIэфI къыдэзытыр лъэпкъ зэкъуэтыныгъэмрэ унафэщI Iущхэм ирагъэкIуэкI политикэ захуэмрэщ. Дэ ди фIэщ мэхъу зыужьыныгъэ къэзышэ IэнатIэхэм я лъэр екIуэкI щытыкIэм щIимыуду гугъуехьым дыкъыхэкIыну, адэкIи экономикэ зызыужьарэ псэукIэ зэIузэпэщрэ зиIэ щIыналъэу куэдрэ дыпсэуну.
- НэщIэпыджэ Замирэ.