Ныбжьышхуэ имыIэми, и мыхьэнэр инщ
2021-06-11
- Дэтхэнэ зэманми щIэ гуэрхэр къегъэщI. Апхуэдэщ илъэс къэс ди къэралым щагъэлъапIэ мэкъуауэгъуэм и 12-р. А махуэм Урысейм и гъащIэм увыпIэшхуэ щиубыдащ.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, 1990 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м РСФСР-м и ЦIыхубэ депутатхэм я япэ съездыр екIуэкIащ. Зыкъомрэ тепсэлъыхьа иужь, абы къыщащтащ Урысейм и Къэрал суверенитетым теухуа декларацэр. Абы псом япэ иригъэщырт Урысейм и Конституцэмрэ абы щыубзыхуа хабзэхэмрэ. А зэманым ирихьэлIэу Совет Союзым и республикэ куэдым езыхэм я суверенитет ягъэувати, мыбы зыпэмыплъа гуэри хэлътэкъым. Абдеж республикэм и цIэм зыщихъуэжащ — ар Урысей Федерацэ (Урысей) хъуащ. Ауэ а мэкъуауэгъуэм и 12-м иужькIэ УФ-м и тхыдэм и дежкIэ мыхьэнэ ин зиIэ Iуэхухэр къыщыунэхуащ. Зы илъэс дэкIри, 1991 гъэм а махуэм тхыдэм щыяпэу Урысейм IэIэткIэ щыхахащ Президентыр. ЗэрытщIэжщи, хэхыныгъэхэм щытекIуат Ельцин Борис. IуэхугъуэщIэр хэмыгъуэщэн папщIэ, абы 1994 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м къыдигъэкIа Указ №1113-м ипкъ иткIэ мэкъуауэгъуэм и 12-р Урысей Федерацэм и Къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къыщащта махуэу ягъэуващ. ИужькIэ, кIэщIу къапсэлъын папщIэ, абы еджэу хуежьащ «хамэ унафэ къыщыщIэкIа махуэкIэ».
- Пэжщ, абы щыгъуэм цIыху мелуан куэдым къагурыIуакъым ар къэрал гуфIэгъуэ нэхъыщхьэу щытын щIыхуейр. Ахэр щIэупщIэрт: Урысейр щхьэхуит хъун хуэдэу, хэт зи унафэ щIэтар? ИкIи жэуап иратыфыртэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, монгол-тэтэрхэм я ужькIэ Урысейр зыгуэрым иубыдауэ е и унафэ щIэтауэ къахуэщIэжыртэкъым икIи мыр политикэ Iуэхум нэхъ хуэкIуэрт. Дауи, щыгуфIыкIащ щымылажьэ махуэщIэ къызэрыунэхуам: хэт зигъэпсэхуну зи жагъуэр? Ауэ абы къыфIэкIакъым.
- Езым игъэува гуфIэгъуэр иIэту 1998 гъэм къыщыпсалъэм, Ельцин Борис мэкъуауэгъуэм и 12-м и пщIэм хигъэхъуэн мурадкIэ къыхилъхьащ ар Урысейм и Махуэу ягъэлъэпIэну. Апхуэдэуи ящIащ 2002 гъэм мазаем и 1-м, а унафэм Iэ щIэзы-дзар УФ-м и ПрезидентыщIэ Путин Владимирщ.
- ИпэIуэкIэ, Урысейм и Къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къыщащта махуэм и щIыхькIэ, 2001 гъэм Кремлым щрагъэблэгъахэм я пащхьэм къыщыщыпсалъэм, Путин Владимир жиIауэ щытащ: «Мы дэфтэрым ди тхыдэщIэр къызэIуихащ. ЦIыхум и хуитыныгъэхэм, законыр япэ игъэщыным тещIыхьа демократие къэралым и тхыдэщIэ. Абы и купщIэ нэхъыщхьэщ цIыхухэм я ехъулIэныгъэр, я псэукIэфIыр, я узыншагъэр».
- Зэрытлъагъущи, мурад дахэт. Пэжщ, абыхэм ящыщ куэд ди къэралым къемыхъулIэу къэнащ. Ауэ илъэс 30-р сыт хуэдэ пщалъэхэмкIи пIалъэ кIэщIщ. Аращи, ди гугъапIэхэр зэтхьэлIэр къэкIуэнурщ.
- Хабзэ зэрыхъуащи, мэкъуауэгъуэм и 12-м Урысейм и къалэ псоми гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щокIуэкI. Абыхэм хэтщ жьыри щIэри. А махуэм ехъулIэу Урысейм и Президентым УФ-м и Къэрал саугъэтхэр яритынущ зыхуагъэфэщахэм, Москва и Утыку Плъыжьым гуфIэгъуэр щаIэтынущ. КIуэ пэтми, къэралым и гуфIэгъуэ нэхъыщхьэм тхыдэм езым хухиха увыпIэр еубыдыж.
- Шал Мухьэмэд,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель